Дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэр къэзыгъэщIыр цIыхурщ. Езыр-езыру къэхъу, зызыужь, ефIакIуэ Iуэхугъуэ зэрыщымыIэри и щыхьэтщ абы - псоми я щIыбагъ къыдэлъщ цIыху щхьэхуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэ, зэфIэкI, гуащIэ. Апхуэдэхэр щыпсэуми адрейхэм къахощхьэхукI я Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ, щыщымыIэжми, абыхэм я цIэр цIыхугум, жылагъуэ гупсысэм къыхонэ куэдрэ хэмыгъуэщэжын лъэужь нэхуу. Зи гугъу тщIы цIыху гуащIафIэхэм ящыщащ егъэджакIуэ нэсу, щIэблэм я унэтIакIуэ Iущу зи гъащIэр езыхьэкIа Гугу (Бэщло) Людмилэ Данил и пхъур (1928-2024). РСФСР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник, лэжьыгъэм и ветеран Гугум илъэс 30-м щIигъукIэ биологиер щригъэджащ Налшык дэт курыт школ №4-м, еджапIэм и зэфIэувэныгъэм, абы и тхыдэ екIум и гуащIэ хьэлэл хилъхьэу.
Людмилэ ящыщащ зи балигъ хъугъуэр Хэку зауэшхуэмрэ абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэ хьэлъэмрэ хиубыдахэм. Зи Iэпкълъэпкъыр зэрыубы- дагъащIэ пщащэ цIыкIур и къару щымысхьыжу яхэтащ бийм и щIыбагъкIэ гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэ щезыгъэкIуэкIа цIыхухэм. Абы игу къигъэкIыжу зэрыщытамкIэ, илъэс 12-14-м ит ныбжьыщIэхэр, езыри яхэту, зэман кIыхькIэ щылэжьащ Прохладнэ (КъалэкIыхьым) и Iэшэлъашэхэм щекIуэкIа щIытIхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэ хьэлэлым къыпэкIуэу Людмилэ къратауэ щытащ «Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм гуащафIэу зэрылэжьам папщIэ» дамыгъэ лъапIэр.
Бий бзаджэр ди щIыналъэм ирахужу зауэшхуэ-ри ди текIуэныгъэкIэ иуха нэужь, абы и нур хуабэ-хэр гуапэу къатепсащ совет цIыхубэм. Щхьэж и Iуэху жыджэру пэрыхьэжати, балигъхэм зэрыпхъуакIуэхэм зэтракъутахэр зэфIагъэувэжырт, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ еджэным пащэрт, щIэныгъэм и нэхум хуеIэу. 1946 гъэм Людмилэ ехъулIэныгъэкIэ къиухащ курыт школыр икIи а илъэс дыдэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым и химие-биологие къудамэм. Еджэныр щытхъу иIэу зэфIэзыха бзылъхугъэ цIыкIум лэ-жьэн щыщIидзащ Къэбэрдейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. А лъэхъэнэм абы къыщызэIуахауэ щытащ колхоз председателхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ илъэсищ школ нэхъыщхьэ. ЩIэныгъэ куу бгъэдэлъу гу зылъата Людмилэ абы ирагъэблагъэри илъэс зыбжанэкIэ ботаникэмрэ биологиемрэ щригъэджащ. Къыхэдгъэщынщи, абы щыгъуэ Гугум иригъэджахэм иужькIэ къахэкIащ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъагэр зыхуагъэфэщауэ цIыхуитху.
А еджапIэ нэхъыщхьэр зэхуащIыжа нэужь, егъэджэныгъэм гу хуэзыщIа Людмилэ лэжьыгъэм щыпищащ Налшык дэт курыт школ №4-м. ЩIыналъэм къихъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIу, щIэныгъэ куу ябгъэдэлъу къэгъэтэджыным къаруушхуэ ирихьэлIащ абы. Я унэтIакIуэу, «гъащIэм и джакIуэу» яIа Гугу Людмилэ и цIэр ноби ящыгъупщIэркъым лIэщIыгъуэ блэкIам и 70-80 гъэхэм а еджапIэр къэзыухауэ щыта куэдым.
- Гугу Людмилэ хуэдэ егъэджакIуэ Iэзэ куэд, ди гуапэ зэрыхъущи, ди мащIэкъым республикэм. АтIэми а «вагъуэбэм» Людмилэ къахэлыдыкIырт бгъэдэлъ зэхэщIыкI куумкIэ, щIэныгъэ лъагэмкIэ, и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къызэрыхуигъуэтыфымкIэ. Хьэлэмэтыракъэ, классым щIэс сабий псоми гурэ псэкIэ зыхэтщIэрт анэ етIуанэ пэлъытэ тхуэхъуа а бзылъхугъэм къыпкърыкI гуапагъэр, хуабагъэр, лъагъуныгъэ къабзэр, - и егъэджакIуэр игу къегъэкIыж Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и советым и пашэ Бекъул Аслъэнбэч. - ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм ипэжыпIэкIэ къыхуалъхуахэм ящыщащ Гугур. Ар зыхуэнабдзэгубдзаплъэр фIыуэ еджэхэм ди закъуэтэкъым, атIэ еджэным къыкIэрыхухэми зи щэнкIэ арэзы къэзымыщIхэми хуабжьу елIалIэрт. Ди егъэджакIуэм и псалъэр псоми ди дежкIэ уна-фэ ткIийт, ауэ пхъашэтэкъым.
