Адэшхуэм хуэфащэ къуэрылъхуКъуныжь Хьэждал и цIэр зэхэзымыха ди лъэпкъым хэт къыщIэкIынкъым. Ар адыгэ уэрэдыжьхэм я хъумакIуэу псэуащ, щIэблэм я деж ахэр нихьэсащ. Абы и макъыр республикэм и щэнхабзэм къыгуэхыпIэ имыIэу щыщ хъуащ, и уэрэдхэм яфIэфIу ди зэманми йодаIуэ. 1931 гъэм Нартан жылэм къыщалъхуауэ щыта Хьэждал классиплI фIэкIа къимыухауэ, колхозым лэжьэн щыщIидзат. Абы и еджэныр зэпиудат Хэку зауэшхуэм. Дзэм къулыкъу щыщищIэми уэрэд жиIэу, полкым и ансамблым хэту ар щытащ. Къигъэзэжа нэужь, Къуныжьыр «Кабардинка» ансамблым, иужькIэ - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и хорым, итIанэ - радиомрэ телевиденэмрэ я хорым я солист хъуащ. 1991 гъэм лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ, абы къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэр. Мы тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуаращи, нобэ абы и лъагъуэм ирокIуэ и къуэрылъху Елизаветэ. Куэд щIакъым абы Хьэждал жиIэу щыта «Си дахэкIей» уэрэдыр езым жиIэу утыку къызэрырихьэрэ. Дигу къэдывгъэгъэкIыжыт абы хэт псалъэ дахэхэр: Уджыр къыбогъажьэ, Сигу и щэху къозгъащIэу Нэр зыхуэзгъэплъыз, си дахэкIей, Жэщыр хэкIуэтами, мазэр хэкIуэдакъым Пшынэ Iэпэр лъаIуэу, Пшынэ гъуагъуэр щатэу, Сигу илъ псор къэпщIатэм, Хышхуэ лъагъуныгъэр Къэукъубеяуэ Си гур кхъуафэжьейуэ къырехуэкI. Дуней сызытетыр Схуэмыгъэбэяууэ Уджыр уогъэкIащхъэр, Си гур зи гъэр пщащэм Соплъми умыжыжьэт, Елизаветэ и япэ ехъулIэныгъэр 2022 гъэм и мэлыжьыхьым екIуэкIа «Уэ увагъуэщ» лъэпкъыбэ телевизионнэ зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къызэрихьарщ. Хъыджэбзыр япэу адыгэбзэкIэ уэрэд жиIэу утыку къыщихьари а гъэращ - «Вдохновение» зэпеуэм «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр щигъэзащIэу. 2023 гъэм цIыхухэм захригъэхащ «Налшык» уэрэдыр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым тыгъэ хуищIат, республикэр илъэси 100 зэрырикъуам (2022 гъэм) теухуауэ. Макъамэр хуэзытхар композитор цIэрыIуэ Лий Аслъэнщ. Анэдэлъхубзэм, лъэпкъ щэнхабзэм зыхуигъазэу, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэм егъэзащIэ «Лъагъуныгъэ» зыфIища уэрэдри. Абы и фIэщыгъэм къегъэлъагъуэ хъыджэбзыр къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ гурыщIэхэр. Елизаветэ и цIэр къыщыIуащ дунейпсо утыкуми. 2025 гъэм мазаем и 21 - 25-хэм Абу Даби и «Яс Бэй» псы Iуфэ дахэм япэу щекIуэкIат «Урысейм къыщыщIагъэкI» жармыкIэм и фестивалыр. А Iуэхугъуэшхуэр хуагъэпсат Урысейм къыщыщIагъэкIхэмрэ ахэр нэгъуэщI къэралхэм зэрырагъашэмрэ теухуауэ къэралым иIэ зэфIэкIыр къэгъэлъэгъуэным. КъищынэмыщIауэ, ар щэнхабзэхэр щагъэлъагъуэ утыкути, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щызэхуэса зэхыхьэшхуэм Елизавети уэрэд щыжиIащ. Мы хъыджэбзым уэрэд жыIэным и лъагъуэ щыхишыж къудейкъым, абы хуэсакъыу ехъумэ и адэшхуэм и фэеплъыр. И дэлъхумрэ (Вячеслав шыкIэпшынэ йоуэ) езымрэ ирогушхуэ Къуныжь Хьэждал и щIэблэу зэрыщытым икIи хущIокъу абы зэрыхуэфэщэнум. Зэгъусэу абыхэм ягъэзащIэ Хьэждал нэхъыфI дыдэу илъагъуу щытахэм ящыщ «ДахэкIей» уэрэдыр. ЩIэблэхэр зэрызэпыщIам, лъабжьэр зэрыкуум, я тхыдэм адэкIи зэрыпащэнум ар и щыхьэт хуэдэщ. Куэд дэмыкIыу абыхэм цIыхубэм зэхрагъэхынущ я адэшхуэм игъэзащIэу щыта нэгъуэщI уэрэдхэри. Ахэр Елизаветэ и къэIуэтэкIэкIэ утыку кърихьэнущ. Артисткэ ныбжьыщIэм пасэрей цIыхубэ уэрэдхэр щызригъащIэкIэ, хущIокъу езым и гурыщIэкIэ ахэр игъэнщIыну, «псэщIэ» яхилъхьэну. Хъыджэбз цIыкIум IэщIагъэ зригъэгъуэтын щIидза къудейщ, мы гъэм ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лингвистхэр щагъэхьэзыр и къудамэм. КъызэрымыкIуэу и гъащIэр зрипха уэрэд жыIэным и Iэзагъым зэрыщыхигъэхъуэнуми ар зэпымыууэ иужь итщ. Иужьрей илъэсхэм Елизаветэ зыщегъасэ Москваи Дубаи уэрэдымкIэ школ щызиIэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я лауреат, «Евровидение – 2008 гъэ» зэпеуэм пхыкIа Хитаровэ Ингэ и деж. Абы и гъэсэнхэр пашэ щохъу «Голос. Дети», «Детская Новая волна» зэпеуэ цIэрыIуэхэм хуэдэхэм. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 12:26 →
СЭРМАХУЭ
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
03.11.2026 - 12:26 →
Псалъэхэм я мыхьэнэр
| ||




