ЦIыху гуапэ

ФIым хущIэкъур, фIым хуозэ. Апхуэдэ   цIыхум уэри къару къыпхилъхьэу къыпфIощI. Нобэ фэзгъэцIыхунур апхуэдэущ сэ зэры­зыхэсщIар.
Тырныауз къалэм къыщалъхуа, Ленинград областым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и кол­ле­джыр къэзыуха, зи Iэзагъэм онлайн курскIэ хэ­зыгъэхъуа, жиIэ уэрэдхэм я нэхъыбэр зи Iэдакъэ къыщIэкIыжа Шэрхъ Любэ тедгъэп­сэлъыхьащ и гъащIэм, и лэжьыгъэм. 

- Дэтхэнэ зы цIыхуми къежьапIэ зырызыххэ ди­Iэщ. Сызэрысабийрэ сфIэфIщ уэрэд жы­Iэныр. Тырныауз къалэ уэрэд жыIэкIэм щыхуа­гъасэу дэт школым сыщеджащ, дыздашэ зэпеуэ­хэм япэ увы­пIэхэр къыщысхьу. 
Сытым щыгъуи гъуазджэм сыпыщIауэ сыкъо­гъуэ­гурыкIуэ. Си адэмрэ, си дэлъхумрэ уэрэд жы­Iэныр я жагъуэтэкъым. Ди адэ Алихъан уэрэдыжь­хэр зыпищI щыIэтэкъым.  ПщыхьэщхьэкIэрэ уна­гъуэм быныр дызэхуэсыжамэ, дзапэ уэрэд   къы­хидзэрти, си дэлъху нэхъыжьым сэрэ абы ды­­дежьурт. Ар усэ къытхуе­джэрт, псынщIэрып­салъэхэр адыгэбзэкIи уры­сыб­зэкIи жыдигъэIэрт, цIыкIухэр псалъэжькIэ ды­зэпригъауэрт, текIуам зыгуэрхэр къытхуищэхурт. Дэри ар ди гурыфIы­гъуэти, яужь дитт нэхъыбэ зэрызэдгъэщIэным.
АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи уэрэд жызоIэ, уэрэдхэм щIэлъ усэхэр сотх, ауэ нэхъыбэр урысыбзэщ ­зэ­­рыстхыр, сызыщIэса школым адыгэбзэкIэ ды­­- зэ­­рыщемыджам къыхэкIыу. Ар хуабжьу си гум ­къоуэ. 
СфIэфIщ цIыхум и гуапэ сщIыну. ПсапащIэ ­фондхэм илъэс куэд хъуауэ садолажьэ. Абыхэм я цIэр къыхэзгъэщыну сыхуейт: «Мечты сбываются» зи фIэщыгъэ фондым и унафэщIыр Магомедовэ ФатIимэщ (Налшык къалэ), «Спешите делать добро» жыхуиIэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием щыщ ­Хабаев Хандзэрифэщ. Сабий сымаджэхэм я Iуэ-хум теухуа концертхэр гуп дызэрогъэхъури къызыдогъэпэщ. Абы къыхэкI мылъкур фондым и уна­фэщIхэм Iэрагъэхьэ зыкъыхуэзыгъэза цIыхум. 
«Адыгэ псалъэм» щылажьэхэм фIыщIэ фхуэс­щIыну сыхуейщ гулъытэ къызэрысхуэфщIам папщIэ. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фи редакцэм сыкъеблэгъащ. Сынывохъуэхъу цIыху куэд къыфхуеблагъэу, фи щIыхьыр мыкIуэщIу, лъэп­къым фхузэфIэкI хуэфщIэу гупыр фызэдэлэжьэну! 
Дэри Шэрхъ Любэ дохъуэхъу и мурадхэр къе­хъулIэну! 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.

Поделиться: