Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Сыбырымрэ зэпащIэ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым  мы махуэхэм щыIэщ Иркутск щIыналъэм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр зи пашэ гупым.

ЛIыкIуэхэм яхэтщ Иркутск щIы­налъэм и Хабзэубзыху Зэ­хуэсым ЩIыуэпсыр къэгъэ­сэ­бэпыным, экологием, мэ­къу­мэш IэнатIэм епха законода­тельст­вэмкIэ и комитетым и унафэщI Гомбоев Сергей, абы и къуэдзэ Крыжановская Еленэ, Хабзэубзыху Зэхуэсым и Аппаратым и унафэщI Леньшинэ Иринэ, Парламентхэм я зэ­пыщIэныгъэм елэжь къудамэм и унафэщI Серёдкинэ Ольгэ, Аппаратым и IуэхухэмкIэ управленэм и унафэщI Медведев Сергей сымэ.
Хабзэубзыхухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуэкIэ къэкIуащ - Иркутск щIыналъэм и Хабзэубзыху ­Зэ­хуэсымрэ КъБР-м и Парламентымрэ зэрызэдэлэжьэну зэгу­рыIуэныгъэм Iэ щIадзыну. Псом япэу депутатхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ягъэувауэ щыта «ИгъащIэкIэ Урысейм и гъусэу» фэеплъым. 
КъыкIэлъыкIуэу хьэщIэ­хэмрэ бысымхэмрэ щызэIущIащ ­КъБР-м и хабзэубзыху IуэхущIапIэм. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэм я цIэкIэ Иркутск щIыналъэм и лIыкIуэхэм гуапэу фIэхъус ярихащ.
- Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым ди зэгурыIуэныгъэм Iэ зэрыщIэддзым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Иркутск областыр Сыбырым и щIы­налъэ нэхъ пажэхэм, про­мышленностымкIэ ипэ итхэм ящыщщ, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ. - Дунейр зэры­щыткIийм емылъытауэ, дыщыгъуазэщ иужьрей зэманым абы мэкъумэш IэнатIэми щIэгъэ­хуэб­жьауэ зэрызыщрагъэу­жьым, щIыналъэм энергетикэ IуэхущIапIэ лъэщ зэриIэм. Ди щIыналъэхэр зэпэжыжьэми, ды­зэрызэдэлэжьэфыну Iуэхугъуэхэр мащIэкъым. Псалъэм пап­щIэ, щIэупщIэшхуэ зиIэ щIы­­пIэхэр тIуми диIэщ: Иркутск щIыналъэм - Байкал гуэлыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым - Iуа­щ­хьэмахуэ бгыр. Аращи, ту­ризмэм зегъэужьынымкIэ ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ дызэчэнджэщын хуейуэ къызолъытэ. Къыхэзгъэщынут дэри Урысейм нэхъ куу дыдэхэм хаб­жэ Гуэл ЩхъуантIэхэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым зэрыди­Iэр. Гъэ­щIэгъуэнракъэ, Байкал гуэлым и ужькIэ и куууагъкIэ ар етIуанэу къалъытэ икIи зи дахагъэкIэ зыми хуамыгъадэ гуэлитхум хохьэ. ЖысIэнуращи, ди щIыналъэхэр туризм и лъэныкъуэкIи, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, спорт жыпIэми, нэгъуэщI IэнатIэхэрами дызэ­рызэдэлэжьэн я куэдщ. А Iуэхугъуэ псори хабзэкIэ къызэгъэ­пэщыныр, дауи, елъытащ щIыналъэ парламентхэм я зэ­­дэ­лэжьэкIэм. Шэч хэмылъу, мы­хьэнэшхуэ иIэщ мы псом теу­хуауэ дызэчэнджэщыным.
Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ зи гугъу ищI Iуэхухэр ипэкIэ ягъэкIуэтэнымкIэ зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэр IэмалыфI зэрыхъунум и мызакъуэу, щIыналъитIыр зэрызэ­дэ­ла­жьэм адэкIи зэрызригъэужьынур. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Сыбырым лъэпкъи 100-м щIигъу зэрыщыпсэур, Кавказ щIыналъэхэми хуэдэу, мамыру, зэгурыIуэу ахэр зэрызэхэсыр. Аращ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм зегъэужьынми щIыналъэхэм гулъытэ хуащIыну къыщIыхагъэщыр.
Иркутск щIыналъэм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и унафэщI Ведерников Александр КъБР-м и Парламентым фIыщIэ хуи­щIащ ахэр  къызэрырагъэблэгъам папщIэ. ЛIыкIуэм къыхигъэщащ, я зэдэлэжьэныгъэр тхылъымпIэм тет мыхъуу, IуэхукIэ щIагъэбыдэну зэрыщыгугъыр.
- Иркутск щIыналъэм и экономикэмкIэ етIуанэ увыпIэр щи­Iыгъщ Сыбыр федеральнэ ­ок­ругым, Урысей псом - щыеп­щы­кIутхуанэщ. Хьэпшыпым, ­гъа­вэхэкIым, гъэшым, нэ­гъуэщI­хэми елэжь щIыналъэхэми хуэдэу, нобэ хэхъуэм къы­пэкIуэ налогыр, дауи, зыхэпщIэу нэхъ мащIэ мэхъу, мэз, дыщэ къыщIэзых, щIыдагъэ, газ, фIамыщI промышленностым санкцэ зэрытралъхьэм къыхэкIыу. Апхуэдэу щытми, щIыналъэр зыужьыныгъэм и гъуэгум тетщ.  
Парламентхэм дазэрыдэ­ла­жьэм и гугъу тщIымэ, Кавказ Ищ­хъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэ­рырщ нобэ япэу дызыпыщIа ­хъуар. Абы къыхэкIыу Сы­бырымрэ Кавказымрэ я дежкIэ нобэрей махуэм  мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ Ведерниковым. 

(КIэухыр. ПэщIэдзэр 1-нэ нап.).

ЗэгурыIуэныгъэр IэщIэдзхэмкIэ щIагъэбыдащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ Иркутск щIыналъэм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александррэ. ИтIанэ лъэныкъуэхэр фэеплъ тыгъэхэмкIэ зэхъуэжащ. 
ЛIыкIуэхэми бысымхэми къыхагъэщащ, зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм къадэкIуэу, УФ-м и Къэрал Думэм ирагъэхь хабзэубзыху жэрдэмхэр зэдаIыгъынуи Iэмал зэраIэнур. 
ЗэIущIэ нэужьым Ведерников Александррэ Егоровэ Татья­нэрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм яхутеп­сэ­лъы­хьащ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и мыхьэнэм. Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентыр нэгъуэщI щIыналъэхэм я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэм зэ­рызрагъэубгъум я лэжьыгъэр нэхъ купщIафIэ зэрищIыр.
- Нобэ Iэ щIэддзащ Сыбырым и щIыналъэ нэхъ пажэхэм ящыщ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым ды­з­эры­дэ­лэжьэнум. Шэч хэмылъу, ди Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зэ­пэт­лъытыну, хэкIыпIэхэр зэгъусэу дубзыхуну абы Iэмал къыдитынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Иркутскрэ я хабзэубзыху лэ­жьыгъэр псом хуэмыдэу хуэунэтIащ ди щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэр зытетыну хабзэхэр яхуэгъэбелджылыным. Абы, дауи,  мыхьэнэшхуэ зиIэ и Iыхьэщ цIы­хухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ, абыхэм я унагъуэхэм зэрызащIэдгъакъуэм хэдгъэхъуэныр, - жиIащ Егоровэм. - Туризм и лъэныкъуэкIи, щэнхабзэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэрами, щIыналъэхэм ди Iуэхухэр зэредгъэфIэкIуэнурщ зи ужь дитынур. Мы Iуэхухэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ яIэу къызолъытэ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым. Къытезгъэзэжынщи, ди щIыналъэхэм щыпсэухэм я сэбэп зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну аращ ди мурадыр. 
Иркутск щIыналъэм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и унафэщI Ведерников Александр къыхигъэщащ, километр мин зыбжанэ я зэхуакуми, щIыналъэхэм зэхуэдэу зэлэжьыпхъэ Iуэхухэр зэ­раIэр. Абыхэм ящыщу хьэщIэм къелъытэ узыншагъэр хъу­мэным, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, щIалэгъуалэ гъэсэныгъэм, промышленностым зегъэужьыныр. 
- Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм щапхъэ зытепхын куэд яIэщ: мэкъумэш щIэным зэрыхуэIэзэм щегъэжьауэ, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу щIалэгъуалэр зэрагъасэм щыщIэ­кIыжу. Дызэпэжыжьэу, дызэмыщхь хуэдэу къытфIэщI щхьэ­кIэ, дызэкъуэзыгъэувэр зы мурадщ - ар цIыхухэм да­хуэлэ­жьэнырщ, - жиIащ Ведерников Александр. - Урысей Федерацэм и  лъэпкъ шынагъуэншагъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ  дыдэхэм ящыщ зыщ къэралым и цIыхущхьэм хэгъэхъуэныр. Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэр унагъуэ лъапIэныгъэхэм я лъэ­ныкъуэкIи лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зытет хабзэхэр зэраIэр дощIэ. Абы къыхэкIыу Парламентхэр Iуэхугъуэ куэдкIэ ды­зэдэлэжьэну ди гугъэщ, сабий къалъхуным тезыгъэгушхуэну дэIэпыкъуныгъэхэр зи лъабжьэ хабзэхэри яхэту. 
Хабзэубзыхухэм шэч къытрахьэркъым Iэ зыщIадза дэф­тэрым и фIыгъэкIэ я лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэну Iэмалы­щIэхэр къызэрагъуэтынум. 
ХьэщIэхэр КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэми хэтащ,  республикэм и социально-экономикэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэ зыбжани ирагъэлъэгъуащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться: