И IэщIагъэм игури и псэри етауэТхыгъэм хуэтщIа фIэщIыгъэр и лэжьэкIэм и мардэу, и джэлэсу дунейм тетщ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Нарткъалэ дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэд лъандэрэ щезыгъэдж, Аруан районым адыгэбзэр щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Хъуэст ФатIимэ Хьэжмудин и пхъур. ЕгъэджакIуэ Iэзэр ящыщщ зи цIэр ди щIыналъэм фIыкIэ щыIуа лэжьакIуэхэм. Ар мызэ-мытIэу пэрыт щыхъуащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм, щытекIуащ УФ-м и Президентым и джэрдэмкIэ къыхалъхьауэ щыта «ЕгъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэхьэзэхуэм. Ар Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм анэдэлъхубзэр щезыгъэджхэм я лIыкIуэу хэтащ Анэдэлъхубзэхэр, урысыбзэри яхэту, езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ Урысейпсо мастер-классу Москва щекIуэкIауэ щытами. Зи псэ хьэлэл лэжьыгъэм фIыщIэ куэд, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ къызыпэкIу егъэджакIуэр гукъхинэ щыхъуа а IуэхугъуэмкIэ ди щIэджыкIакIуэхэм ядогуашэ. «Дауи, егъэджакIуэм и сыт хуэдэ лъэбакъуэщIэми текIуэныгъэщIэми ипэ итщ лэжьыгъэ купщIафIэхэр, къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. А псом я щхьэщ уи IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ хуэпщI пщIэмрэ. Къэхъун адыгэ къуажэм къыщалъхуа, абы дэт курыт школ №I-р къэзыуха сэ егъэджакIуэ IэщIагъэм зэрысабийрэ сыщIэхъуэпсырт, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ яхуэлэжьэныр си гуращэт. Апхуэдэ хэкупсэ гупсысэхэм, шэч хэмылъу, я къежьапIэр ди нагъуэм щIэс нэхъыжьыфIхэрщ, адэшхуэ-анэшхуэхэрщ, адэ-анэрщ, школым щызиIа егъэджакIуэхэрщ. Абыхэм къысхалъхьа гъэсэныгъэр си гъуэгугъэлъагъуэу, школ нэужьым сэ сыщIэтIысхьащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Ар къызэрызухрэ илъэс 30-м щIигъуащи, егъэджэныгъэ-гъээсныгъэ IэнатIэм сыпэрытщ, си IэщIагъэм сигури си псэри етауэ, къытщIэхъуэ щэблэм анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ фIыуэ езгъэлъагъуным, абыхэм дезгъэхьэхыным сыхущIэкъуу. ЕгъэджакIуэм и зэфIэкIыр езыгъэлъагъужыр, и лэжьыгъэм и хъерыр къызэрилъытэр и предметымкIэ и гъэсэнхэм яIэ щIэныгъэрщ. Ди районым адыгэбзэр щезыгъэджхэм абыкIэ гушхуэныгъэ къытхэзылъхьэ ехъулIэныгъэхэр диIэщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, анэдэлъхубзэмкIэ екIуэкI хабзэ республикэпсо олимпиадэхэм, зэпеуэхэм, нэгъуэщI зэхыхьэхэм ди IэщIагъэлIхэри еджакIуэхэри жыджэру зэрыхэтыр, текIуэныгъэхэр къыщахьу. А псоми гушхуэныгъэ къысхалъхьащ урысейпсо зэпеуэм сыхэтыну мурад щысщIам. Си гукъэкIыжхэм ноби хэт а зэIущIэр къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ урысейпсо академием, «Про100 Медиа» тхылъ тедзапIэм. Къэралпсо зэпеуэм зыщызгъэхьэзырым си унафэщIу, чэнджэщэгъуу щытащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ егъэджынымрэ методикэмкIэ и кафедрэм и IэщIагъэлIхэр. Апхуэдэу дэIэпыкъуэгъушхуэ къысхуэхъуащ сыщылажьэ курыт школ №1-м и унафэщIхэр, си лэжьэгъу егъэджакIуэхэр. Абыхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ зэпеуэм къыщысхьа ехъулIэныгъэхэм. Дэ псори дыхущIэкъуащ си зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм, дерсхэм щIэщыгъуагъ гуэрхэр зэрыхэтлъхьэным, зэратщI хабзэм дыкъытекIыу ахэр хьэлэмэт, купщIафIэ зэрытщIыным. А зэхьэзэхуэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшауэ щытащ. Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм ди лэжьыгъэхэр Москва едгъэхьащ япэщIыкIэ, зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупыр абыхэм хэплъэн папщIэ. А лэжьыгъэхэм хиубыдэрт егъэджакIуэр къозыгъэцIыху анкетэр, абы ит дерсхэм языхэзым и методикэ зэхэлъхьэныгъэр, «Си методикэ къэхутэныгъэхэр» эссер. Япэ Iыхьэм хэтащ ди къэралым хыхьэ щIыналъэ псоми ящыщ егъэджакIуи 182-рэ. Абыхэм ящыщу 75-р ирагъэблэгъащ Москва етIуанэ Iыхьэм, очнэу екIуэкIыну зэпеуэм. Абыхэм ящыщыжу утыку ихьэнур егъэджакIуэ 40-рат, сэри сахэту. Кавказ Ищхъэрэм щыщу сэ зыращ кIуэцIрыкIар етIуанэ Iыхьэм хэтыну. Абы сшэну згъэхьэзырат «Адыгэ пщащэм и блэкIамрэ къэкIуэнумрэ» зи фIэщыгъэу 7-нэ классым щекIуэкI урокым и зы пычыгъуэ, методикэ тетхыхьыныгъэр щыгъуу. Абы къыхэзгъэщащ бгырысхэм я лIыгъэри, уардагъри, бзылъхугъэм хуащI пщIэмрэ нэмысымрэ я лъагагъри. Адыгэ пщащэм теухуауэ усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэм жаIахэр къэзгъэнэIуащ, ди бгырыс лъэпкъ уардэу дунейм и щIыпIэ куэдым щыпсэум бзылъхугъэ цIэрыIуэ куэд къызэрыхэкIами сригушхуэу сытепсэлъыхьащ. «Си лъахэ, си школ, си IэнатIэ» презентацэми си лэжьыгъэр къызэщIэкъуэжауэ къыщызгъэлъагъуащ. Кавказ Ищхъэрэм икIар си закъуэти, си зыкъэгъэлъэгъуэныгъэми, дерсми, презентацэми зэрыхъукIэ къыхэзгъэщащ ди федеральнэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, хабзэхэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыхухэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр. Хьэлэмэт хъуат текIуахэр щагъэлъапIэу УФ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм и хэщIапIэм къыщызэрагъэпэща зэхуэсри. Абы егъэджакIуэхэм къыщыдэхъуэхъуащ, лэжьыгъэм адэкIи дытезыгъэгушхуэ псалъэ купщIафIэхэр, щытхъухэр къыщытхужаIащ. Зэпеуэм хэта цIыху 40-м ящыщу цIыхуиплIым увыпIэхэр иратащ, цIыхуиблыр унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэпэжащ. Сэри сахэхуащ къэралпсо зэхьэзэхуэм нэхъыфIу къыщалъытахэм. Абы и дипломрэ фIыщIэ тхылърэ къысхуагъэфэщауэ сыкъэкIуэжащ. Зэпеуэм хэта дэтхэнэ зыми гукъинэж тщыхъуащ а махуэхэр. Ди лэжьыгъэм щхьэпэ хуэхъун щIэ куэд къыщытщIащ абы, ди Iуэху зехьэкIэхэмкIи дызэдэгуэшащ». ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 11:21 →
Тхьэхэмрэ нартхэмрэ
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
| ||




