ПэхуэщIэхэр къуажэм щолажьэБахъсэн районым и Бахъсэненок къуажэм щаухуэ спорт комплексыр и кIэм нэблэгъащ. КъэтитIу зэтет, метр зэбгъузэнатIэу 1200 щIигъу зиубыд ухуэныгъэр яIэтащ «Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм унэ IуплъапIэр, абы къедза щIыпIэр зыхуей хуагъазэ, теплъэ дахэ ират, бгъэдыхьэпIэхэр, машинэ гъэувыпIэхэр хуащI. Мыдрейуэ, спортзалыр, тренерхэмрэ администрацэмрэ я пэшхэр, нэгъуэщIхэри хъэзыр хъуащ. Комплексыр иджырей спорт-технологие обрудовэнэхэмкIэ зэпэщщ икIи ар хуэщIащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ цIыхухэми. ЩIыпIэ администрацэм къызэрыщыхагъэщымкIэ, районым и спорт инфраструктурэр егъэфIэкIуэным и зы лъэбакъуэщ абы лэжьэн зэрыригъажьэр икIи шэч хэлъкъым спортым дихьэх къуажэдэсхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэнум, кIуапIэ ар зэращIынум. Бахъсэн районым и Зеикъуэ, Къубэ-Тэбэ, ПсыкIэху къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ щащIащ е языныкъуэхэм лэжьыгъэхэр икIэм щынэблэгъащ. Зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхугъэухэр зэхаублащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ. ЖыпIэнурамэ, Къубэ-Тэбэ къыщызэрагъэпэщащ къуажэдэсхэм зыщагъэпсэхун щыпIэ зэпэщ. Абы хэтщ сабийхэм я джэгупIэрэ иджырей спорт утыкурэ. КъищынэмыщIауэ, лъэс лъагъуэхэр ягъэтэмэмащ, уэздыгъэхэр щыпадзащ, жыгыщIэхэр щыхасащ, цIыхухэм зыщагъэпсэхун плIэнэпэ щащIащ. Лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу зэфIагъэкIащ. ПсыкIэху къуажэм фэтэр куэду зэхэт и унэхэм къедза, метр зэбгъузэнатIэу 800 щIигъу щIыпIэр зэIузэпэщ ящI мы махуэхэм. Лэжьыгъэхэр мыбдеж икIэм щынэблэгъащ. Псалъэм къыдэкIуэу, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр иралъхьащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэуващ, уздыгъэхэр щыпадзащ. Сабийхэми джэгупIэ хуащIащ, хьэфэм къыхэщIыкIа алэрыбгъу лъэгум ирадзыжащ. ИужькIэ, ихъуреягъкIэ жыгыщIэхэмрэ мэз жыг цIыкIухэмрэ щагъэтIысынущ. Зеикъуэ къуажэми иджырей теплъэ зрат, цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэм метр зэбгъузэнатIэу 500-м щIигъу еубыд. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр иралъхьэнущ, сабийхэм джэгупIэ хуащIынущ, хьэфэм къыхэщIыкIа алэрыбгъу идзыжауэ. Спорт утыку щаухуэнущ, тренажер зэхуэмыдэхэр хэту, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэувынущ. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу къуажэм дэт, узэщIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и фэеплъыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. КъищынэмыщIауэ, Бахъсэн район администрацэм къызэритамкIэ, 2019-2025-рэ гъэхэм щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 19-рэ, фэтэр куэду зэхэту унэхэм я пщIантIэу 12-рэ зыхуей хуагъэзащ. Лэжьыгъэхэр иджыри ирагъэкIуэкI икIи мурад щыIащ къуажэу хъуар абыхэм къызэщIрагъэубыдэну. «Лъэпкъ пэхуэщIэхэм Iэмал къыдат къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зэпэгъунэгъу зэхуэтщIыну. Жыг хадэ цIыкIухэр, унэ-пщIантIэхэр – ахэр плиткэрэ уэздыгъэ къудейкъым, атIэ цIыхухэр щызэхуэзэ, щызэхуэс, хабзэщIэхэр къыщежьэ щIыпIэхэщ», - жиIащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб. Фигу къэдгъэкIыжныщи, «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектыр 2025 гъэм «ГъащIэм хуэщIа инфраструкткрэ» къэрал пэхуэщIэм хэгъэхьэжащ икIи 2030 гъэ пщIондэ лэжьэнущ. 2019 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэIузэпэщ щащIащ щIыпIэ зэхуэмыдэу 801-рэ. Абы щыщу 246-р – цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэщ, 549-р – фэтэр куэду зэхэт псэупIэхэм я унэ-пщIантIэщ, 6-р – урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа пэхуэщIэхэрщ. «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иджырей сабий садыщIэхэр жыджэру щаухуэ. Псалъэм къыдэкIуэу, ахэр иджыпсту щаIэт Аруан, Iуащхьэмахуэ райнохэмрэ Бахъсэн къалэрэ. Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щаухуэ сабий садым и япэ къатыр дращIеящ, иджыпсту етIуанэм и блынджабэхэр яIэт. Абы къыдэкIуэу, унащхьэр зэрытралъхьэным хуагъэхьэзыр, ток кIапсэхэр щIашэ, щIыхьэпIэм уэшх тешхапIэ хуащI. Гундэлэн къуажэми щаухуэ садым и лъабжьэр ягъэтIылъащ, ар кърагъэбыдэкIыжащ, унэ блынджабэхэри дращIеящ. Иджыпсту лэжьакIуэхэр унащхьэм йогугъу, гъущI къэнжал тралъхьэ, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Пэшхэм сэху иратащ, ток кIапсэхэр щIашэ, бжэхэр хагъэувэ. Газ, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр унэм ирашIэлIащ. Бахъсэн къалэм и сабий садым и блынджабэхэри яIэтащ, иджыпсту унащхьэм гъущI къэнжал тралъхьэ. Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ I980-рэ ухуэныгъэщIэм иубыдащ икIи ар сабийуэ 140-м хуэщIащ икIи абы хэтынущ нэхъ цIыкIу дыдэхэр щаIыгъыну, медицинэ пэшхэр, мэкъамэмрэ физкультурэмкIэ залхэр. ПщIантIэми сабийхэм я джэгупIэ зэпэщхэр щаухуэнущ. Сабий садыр къалэм и курыт еджапIэ №12-м пэгъунэгъуу щытщ. Ухуэныгъищри 2027 гъэм икIэм нагъэсынущ. «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Арунымрэ Прохладнэмрэ районхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр икIэм нэблэгъащ. Километр 12 зи кIыхьагъ а щIыпIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ къуажэдэсхэм, мэкъумэшыщIэхэм, хьэлъэхэр къезышэкIхэм я дежкIэ. Гъуэгум асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу тралъхьащ, уэрам дыхьэпIэ-дэкIыпIэхэр, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ, гъуэгубгъухэми мывэкIэщхьхэр тракIутащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкI Дзэлыкъуэ районым и Малкэ – Ингушли автомобиль гъуэгум ехьэлIауи. Абы километри 3-м щIигъу и кIыхьагъщ, Сэрмакърэ Малкэрэ къуажэхэм я зэхуакум дъэлъщ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм гъуэгущхьэр захуэ ящIащ, лъабжьэр ягъэбыдащ. Иджыпсту асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ япэ ирикIуэгъуэу тралъхьэ, гъуэгубгъухэр зэтес ящI, псы жапIэхэр къыхагъэщхьэхукI. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи мы гъэм щэкIуэгъуэм икIэм ар нагъэсынущ.
ЖЫЛЭХЬЭЖ Артур.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 11:21 →
Тхьэхэмрэ нартхэмрэ
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
| ||




