Къуажэм дэлъа хабзэхэрЩIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр щIэгъэкъуэнышхуэ тхуэхъунущ ди бзэр, хабзэр, щэнхабзэр иджырей щIэблэм едгъэщIэным теухуауэ. Тхылъым и зы Iыхьэ «Къуажэм дэлъа хабзэхэр» жыхуиIэм къыхэтха пычыгъуэм фыщыдгъэгъуэзэнщ. Псом япэрауэ жыIапхъэу къыщIэкIынщ адыгэ къуажэхэр псы ежэхым е псынэхэм етIысылIэу зэрыщытар. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ къуажэ тIысыкIэр адрей лъэпкъхэм къащхьэщыкIыркъым. Псыр здэжэмкIэ уи гупэр гъэзауэ уувмэ, Iэмал абы иIэу щытмэ, и ижьырабгъу лъэныкъуэр къыхахырт, ар губгъуэрыс жылэу щытмэ. ЖьэгъущIэсхэм е къуршым исхэм а хабзэр апхуэдизу ягъэзащIэртэкъым, сыту жыпIэмэ, псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр нэхъ гуилъэсыкIыу, ижьырабгъу лъэныкъуэр нэхъ ныджэу къанэу зэрыщытыр арат, къуршыпсыр къиукIэ зы Iуфэр нэхъ щIилъэсыкIыу хугуэгъэуртэкъым. ИтIанэми губгъуэрысти, жьэгъущIэсти, хьэмэрэ къуршым исти жамыIэу, адыгэхэм нэхъ къащтэу щытащ псым и ижьырабгъу лъэныкъуэр, Iэ ижькIэ, Iэ гупэкIэ пэгуныр къибгъахъуэ хъууэ, жаIэуурэ. Жылэр зэтIысэкIар хэту щытми, абы и нэхъыбапIэм къуажэпщкIэ еджэрт, икIи а къуажэм а лIым и цIэр е и унагъуэцIэр зэрихьэрт. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэпщ зыдэс къуажэмрэ беслъэн уэркъым е пщыкIэум и къуажэмрэ зэи зэщхь хъуртэкъым. Зэрыхабзэти, ахэр я цIыхур я гъусэу, пщым е лIэкъулIэш гуэрым и унафэм щIэтт, уэркътын жыхуаIэу щытамкIэ зэпыщIауэ, икIи абы я Iизыншэу Iуэхушхуэ гуэр и унафэ я къуажэ щащIыну хуиттэкъым. Къуажэм хыхьэ хьэблэхэр зэрылъху-зэрыпIу, зэIыхьлыуэ, зэунэкъуэщу зэбгъэдэст, зы унагъуэцIэ зэрахьэу, лъэпкъым я нэхъыжь яIэу. Къуажэ гъащIэм зэлымыгъэ хэзагъэртэкъым. Ар екIуэкIырт пщэдджыжьым дыгъэр къызэрыкъуэкIым, пщыхьэщхьэм зэрыкъухьэжым ещхьу, къуалэбзухэр нэхущым дэушэу, пшапэр зэхэуа иужькIэ дэсабрыжу зэрыщытым хуэдэу, лэжьыгъэмрэ псэхуныгъэмрэ я гъащIэр теухуауэ, я Iуэхур абы тету. Псым хэлъ мывитI пэтрэ зонтIэIур, жаIэ. Шэч хэмылъу, къуажэхэми хьэблэхэми къыдэхъуэу щытагъэнщ зыгуэрхэр зэфIэнэу, зэзауэу, яукI къыщыхэхуэри щыIэу. Абыхэм и деж Iуэхур зэхагъэкIыну лIыжь губзыгъэхэр хыхьэрт. Шэджэм ЕтIуанэм щыщ КIарэ Дохъущыкъуэ абы медаткIэ еджащ. Ар латин псалъэ медиацэ жыхуаIэм къытекIагъэнущ. Ауэ нэхъыщхьэр ар адыгэхэм я деж къызэрыкIуаркъым, атIэ и мыхьэнэр зэригъэзащIэрщ. Медатым хэтхэм Iуэхур зэхагъэкIыхукIэ, псом япэрауэ, зэбий хъуахэм уэрамхэр хуагуэшырт: фэ мобыкIэ фыщызекIуэ, модрейхэр модреймкIэ щызекIуэнщ, жаIэрти. Апхуэдэу хаха нэхъыжьхэм нэфIней лъэпкъ зэрахьэртэкъым. АбыкIэ езыхэм я щхьэкIэ тхьэ зэхуаIуэжырт, абы зэрепцIыжын фIыгъуэрэ Iулъхьэрэ дунейм теттэкъым. ЩIэпхъаджэр апхуэдизу ущIэгузэвэну щымытмэ, нэхъыжьхэм къуаншагъэ зыщIам и лъэпкъым я нэхъыжьхэм хьэкъ щащIырт, дяпэкIэ зыгуэру зыкъыщIагъахуэмэ, щысхь щымыIэну. Хьэлэбэлыкъым зыгуэр хэкIуэдамэ, уIэгъэ щыхъуамэ, къуаншэм лъы уасэ ирагъэтырт, яукIам балигъ мыхъуа сабий иIэмэ, ахэр къызэфIэувэхукIэ защIигъэкъуэну, зыхуей щимыгъэщIэну къалэну хуагъэувырт. Зыгуэрым и зэранкIэ зым и къупщхьэ къутамэ, ар зи зэраным и пщэ дэхуэрт щIэпщакIуэ къызэригъэпэщыну, сымаджэр хъужыхункIэ, пхъэкIи псыкIи зэрыжаIэу абы и унагъуэм защ1игъэкъуэну.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 11:21 →
Тхьэхэмрэ нартхэмрэ
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
| ||




