Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. 

ЩIыналъэхэм я хабзэубзыху IэнатIэхэм я пашэхэр нэхъапэIуэкIэ зэхуэзащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ. Апхуэдэу щIыналъэхэм я депутатхэри ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ. 
 КIуэкIуэ Казбекрэ Ведерников Александррэ щIыналъэхэр зэрызэдэлэжьэнум, туризмэмрэ социальнэ политикэмкIэ яку дэлъыну Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ. 
Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэм Ведерниковым, апхуэдэуи абы и гъусэу щIыналъэм къеблэгъахэм къапэщылъ лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьэну ­ехъуэхъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкIуэну махуэхэр гуимыхуж дахэ ящы­хъумэ зэригуапэр къыхигъэщу.

Поделиться: