Лъэпкъ щэнхабзэр япэкIэ зыгъэкIуэтахэрЛъэпкъым тхыбзэ иIэнымкIэ, абы и щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъу къэтэджэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ япэ ита узэщIакIуэхэм. ЩIэныгъэлIхэм къагурыIуэрт а Iуэхум ныбжьыщIэхэр езышэлIэн къарууэ щыIэр ахэр зытхьэкъу, дэзыхьэх художественнэ тхыгъэхэр арауэ зэрыщытыр икIи лъэпкъ узэщIакIуэ нэхъыжьхэм абы жыджэру я гуащIэ ирахьэлIащ. Абыхэм зэфIагъэкIа лэжьыгъэр зыхуэдэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн» зыфIища и тхыгъэм.
Лъэпкъ щIэблэр егъэджэным гурэ псэкIэ еувэлIахэм ящыщщ ЩэрэлIокъуэ Талъустэни Борыкъуей ТIутIи. А къалэн мытыншым гурэ псэкIэ еувэлIат ЩэрэлIокъуэ Талъустэн (1884–1937). ЩIалэм щIэныгъэ куу зригъэгъуэтыну хунэсащ: абы къиухащ бгырыс сабийхэм папщIэ Налшык къыщызэIуахыгъа еджапIэр (1897), къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ Бытырбыху университетым и факультетыр (1916). Адыгэбзэм къыдэкIуэу ищIэрт урысыбзэри, французыбзэри, хьэрыпыбзэри, тыркубзэри, балъкъэрыбзэри. ЩIалэм зэхелъхьэ езым и алыфбей. Совет лъэхъэнэм къриубыдэу аращ япэ букварыр къыдэзыгъэкIар – «Алыфбей. Ипэм щаджынур». Латин хьэрфхэм тет а алыфбеймкIэ тхылъхэр, газетхэр къыдэкIыу щIидзащ 1924 гъэм. Художественнэ тхыгъэ итхахэм нэмыщI, а тхылъым абы хигъэхьащ еджакIуэхэм гъэсэныгъэ къызыхахын, я гупсысэм, зэхэщIыкIым зезыгъэужьын хъыбар, псысэ гъэщIэгъуэнхэр. Езым къигупсысахэри хэту, абыхэм я нэхъыбэр щIэныгъэлIым адыгэ IуэрыIуатэмрэ нэгъуэщI лъэпкъ литературэхэмрэ къахихащ. Абыхэм ящыщхэщ «Бажэмрэ жызумымрэ», «Шыдым и Iэмал», «Джэдымрэ пцIащхъуэмрэ», «Бдзэжьеящэмрэ бдзэжьей цIыкIумрэ», «ЧыцIитI», «Бажэмрэ ажэмрэ», «Хьэмрэ дыгъужьымрэ», нэгъуэщIхэри. А хъыбар кIэщIхэм ящIэлъ гупсысэхэр егъэджакIуэм тэмэму еджакIуэм бгъэдимылъхьэфынкIэ зэрыхъунум игъэшынэ щIэныгъэлIым Iэмал зэхуэмыдэхэр къегъэсэбэп. Псалъэм папщIэ, рассказхэр, усэхэр («Гугъэ», «ЦIыхур», «Псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ») зытеухуахэр езы щIэныгъэлIым, псалъэжь щIыкIэу ухуауэ, тхыгъэхэм я кIэм къыщехь. Гъэсэныгъэ зыхэлъ апхуэдэ чэнджэщ-ущиекIэщ абы хъыбархэр зэриухыр: «Ныбэр ерыскъыкIэ умыкудащэм узыншагъэщ», «Мычэму ягъэкъабзэ Iэмэпсымэр куэдрэ зокIуэ», «Iэуэлъауэ щыкуэдым акъыл щымащIэщ», нэгъуэщIхэри.
