Улъыхъуэмэ, къэбгъуэтынущХэку зауэшхуэр щIэх-щIэхыурэ зызыхуэдгъэзэж къэхъугъэхэм ящыщщ. Абы дыщIыхуеплъэкIыжым, пэжыр къэтлъыхъуэу архив гъэтIылъыгъэхэм къыхэкIыж дэфтэрхэм къыщIэтIэтыжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри къэкIуэнумкIэ дызэрыплъэрщ, къытщIэувэ щIэблэм мамырырыгъэр тегъэщIапIэ зыщI дунейр къахуэдгъэнэну дызэрыхущIэкъурщ. Апхуэдэ къалэнщ зыхуигъэувыжари Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапIэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым иджыблагъэ щригъэкIуэкIа щIэнIуатэми. Абы кърихьэлIащ Урысейм и мызакъуэу, Беларусым, Азербайджаным, Ермэлым, Ипщэ Осетием щыщ щIэныгъэлI-тхыдэджхэмрэ лъахэхутэ-къэхутакIуэхэмрэ. ЩIэнIуатэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу ехьэлIат Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Кавказ щIыналъэр къаIэщIэхыжыным и IуэхукIэ КавказщIыб фронтым хилъхьамрэ бийм ебгъэрыкIуэнымкIэ цIыхубэм яхузэфIэкIамрэ. ЩIэнIуатэм хуэдэу жэрдэмхэр КъБКъУ-м мызэ-мытIэу нэхъапэкIэ къыхилъхьэгъащ, мыри абыхэм къапызыщэу къэплъытэ хъунущ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэшыр Светланэ еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и фIэхъус псалъэхэм къызэхуэсахэр щIигъэдэIуащ. – ТекIуэныгъэм и уасэм дыщIытепсэлъыхьын, абы и мыхьэнэр цIыхум дежкIэ къыпхуэмыIуэтэну зэрыиным и гугъу щIэтщIын щхьэусыгъуэхэр XXI лIэщIыгъуэм къытхуихьащ. Ди нэгу щIокI тхыдэм хэIэзэщIыхьыну хуейхэр зэрыбагъуэр, щIэпхъаджащIэхэр лIыхъужьу къызэрыщIрагъэдзыр, цIыхугъэмрэ цIыхум и пщIэмрэ зэрагъэлъахъшэр. Абыхэм япэщIэтын зэрыхуейр зэхэщIыкI зиIэ дэтхэнэми фIы дыдэу къыгуроIуэ. Мис а гурыIуэныгъэхэращ къызыхэкIар дыщIызэхыхьа щIэнIуатэри. ЦIыхур къызыхэкIа лъэпкъкIэ, зэрыпсалъэ бзэкIэ, зэрихьэ динкIэ зэхэгъэж щIыныр ди лъэхъэнэм аркъудей къемыкIур къэгъэнауэ, щыIэжын хуэмей гупсысэкIэм и къэгъэщIыгъэщ, нацизм жыхуаIэри аращи, абы ебэнын, къытщIэхъуэ щIэблэр а икIагъэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ пэIэщIэ хуэщIын хуейщ. БлэкIам къыщыхъуа псоми дерс къыхэхыпхъэщ. ЦIыхур дерсыншэ щыхъун лъэхъэнэ щыIэн хуейкъым. Апхуэдэр къэмыхъун щхьэкIэщ тхыдэм щIэблэр щIыщIапIыкIыр, абы щыгъуазэ щIыхуащIыр. Къыхэгъэщын хуейщ УФ-м и Президентым къищта унафэм ипкъ иткIэ ди щIэблэр псэкупсэ лъапIэныгъэхэм щIэпIыкIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ари гуэх имыIэу епхащ ди зэIущIэм къыщытIэтыну дызыхущIэкъу Iуэхугъуэхэм. Зи гугъу тщIа унафэм къызэрыхэщымкIэ, тхыдэ щIэжымрэ лъэпкъыщхьэмрэ хъумэныр, блэкIам лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэм я фэеплъым щIэблэр щIэпIыкIыныр псэкупсэ гъэсэныгъэм и лъабжьэщ. Дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым унагъуэр, нэхъыжьхэм яхуэтщI пщIэр, Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр ди жылагъуэм и зыужьыныгъэм къежьапIэ зэрыхуэхъур, абыхэм ипэкIэ дызэрагъэкIуатэр. Зэхуэсым зи гуащIэ хилъхьэну къыхыхьа дэтхэнэми фIыщIэшхуэ хузощI, икIи хьэкъыу си фIэщ мэхъу щIыпIэ куэдым къикIа тхыдэтххэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхутэныгъэхэр утыкум къызэрырахьэнур, гупсысэщIэхэр къызэрагъэнэхуэнур, Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуауэ еплъыкIэщIэхэр къызэрыхалъхьэнур. Iуэху махуэ фыпэрыхьэну си гуапэщ, – жиIащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ. Совет къэралыгъуэм щыпсэуа лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхугъуэ куэд щыIэщ, абыхэм я тхыдэм и мызакъуэу, дунейпсо тхыдэмкIэ щапхъэу бгъэув хъуну. Апхуэдэщ Хэку зауэшхуэр. Къэралым лъэщагъ щIиIам и зы щхьэусыгъуэщ а зэкъуэтыныгъэр. Я унагъуэрэ жьэгу пащхьэ мафIэрэ яхъумэжыну бийм пэщIэува щIалэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт къалъыкъуэкIа шынагъуэм щысхьрабгъу зэримыIэр, гъэкIуэдынрэ гъэсынрэ фIэкIа нэгъуэщI гуращэ къызэримылъыхъуэр. ЦIыхур къыщежьэр унагъуэрамэ, жылэм щIэдзапIэ хуэхъур къэралращ – а гупсысэм зэуIу ищIа лъэпкъыбэр бийм пэщIэтыфащ, уасэшхуэ зыщIата мамырыгъэри къазэуащ. Апхуэдэ гузэвэгъуэ ди щIэблэм я нэгу щIимыгъэкIыж, абы и дерсхэр зыщымыгъупщэн дищI! ЗэIущIэм хэтхэм къэфIэта Iуэхугъуэхэм къуэпсыбэу задзыну, щхьэпэ куэд зыхэлъ гупсысэхэмкIэ фызэдэгуэшэну си гуапэщ, – жиIащ Хьэшыр Светланэ. Апхуэдэу щIэнIуатэм кърихьэлIащ КъБКъУ-м социально-гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Тумэ Аскэр. Абы къыхигъэщащ щIэныгъэр зэрыхуейм хуэдэу зышэщIхэм япэувыныр тхыдэджхэм я хьэкъыу, абы пцIы хэзылъхьэну хущIэкъухэм щIэныгъэ лъэщкIэ япэщIэувэжыныр я пщэрылъу зэрыщытыр. – ЕтIуанэ дунейпсо зауэм ЩIы хъурейр зэщIищтащ жыпIэмэ, щыуагъэ мыхъуну къэрал куэд къызэщIиубыдащ. А зауэр къыщежьари, зэрекIуэкIари, къэхъугъэ щхьэхуэхэм мыхьэнэуэ яIари, Совет къэралыгъуэм ТекIуэныгъэр зыIэрыгъэхьэнымкIэ хузэфIэкIар зыхуэдэри пэжым тету щIэблэм ябгъэдэлъхьэныр ди щхьэм пщIэ зэрыхуэтщIыжыр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну Iэмалхэм языхэзщ. ГурыIуэгъуэщ, еплъыкIэхэр зэтемыхуэнкIи, Хэку зауэшхуэм и кIуэцIкIэ къыщыхъуа зэхэуэ щхьэхуэхэр къызэралъытэ щIыкIэхэр зэщхьэщыкIынкIи хъунущ, ауэ зэблэупIэ игъуэтынкIэ Iэмал иIэкъым абыхэм къарикIуа Iуэхугъуэхэм. ЗэрыпхъуакIуэхэм Хэкур къаIэщIэхыжыным нэхъапэ щымыIэу ди нэхъыжьхэм къалъытэу зыкъыщаIэтыфакIэ, абы щымыщ хэлъхьэныр зи щхьэ къихьэхэм япэщIэтынри дгъэпэрытын хуей гупсысэхэм ящыщщ. Пэжыр зимыуасэ фIыгъуэ щыIэкъым, улъыхъуэмэ, къэбгъуэьынущ, абы нэгъуэщI Iэмал иIэкъым, – жиIащ Тумэм. ЩIэнIуатэр игъэдэхащ абы хузэхалъхьа щэнхабзэ пшыхьми. Апхуэдэу къызэхуэсахэр ирагъэплъащ «Бахъсэн щIыналъэм щауса уэрэдыжьхэр» зыфIаща пэхуэщIэм адыгэ уэрэдыжьхэм я къежьэкIэ хъуам теухуа уэрэд гъэлъэгъуэныгъэми, КъБКъУ-м и «Къафэ» гупым я утыку итыкIэми. КъищынэмыщIауэ, хьэщIэхэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къыщызэрагъэпэща ЗыхъумэжыныгъэмкIэ музейми зыщаплъыхьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, щIэнIуатэм хэтхэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьа КавказщIыб фронтыр 1941 гъэм къызэрагъэпэщащ, Совет къэралыгъуэм Къэжэрымрэ Тыркумрэ я лъэныкъуэкIэ щиIэ къэрал гъунапкъэхэр, хы ФIыцIэм и Iуфэр ихъумэн щхьэкIэ. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 11:21 →
Тхьэхэмрэ нартхэмрэ
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
| ||




