Адыгэшыр щагъэбагъуэ «Бибердым»!Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэщ «Биберд» зи фIэщыгъэ, адыгэш щагъэхъу щIыпIэ дахэ. «Нэри пэри ехь» жыхуаIэм хуэдэ щIыпIэр адыгэхэм пасэм яIа псэукIэм тещIыхьауэ къещIэкIащ. Абы удыхьамэ, уогупсыс, ди блэкIам, нэхъыжьхэм яIа псэукIэм, лъэпкъ шыфэлIыфэм, куэдым - куэдым. Адыгэшхэр щагъэхъу, адыгэ дунейр екIуу къыщызэгъэпэща щIыпIэм щыIащ лъэпкъ Iуэхухэм жыджэру хэт, пщащэ адыгэпсэ ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ. Иринэ и тхыгъэ-гупсысэщ дызэрывдэгуашэр. Къэрэшей-Шэрджэсыр щIыпIэ дахэхэмкIэ къулейщ, и щIыуэпсыр псэм дохьэ, гум къонэ. Абыхэм язщ Абазэ районым хиубыдэ «Биберд» щIыпIэр. А Iуэхур зигу къэкIари ар къызэзыгъэпэщари адыгэм къытхэкIа хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Дер Вячеславщ. Езым зэрыжиIэмкIэ, мы IуэхумкIэ и мурадар адыгэхэм я блэкIам дыхигъэплъэжынырт. Адыгэ дунейм щыщщ абы щагъэхъу адыгэшыр, адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ унэр, абы щызэхуэхьэса пасэрей хьэпшыпхэр… Пэжщ, «Бибердым» и куэбжэм узэрекIуалIэу дунейм телъыджэм укъыщыхута хуэдэу къыпщохъу. Куэбжэр гъэщIэрэщIащ адыгэшым и теплъэмкIэ, хьэтхэм я дамыгъэу щыта, щхьитI зыфIэта бгъэ бзуушхуэри абыхэм я щхьэщыгум итщ. Куэбжэм удыхьэмэ, щIыуэпсыр уи псэм йодахащIэ: бгылъэ щхъуантIэхэр, хьэуа къабзэр, уэгу щхъуантIэр... УокIуатэри, уIуощIэ хасагъащIэ жыгыщIэ цIыкIухэм. Абыхэм яхэтщ псейхэр, уэздыгъейхэр, мыIэрысейхэр, кхъужьейхэр, хуэрэджейхэр, хьэмкIутIейхэр, къыпцIейхэр, къыцейхэр, нэгъуэщIхэри. Лъагъуэм уздрикIуэм, уIуощIэ ди щIыпIэм щымыIэ абхъаз бжьэ матэ гъэщIэгъуэнхэм. Абыхэм бжьэхэр зэщIэвууэу «зэрыщылъащэр» зэхыбох… АдэкIэ укIуатэмэ, пасэрей адыгэ унэм ущIэмыхьэни плъэкIкъым. Абдеж щытепщэр пасэрей жьэгуращ: шыуанышхуэр лъахъшым фIэдзащи, моуэ щIэкIа унэгуащэм къигъэзэжэным пэплъэ хуэдэщ… КIэщIу жыпIэмэ, адыгэхэм я фIыгъуэу щыпсэуа зэманым укъыщыхута хуэдэщ. Гур щыпсэху щIыпIэм езы Дерми и псэр зэрыхэлъыр зыхыбощIэ. «Бибердыр» гъэщIэрэщIэным, адыгэпсэ хэлъхьэным абы къару мымащIэ ирехьэлIэ. - Мы щIыпIэм илъ щIыгу Iыхьэм къриубыдэу, ар гектар 612-рэ мэхъу, жыг мин 12-м щIигъу хэтсагъэххэщ, адэкIи пытщэну ди мурадщ. Дыхуейщ жыгхэм я бжыгъэр мин 20-м нэдгъэсыну. Арами, мыбдеж щынэхъыщхьэр шыхэращ. Абы и IуэхукIэ Къэбэрдейм сыщыIат, адыгэшыр здагъэбагъуэжхэм я лэжьэкIэм зыщызгъэгъуэзэн папщIэ. Абы щыгъуэ сигу изубыдауэ щытащ шыхэр щыдгъэхъуну, щытIыгъыну щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи гур дэзыхьэхыу сыухуэну. А мурадыр хуэм-хуэмурэ къызохъулIэ. Сыхуейщ мыбы къыдыхьэ дэтхэнэ хьэщIэми дахагъкIэ и псэр игъэнщIу зигъэпсэхуну. Мы щIыпIэм уеплъмэ, езыр дахэщ, Тхьэм апхуэдэу къигъэщIауэ. Дэ ди къалэныр а дахагъэр нэхъри едгъэфIакIуэу зетхьэнращ, - жеIэ Дер Вячеслав. «Биберд» щIыпIэр Вячеслав илъэс 22-рэ хъуауэ и нэIэм щIэтщ. Абы щыщу илъэси 10-м адыгэшыр гъэхъуным йолэжь. НобэкIэ адыгэш къабзэу абы щыIэщ 100-м нэблагъэ. Япэу мы щIыпIэм ирагъэхьа шыхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кърашауэ щытащ, адыгэш зыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ Хьэжысмел чэнджэщэгъу къыхуэхъури. Шыхъуэхэм я нэхъыщхьэ Мэремыкъуэ Ратмир дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, гъатхэ зэрыхъуу шыхэр бгыхэм драшейри, абдеж ахэр бжьыхьэ кIасэ хъуху щохъуакIуэ. - Хуиту итщ, зыкIи дахэIэбэркъым. ДакIэлъоплъ, псалъэм папщIэ, зыгуэр елъэшауэу тлъагъумэ, къахыдошри, доIэзэ. Бжьыхьэм къыдошэхыжхэри, псоми дакIэлъоплъ, узыфэхэм щызыхъумэн хущхъуэхэр хыдогъэIу, шыщIэхэмрэ шыбзхэмрэ зэхыдодз, догъэпскI. КIэщIу жыпIэмэ, сыткIи зыхуей худогъазэ. Уэс телъмэ, щIыIэмэ, дэтшеижкъым, атIэ шэщым щыдоIыгъ щIымахуэр икIыху, - дыщигъэгъуэзащ Ратмир. ЩIалэм зэрыжиIамкIэ, яшхэр шыгъажэм хагъэтщ. Кайкен, Урсус, Кинжал, Висмут сымэ ехъулIэныгъэфIхэр яIэщ. Беркут хакIуэ цIэрыIуэм къыщIэхъуа, илъэсий ныбжьым ит Глок утыкум куэд щIауэ итыххэщ. Ар «Иппосфера» Дунейпсо шы гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ, дахэу зыкъигъэлъэгъуащ. ШыщIэхэри мымащIэу гуартэм яхэтщи, абыхэм дяпэкIэ зи цIэр жыжьэ Iунухэр къазэрыхэкIынум шэч хэлъкъым. Зауэхэм, лъэпкъым къыщыщIа мыгъуагъэхэм яжь къыщIихуащ адыгэшым, ди жагъуэ зэрыхъущи. Абы къыхэкIыу, нобэкIэ адыгэшым и бжыгъэр мин 15-м щIигъу къудейщ. Абыхэм ящыщу мин 11-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхъу. Гуапэщ ди адыгэ щIыналъэри къэбэрдеишыр гъэбэгъуэжын Iуэхум зэрыхыхьар. ИкIи догугъэ илъэс мин бжыгъэхэм къриубыдэу ди адэжьхэм къагъэщIа шы лIэужьыгъуэ лъэрыхьым зыщиужьыжын зэманыр къэсауэ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 11:21 →
Тхьэхэмрэ нартхэмрэ
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
| ||