Къыхэгъэщын хуейщ адыгэбзэкIэ ятха япэ пьесэри ЩэрэлIокъуэм и IэдакъэщIэкIыу зэрыщытри. «Къэзанокъуэ Жэбагъы» драмэр зытеухуари щIэлъ гупсысэри сабий литературэм екIуэлIащэу щымытми, ар зыхуитхар реальнэ училищэм щIэс еджакIуэхэрт. Пьесэм къытращIыкIа спектаклыр зыгъэувари, абы щыджэгуари езы еджакIуэхэрщ. Лъэпкъ художественнэ дуней еплъыкIэм къигъэщIа сабий рассказхэм («Мывэ», «ПцIыупс», «Джэдымрэ дыщэ джэдыкIэхэмрэ», н.) къадэкIуэу ЩэрэлIокъуэм къытхуигъэнащ щалъхуа и хэкур, щIыуэпсыр щигъэлъапIэ усэхэри («Кавказ дахэ», «Мазэ», н.). ЩэрэлIокъуэм и фIыщIэкIэ адыгэбзэкIэ «къэпслъащ» Пушкин А., Гоголь Н., Вересаев В. Сымэ я художественнэ тхыгъэ зыбжанэ.
ЩэрэлIокъуэр ящыщщ лъэпкъ щэнхабзэр, щIэныгъэр япэкIэ гъэкIуэтэным зи гуащIэ ин хэзылъхьа иужьрей адыгэ узэщIакIуэхэм.
ГуащIафIэу 20–30 гъэхэм абы дэлэжьащ Борыкъуей ТIутIэ (1888–1937). Борыкъуейри ящыщщ дин еджапIэм къыщIэкIыу литературэ Iуэхум хыхьахэм. Абы Налшык мыдрисэ къыщиухащ, къуажэ молэуи, Аруан куейм и шэрихьэт судым и унафэщIуи лэжьащ, къэбэрдей шууей полкым хэту Япэ дунейпсо зауэми хэтащ. Октябрь революцэм иужькIэ ЛУГ-м адыгэбзэр щригъэджащ, Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым егъэджакIуэу, кафедрэм и унафэщIу щылэжьащ.
Борыкъуей ТIутIэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, лъэпкъым зезымыгъэужь, адрейхэм къакIэрызыгъэху хабзэжьхэр зыхэныным ехьэлIа лэжьыгъэ зыбжанэ («ГъуэгущIэ», «ЛIы дэкIуэныгъэ», н.). Ауэ нэхъ зыхуэтхэр цIыкIухэрт. Iуэхур зытрищIыхьри и тхыгъэхэм я художественнэ гъэпсыкIэртэкъым, атIэ купщIэрт. Абы къыхэкIыу Борыкъуейм и усэхэмрэ рассказхэмрэ ягъэзащIэр еджакIуэхэм яхуэщхьэпэн, я къэухьым зегъэузэщIын къалэнт. Псалъэм папщIэ, «Советхэм я власть», «КИМ», «Октябрым и 25-р», «Сыхьэт махуэ дэ дежьащ», «Пионер уэрэд» усэхэр зыхуэгъэзар ныбжьыщIэхэрщ. Ахэр нэхъыбэу зыхуэгъэпсар сабийхэр Iуэхугъуэ гуэрым къыхуеджэнырщ, зэщIэгъэуIуэнырщ. Апхуэдэ къалэнщ ягъэзащIэр «ЩIалэ таурыхъ къом» (1931) тхылъым ит рассказ, зарисовкэ, теплъэгъуэ цIыкIухэми. А тхыгъэхэмкIэ тхакIуэр хущIокъу псэукIэщIэм и хабзэхэр, гупсысэ пэрытхэр гурыIуэгъуэу еджакIуэ цIыкIухэм яхуиIуэтэну.
Борыкъуей ТIутIэ и художественнэ тхыгъэхэм 20–30 гъэхэм мыхьэнэшхуэ яIащ ныбжьыщIэхэр егъэджэным, щIэныгъэм, зэманым къигъэщI гупсысэ пэрытхэм ешэлIэным хуэунэтIауэ».
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 12:26 →
СЭРМАХУЭ
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
| ||