Бекъулым зэрыжиIэмкIэ, «къару щабэ» жыIэгъуэр зэпхьэлIэ хъуну унэтIакIуэт, гъэсакIуэт Людмилэ, и жыIэми уфIэмыкIыфу, гузэрыдзи уимыгъэщIу, уи жагъуи имыщIу. КIий-гуо хэмылъу Гу- гум ныбжьыщIэхэр тригъэувэфырт яхэлъыпхъэ хьэл-щэн екIум, хабзэ дахэм. Дауи, апхуэдэу щы-тыфынур сабийр фIыуэ зылъагъу, абы и къэкIуэнумкIэ жэуаплыныгъэ лъагэ зыхэзыщIэ егъэджакIуэ нэсырщ. Гугу Людмилэ бгъэдэлъа Iуэху зехьэкIэр къанэ щымыIэу а мардэфIым изагъэрт.
Аслъэнбэч и псалъэхэр деIыгъ зи гугъу тщIы жылагъуэ зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шинкарёвэ Наталье. Абы и гукъэкIыж-хэм къыхощыж и нэIэм щIэт сабийхэм ящыщ дэтхэнэми къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу Людмилэ гулъытэ цIыкIу хуищIу зэрыщытари, зи уна- фэщI пэшыр щхъуантIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ екIуу гъэнщIыным егъэджакIуэр дапщэщи зэрелIэлIари, гупыр щIэх-щIэхыурэ турист зекIуэхэм ишэу къызэрекIуэкIари, нэгъуэщIхэри. Зи гупсысэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ хэкупсэу щыт бзылъхугъэм апхуэдэу щIэблэм я гум къыщигъэушырт щалъхуа Хэкумрэ щыпсэу щIыналъэмрэ яхуэгъэ-за гурыщIэ къабзэр.
Иригъэджахэм ноби я гум апхуэдэу илъщ Гугум и дерсхэр хьэлэмэту зэхэухуэнауэ, купщIафIэрэ гукъинэжу екIуэкIыу зэрыщытар. Анэ пэлъытэу къахущыт я егъэджакIуэм и жагъуэ ящIыным зыпыIуадзу, еджакIуэхэм ящыщ дэтхэнэри хущIэкъурт биологиемкIэ дерсхэм хуэфэщэну зэрызыхуагъэхьэзырыным, жэуапыфI зэратыным. Псэ къабзэу, гу зэIухауэ сабийхэм яхэт Людмили, шэч хэмылъу, езыми гурэ псэкIэ зыхищIэжырт цIыкIухэм къабгъэдэкI лъагъуныгъэ къабзэр, пщIэр, нэмысыр. И гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм, текIуэныгъэхэм, ябгъэдэлъ щIэныгъэм егъэджакIуэ нэсым и лъэр лэжьыгъэфIым нэхъри хущIигъэкIырт.
Зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэу, апхуэдэу екIуу езыхьэкI Людмилэ и щIыбагъ унагъуэ дахи къыдэтт. Абы и щхьэгъусэу щытащ ди щIыналъэм и цIыху цIэрыIуэхэм ящыщ Гугу Рэшад Хъусен и къуэр (1927-2002). Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я академик Рэшад адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ, ди щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа еджагъэшхуэщ. Ар илъэс 50-м щIигъукIэ щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым. Илъэси 10-м нэскIэ институтым и тхьэмадэ къалэныр дагъуэншэу ирихьэкIащ. Институтым и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ноби ящIэж щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа Гугур сыт и лъэныкъуэкIи я щапхъэу, къызэгъэпэщакIуэ хьэлэмэту, унафэщI щыпкъэу, хэкупсэу икIи цIыху пэжу зэрыщытар.
Зэщхьэгъусэхэу Рэшадрэ Людмилэрэ зэдагъуэтауэ щытащ щIалитI: Анатолэрэ Владимиррэ. Ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету ягъэсащ, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ. Зэщхьэгъусэхэр хунэсащ я бынхэм я насып ялъагъуну, я фIыгъуэ хэплъэну. Быным нобэ къащIэувэ щIэблэхэми я щапхъэщ япэ ита а нэхъыжьыфIхэм дуней тытыкIэрэ Iуэху зехьэкIэу ябгъэдэлъар.
Гугу Людмили абы и щхьэгъусэу щыта Рэшади я фэеплъхэр куэдрэ я гум илъынущ зыцIыхуу щытахэм. Лъэужь нэху къэзыгъэна хэкупсэхэр ящыщащ ди лъэпкъ тхыдэр зытхахэм, ар Iуэху дахэкIэ зыгъэнщIахэм.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.