Хэт тыгъэр зыхуэфащэр?

ЦIыхур дэзыхьэх лъэныкъуэм елъытауэ, зи хьэтыр лъагъупхъэ тхакIуэхэри гупсысакIуэхэри къыхех. ЖыIэгъуэ цIэрыIуэхэм, хъыбар щIэщыгъуэхэм уахуеплъэкIыурэщ узрикIуэ лъагъуэр зэрыпхуэубзыхур. 
Зэгуэрым сулътIанымрэ уэзирымрэ я гупсысэкIэр зэтехуакъым. «Хьэлимхэр (диным хуеджа щIэныгъэлIхэр) нэхъ Iущщ, абыхэм пщIэ нэхъ яIэщ», - жиIэрт сулътIаным. Уэзирым идэртэкъым: «Хьэуэ, си сулътIан, ущоуэ, нэхъ Iущыр щихъхэращ (щIэныгъэ щэху зыбгъэдэлъ цIыху лъапIэхэр). Зэдауэр кIыхь щыхъум, Алыхьым хуэлажьэ щIэныгъэлI лIэужьыгъуитIри ягъэунэхуну мурад ящIащ. 
Уэзирым и IуэхутхьэбзащIэм динар мин иритри, хьэлимхэм я деж игъэкIуащ. «Пащтыхьым мыр нэхъ губзыгъэу, нэхъ зыхуэфащэу фхэтым IэщIэфлъхьэ», - жиIащ яжеIэ. ЩIалэр хьэлимхэм я деж макIуэри, унафэр хуехь. «Сэращ ар зыхуэфащэр», - жеIэ зым. «Абы пцIы еупс, - идэркъым адрейм. - Сэращ ар зэптынур». «КъызгурыIуакъым, хэт нэхъ хуэфащэми», - жиIэри, ахъшэр зыхьам тыгъэр зыми иримыту игъэзэжащ.
 «Иджы ахъшэр щихъхэм яхуэхь», - къыжреIэ уэзирым. ЛIыкIуэм унафэр егъэзащIэ. «Хэт мы тыгъэр иратыну нэхъ зыхуэфащэр?» - йоупщI ар щихъхэм. Дэтхэнэ зыми адрейм дежкIэ и Iэр ишийуэрэ: «Си къуэшым нэхъ хуэфащэщ ар, абы IэщIэфлъхьэ», - жеIэ. «КъызгурыIуакъым, зэстын хуейр хэтми», - жеIэри, щIалэм аргуэру уэзирым деж егъэзэж. 
 Иджы уэзирым и лIыкIуэм маисэ IэщIелъхьэ: «Мыр къащти, щихъхэм я деж кIуэ. Пащтыхьым нэхъыщхьэу фхэтыр яукIыну унафэ ищIащ, яжеIэ». ЩIалэр яхыхьэу упщIэр щаритым, псори утыкум къихьащ: «Сэращ нэхъыщхьэр, сэ сывукI». Дэтхэнэ зыми и псэр итыну хьэзырт, адрейр къригъэлын папщIэ. «КъызгурыIуакъым, укIын хуейр хэтми», - жиIэри, щIалэм уэзирым деж игъэзэжащ. 
«Иджы хьэлимхэм я деж кIуэи, ардыдэр яжеIэ», - унафэ къыхуещI уэзирым. «Хэт фи нэхъыщхьэр?» - яхохьэ лIыкIуэр хьэлимхэм, унафэ къыхуащIами щыгъуазэ ещI. «Сэракъым! Сэ сынэхъыщхьэкъым!» - жиIащ дэтхэнэ зыми. ЩIалэм игъэзэжри, псори уэзирым жриIэжащ. 
 Арати, уэзирым и лIыкIуэр сулътIаным деж ишэри, псори хуригъэIуэтащ. УщIызэдэуэн щыIэжтэкъым. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: