Кушыкурэ Мэтрэ тхьэлъанэ зэхуащI

 

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэд тезыгъэкIуэда, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым ЩэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий тхылъ зыбжанэ дунейм къытригъэхьащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» зыфIищари. Аращ  къызэрытхыжыр «Кушыкурэ Мэтрэ» жыхуиIэ Iуэтэж телъыджэр...    

… Кавказ зауэжьым цIэрыIуэ щыхъуа Ажьджэр (Ажьджэрий) и къуэ Кушыкупщым, зым и щIыб адрейм ихъумэжу, дэгъуэгурыкIуа лIы къэмыланджэт Сэфралыкъуэ Мэт.

Зэгуэр зыщIыпIэ зэдэщыIауэ а тIур къыщыкIуэжым, Мэт Кушыку, елъэIу щIыкIэу, зыхуегъазэ:

- Кушыкупщ, хэплъэгъуэкъэ, атIэ, зыми хуэмычэм схуэдэ щIалэ узыншэр уэркъыу зэрыщымытым нэхъ щхьэусыгъуэ хуамыгъуэту унэрысу дагъэсыныр, Хэкур зыхъумэжхэм зыхамыгъэхьэу? Хъуххэнумэ, гъусэ сызыхуэфщI, фыщIегъуэжынкъым! Хьэмэрэ ди лъахэр зейр пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я закъуэ?

         Ажьджэрыкъуэм, къепсэлъар игу дыхьа пэтми, къызэрелъэIуамкIэ къыхуэгъэгугъэнутэкъым. Ари абдежым ебэкъуэфатэкъым лъэпкъым лIакъуэкIэрэ къыдекIуэкIа цIыху зэхэгъэжым.

         - Арамэ, зиусхьэн, си щхьэ и унафэ сэ сщIыжынущи, фыкъыспэщIэмыувэ, зэран фыкъысхуэмыхъу!

Зэман гуэр докIри, Мэт, абы я пщIантIэм щыIуэхузехьэти, зэрымыщIэкIэ къызэхех, Кушыку сымэ хьэщIэщым щIэсу теуэ зэращIыным теухуауи щежьэным ехьэлIауи унафэ зэращIыр.

Пщэдджыжьым жьыуэ Кушыку дошэсыкI. Ажьджэриипщым  и хакIуэ пщIэгъуалэр къыщIишщ, зэщIилъхьэщ, езым и Iэщэ-фащэрэ и гъуэмылэрэ абы кIэрищIэщ, щэхуу дэкIуэсыкIри, япэ ищахэм якIэлъежьащ.

Кушыку дэщIыгъухэр хуэмыгузавэу здэкIуэм, ипэкIэ плъэмэ гу лъатэ псы кIантIэ цIыкIур здежэхым и нэзым Iугъуэ мащIэ къызэрыщыум. И нэрыплъэр зыIуидзэу щыплъэм, Кушыку зэуэ къецIыхуж и адэр зэрыгушхуэ я хакIуэ дэгъуэр. Ар тегушхуауэ къезыхужьэфыну щыIэр зы цIыху закъуэт – Мэтт.

Гупыр къегъэувыIэри, пашэр къыщIопхъуэ. КърехулIэр къэрэкъурэ мафIэкIэ пхъэ дзасэм фIэIуауэ лы гъур зыгъажьэу щыс Сэфралыкъуэм:

- ХьитIым я кум къыдэкIа! Дэнэ укъиухут уэ, си адэм и хакIуэр къэбгъэкIуасэу укъыткIэлъежьэну? Узыщыщыр щхьэ умыщIэжрэ? – жиIэу къытолъэри, дзасэри зэриIыгъыу къэтэджа Мэт и плIэIум щIопщ уэгъуэ кърех.

Сэфралыкъуэм, зыри пимыдзыжу, дзасэр жыг лъэдакъэ пIащэм иреупсей, шум бгъэдохутэри, шур уанэгум къызэрырадз IэмалымкIэ Кушыкупщыр удзым напIэзыпIэм ныхеутIыпщхьэ, щэкIыщхъуэ лъапIэм къыхэщIыкIа джанэм и бгъэр и гъущIыIэмкIэ еубыдри, сабий нэхъ къыфIэмыщIу, дзэзешэ пашэр мафIэм и гъунэгъуу егъэтIылъ. Модрейм зихъунщIэу, и Iэщэм епхъуэну зыщищIым:

- Мыхъун Iуэху умылэжьыт, Кушыку! Iэ пцIанэкIэ уанэгум укъыщIисхар Iэщэ къысхуимыхыну аратэкъым! Быдэу къызэдаIуи, зэхэпхыр уи гум иубыдэ! – жеIэр, и къамэр кърехри, пщым и пщэм пэщIегъакъуэ, зигъэхъеямэ иуIэну. – Иджы, Ажьджэр и къуэ, мы адыгэ ерыскъымрэ мы мафIащхьэмрэ я пащхьэ тхьэлъанэ къыщысхуэщI, тIури дыпсэуху дызэщIыгъуну, зэхуэщыпкъэу дызэдекIуэкIыну, ажалым дызыбгъэдишыху зым и щIыб адрейм ихъумэну! Хэкум гузэвэгъуэ ин къыщыкIэзэрыхьа зэман бзаджэм, шывей къэстхъуу фи пщIантIэм афIэкIа сыдэтыжыфынукъым! Хэплъэ: е тхьэлъанэ абыкIэ къысхубощIри, къарууэ диIэмкIэ лъахэм дыкъыщхьэщож, е мы мафIащхьэм упэрыкIыжыркъым!

Кушыку щытыкIэ гугъу дыдэт зэрыувар: зэ еплъыгъуэкIэ – я шыхъуэм ар игъэпудат, мыдрейуэ укъыбгъэдыхьэмэ – пэжт щIалэ хъыжьэу аслъэныгу зыкIуэцIылъым къыжриIэр. Езы Ажьджэрыкъуэри хуейт апхуэдэр дапщэщи и щIыб къыдэтыну. Ауэ кърипэса емыкIум, зэи игу къыщимыгъэкIыжу, ебэкъуэфыну?

АтIэми, щытыкIэр хэкIыпIэншэт – е, къэхъуар ямыщIэу, мы мафIащхьэм IукIуадэрт, е псэуху къэзымыгъэпцIэжын гъусэ иIэныр къыхихын хуейт, пщыхэм я лъым хэт пэ дэкъеиным езыр ебэкъуэн хуейуи къыхуигъэуват. Iэдэ IуантIэм дэубыдам хуэдэти, зыIыгъ щIалэм нэгъуэщIу IэщIэкIыфынутэкъым.

АтIэми, а тIур зэщIыгъумэ, лъахэм сэбэпынагъэу къыхуалэжьыфынум и куэдагъым иришэхащ Ажьджэрыкъуэм и щхьэм уафэхъуэпскIым хуэдэу щызэблэжа и гупсысэхэр. Сэфралыкъуэм къызэрыжриIам хуэдэу тхьэлъанэ хуещI. Мэти Кушыку тхьэлъанэ къыхуещI, псэуху дэмыдзыхэну, тепщэм и пщIэри зэи имыгъэлъэхъшэну.

Лы гъур гъэхуэбэжам щыщ зэдодзакъэри, Ажьджэрыкъуэм Сэфралыкъуэм хуеIуатэ щIежьа Iуэхур зыхуэдэр, здебгъэрыкIуэну я мурадыр. Мэт Кушыку жреIэр пщы-уэркъ гупым зэуэ къахэмыхьэмэ нэхъ къызэрищтэр икIи, гупыр зытеуэну дзэ пакIэр щигъуэлъыкIам я щIыб къыдыхьэу, даущ ин къыщигъэхъейуэ, мыдрейхэр здытеуэну лъэныкъуэр нэхъ тIасхъэ къахуищIмэ зэрынэхъыфIыр. Ажьджэрыкъуэри абы йоувалIэ, ауэ щIалэм йолъэIу сакъыну, делагъэкIэ и щхьэр химылъхьэну.

Къызыхыхьэжахэр Кушыку къыпкърыупщIыхьа пэтми, жэуапышхуэ яритакъым:

- Iуэхум щIэддзэмэ, сызрихьэлIари флъагъунщ! - яжреIэри, гупыр ирешэжьэж…

Мэз КIыхь ибгъукIэ щигъуэлъыкIа биидзэ пакIэм и щIыбагъымкIэ зэрыхьзэриишхуэ къыщохъейри, зытеуэну я гугъэм и нэхъыбэм абыкIэ зрагъэхь. Езы Кушыку и гупыр мыдрей лъэныкъуэмкIэ щатоуэри, «исрафыпцIэр» щыхалъхьэ. ЗэбгъэрыкIуахэр нэхъыбэти, теуахэм замыIэжьащэу зыкъызэщIакъуэж, Iэщэ бжыгъи фочым хуэщхьэпэ шэ гыныфIым хуэди я къуентхъыу.

Биидзэм щыщу, лъэныкъуэкIэ Iуту зыхъумэн хуея шууищэр Кушыку и гупым къакIэлъопхъэр. Абыхэм, дэнэкIэ къихуами ямыщIэу, япоув пщIэгъуалэ емылыджым тес шу закъуэр. Пхъэрым щыщу ипэ ища шу зытIущыр ирегъэпсыхри, адрейхэр Кушыку и гупыр здэщыIэмкIэ къыIуешэр, езым щIэпхъуэжа хуэдэ захуещIри. Ажьджэр и къуэм и гупми зыщачым, биидзэ пакIэр губгъуэжьым хьэкIапсэ щохъухь. Шу закъуэм, аргуэрыжьти, закъыпегъазэри, къэсыр зэ уэгъуэм иридзыхыурэ, пхъэрым я пашэри иреуд. Абы гу щылъатэм, къэнахэр гужьеяуэ зэрохьэжьэж. АрщхьэкIэ, абыхэм итIани къапокIуэкI Кушыку и гупыр! Биидзэм щыщу мэзым зыщIэзыдзэжыфар шу тIощI иримыкъут. Лъэсыдзэм хэтхэр топкIэ къахэмыуатэмэ, жыг гуэрэным щIэлъэдэжахэри яIэщIэкIынтэкъым.

Сэфралыкъуэ Мэт урыс офицерым пщIыхэлъа сэшхуэмрэ фоч кIэщIитIымрэ къехьри, пщым и гупым къахохьэ. Сэшхуэ гъэщIэрэщIар я пашэм къыхуишийуэрэ, мыр жеIэ:

- Кушыкупщ! Сэ сэшхуэ зесхьэркъым, мыр уи адэм лъызгъэса хэщIыныгъэм и уасэ ирехъу. Дыщэрэ дыжьыну мыбы кIэрылъым, мыщIэу хагъэтIысхьам шыфI зыбжанэ къыхущIэкIынущ. Мыр уэрэ сэрэ ди тхьэрыIуэм, ди зэкъуэтыныгъэм и щыхьэтуи щырырет! – жреIэ.

Пщым дэщIыгъухэм ар ягъэмыгъэщIагъуэу къэнакъым, лъхукъуэлIыр утIыпщауэ я дзэзешэм къызэрепсалъэр. Дауи, шэч хэлътэкъым ар зигу щIыхьахэри, къызыгурымыIуэу щIалэм къеплъахэри, къыхулъыкъуэкIа лIыгъэм дихьэхахэри гупым зэрахэтам. Ар зылъагъу Ажьджэрыкъуэм:

- Мыр Сэфралыкъуэ Мэтщ. ЗыгурывгъэIуэну сыхуейт – «уэркъкъым!» - жыфIэу, икIагъэ ефпэсыну, хуэмыфащэ IувгъэщIэну яужь фихьэмэ фызэрыхущIегъуэжынур! Иджыпсту къыщыщIэдзауэ ар зыхэзмыщIыкIым – и унэхъугъуэр къэсауэ аращ! Дэ тIум дызэщIыгъуну, дыпсэуху дызэхуэпэжыну тхьэлъанэ зэхуэтщIащ! Хэкум бий фIыцIэр къытебанэурэ щрилъэсыкI лъэхъэнэм дэ хэплъыхь тщIыпхъэкъым вакъэ плъыжьти-фIыцIэти жытIэу. Адыгэ анэщ дыкъэзылъхуари, бийм лъапсэрых зыхуищIри ди зэхуэдэ лъахэщ. Ди щIыб дэтхэр зыщыгугъыр дэращи, зытедгъэщIапхъэри зэрыIыгъынырщ! Ди лъахэм къещэр, Кърым хъанхэм хуэдэу къихьэу щIэпхъуэжын бийкъым, атIэ, псыр зэрыщригъэжыхьыжыным хущIэкъу дзэ фIыцIэщ!  – яжреIэ Кушыку гупым.

- Уэ а лъакъуэ мытхьэщIхэм я пашэ ухъункIи ухуитщ! Ауэ сэ си пщы напэм ар къысхуегъэкIуркъым! – жеIэри, зылI абрагъуэ Сэфралыкъуэм къытогуплIэ, Кушыку «увыIэ!» къызэрыжриIари зэхимых хуэдэ. Абы пэплъа Сэфралыкъуэм къытезэрыгуа лIышхуэм и сэшхуэр и джатэмкIэ тIууэ зэпеупщI, зытеса и пщIэгъуалэмкIэ модрейм ейм йобгъэрыуэри, зэрызэгъусэу тIури иреуд.

         Абы пэмыплъа пщышхуэр и напэр текIауэ къыщопщыжри, и бгырыпхым дэлъа кIэрахъуэр къыделъэф. Ар къыщытригъапсэм, Мэт мауэри, модрейм и пэр пегъэз. Къыщыхьам и жьэр ущIауэ къонэри, и шыжьыр къыщелъэфыж.

- ЩыIэ иджыри «вакъэ фIыцIэр» зыгъэунэхуну хуейхэр? – щIоупщIэ пашэр.

АфIэкIа къахэмыкIами, шэч хэлътэкъым а щIалэ къызэрымыкIуэм и зыIыгъыкIэр зигу темыхуэу, лъахэр хъумэнымкIи сэбэпу къихьыфынур зыхуэдизыр ауи къизымыдзэу, зыгъэикIэнкIэ хэкIыпIэ гуэр къэзыгъуэтхэм ар зэрамыгъэтыншынум. Езы Мэти къыгурыIуэрт абдежым къыщыщIэдзауэ дяпэкIэ зы мэскъалкIи бэлэрыгъыпIэ зэримыIэнур…

Ар и хыхьэкIэу, егъэзыгъэкIэ пщы-уэркъ гупым гъунэгъу захуищIри, лъапсэрых зауэжьым псэемыблэжу хэтат Сэфралыкъуэ Мэт…

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.      

 

 

Поделиться: