ПэхуэщIэхэм къарикIуа зэхъуэкIыныгъэфIхэрБахъсэн районым хыхьэ Бахъсэненок къуажэм и курыт еджапIэ №1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Сабийхэр щеджэ а школыр унитIу зэхэтщ: зыр 1968 гъэм яухуащ, адрейр – 1972 гъэм.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм еджапIэм и IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ, пэшхэр къращIыкI, инженер коммуникацэхэр: ток кIапсэхэр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр щIашэ. Апхуэдэуи абыхэм къапэщылъщ унащхьэхэр зэрахъуэкIыну.
Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу школыр иджырей еджэныгъэ обрудованэщIэхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ. Ар ирагъэкIуэкI «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ икIи дызэрыт илъэсым къриубыдэу и кIэм нагъэсын мурад щыIэщ.
Зеикъуэ къуажэми и курыт еджапIэ №1-р къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъазэ. Ар хуэщIащ еджакIуэ 340-м икIи щаухуауэ щытар 1972 гъэрщ. Лэжьыгъэхэр мы щIыпIэми щызэхаублащ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Мыбдежми, лэжьакIуэхэм унэ щIыбыр зэIузэпэщ ящI, пэш кIуэцIхэр къращIыкI, лъэгухэр зыхуей хуагъазэ, инженер коммуникацэхэр, унащхьэр зэрахъуэкI. Абы нэмыщI, къапэщылъщ бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIыну, еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса IэмэпсымэщIэхэр щагъэувыну. ИужькIэ, классхэм обрудованэщIэхэмрэ техникэщIэхэмрэ щIагъэувэнущ. Лэжьыгъэр илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Шэрэдж щIыналъэм и Джэрпэджэж къуажэм и курыт еджапIэми зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Школыр зэраухуэрэ илъэс 40-м щIигъуащ икIи абы лъандэрэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ инхэр зэи щызэхаублакъым. Нобэ абы сабийуэ 160-м щIигъу щоджэ.
ЕджапIэм къанэ щымыIэу щызэрахъуэкIащ ток кIапсэхэр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр. Унащхьэр къагъэщIэрэщIэжащ, пэшхэр Iэхуитлъэхуит ящIащ, лъэгухэм плиткэрэ ламинатрэ ирадзыжащ. Иджыпсту пэшыщхьэхэр зыхуей хуагъазэ, сантехникэщIэхэр щIагъэувэ.
Апхуэдэуи школ пщэфIапIэр къагъэщIэрэщIэжащ, хьэкущIэхэр, шкафхэр, щIыIалъэхэр, еджапIэ пэшхэм - унэлъащIэ, обрудованэщIэхэр техникэхэр щIагъэувэ. ИужькIэ IуплъапIэмрэ еджапIэм къедза щIыпIэмрэ зэIузэпэщ ящIынущ.
«Егъэджэныгъэм зегъэужьын» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Жанхъуэтекъуэ къуажэм и сабий садри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Ар щаухуауэ щытар 1986 гъэрщ икIи сабий 60-м хуэщIащ.
НобэкIэ абы и унащхьэр зэрахъуэкIащ, пэшхэр къращIыкI, ток кIапсэхэр, бжьамийхэр, хьэкур зэрахъуэкI, IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Апхуэдэуи бжэ-щхьэгъубжэхэр щIэуэ хагъэувэнущ. Лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсынущ мы гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу.
Налшык къалэм и сабий сад №37-ми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI иджыпсту. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мыбдежми лэжьакIуэхэм къащыпэщылъщ унэ кIуэцIхэр къызэрагъэплъ системэр зэрахъуэкIыну, инженер коммуникацэхэр къагъэщIэрэщIэжыну, пэшхэмрэ унэ щIыбымрэ зыхуей хуагъэзэну, лъэгухэмрэ унащхьэхэмрэ зэтес ящIыну, плиткэхэмрэ ламинатхэмрэ ирадзыжыну.
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Щхьэлыкъуэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджырей библиотекэ къыщызэрагъэпэщ. Мы щIыпIэм щэнхабзэ-егъэджэныгъэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр, «акъыл зэхэдзэхэр» щIэмычэу щрагъэкIуэкI, кинофильмхэр, IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэр щагъэлъагъуэ.
Мыбдежми лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр щызэфIагъэкIащ, иджыпсту оборудованэхэр, компьютер техникэхэр, унэлъащIэ щIагъэувэ. Тхылъ фондми хагъэхъуэнущ, бжыгъэр зи лъабжьэ Лъэпкъ библиотекэми зэрызыпащIэн Iэмалхэри щыIэнущ.
Библиотекэр щаухуэм гулъытэ хуащIащ зи Iэпкълъэпкъыр тыншу къызыдэмыбзхэм - ахэр нэхъ тыншу щIыхьэфын, щызекIуэфын хуэдэу зыхуейхэмкIэ къыэрагъэпэщащ. Абы лэжьэн щIидзэнущ мы гъэм фокIадэм и кIэ махуэхэм ирихьэлIэу.
Гъуэгу лэжьыгъэхэм датепсэлъыхьу щытмэ, ахэри республикэм щагъэувыIэркъым. ЖыпIэнурамэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» КъБР-м и къэрал программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.
Мыбдежым гъуэгум и кIыхьагъкIэ асфальтыжьыр щытратхъунщIыкIащ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиящ, машинэ гъэувыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ, светофорыщIэхэр щагъэуващ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ. Иджыпсту асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ гъуэгущхьэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ тралъхьэну загъэхьэзыр.
Абыхэм къадэкIуэу, «Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ пкъохэм япыдза ток кIапсэхэр къыпахынурэ щIы щIагъым ахэр щаукъуэдиинущ, гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Чернэ Речкэ – Благовещенскэ автомобиль гъуэгуми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI. Псори зэхэту километр 12-м щIигъу зи кIыхьагъ а гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
ЛэжьакIуэхэм нобэкIэ гъуэгу лъабжьэр ягъэбыдэ, ар зэтес ящI, зэ ирикIуэгъуэуи асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэ, гъуэгубгъухэр ягъэкъабзэ.
ПэхуэщIэм къызэрыхэщымкIэ, а щIыпIэм иджырей къэухьхэр, гъуэгу дамыгъэщIэхэр щагъэувынущ икIи лэжьыгъэхэр мы гъэ бжьыхьэм и кIэм нагъэсынущ.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэ Малкэ – Ингушли автомобиль гъуэгуми ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэр зэфIагъэкIащ. Ар Сэрмакъ къуажэм къыпокIуэкI икIи километри 7,4-рэ и кIыхьагъщ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм гъуэгущхьэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэ, гъуэгубгъухэр кърагъэбыдэкI, дэдзыхыпIэхэр хуащI. ИужькIэ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
Прохладнэ щIыналъэм и Прималкинскэ къуажэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэр зэIузэпэщ ящI. Ар ягъэзащIэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Иджыпсту а щIыпIэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ, лъэс зекIуапIэм плиткэхэр щралъхьащ, архитектурэ теплъэ дахэ иратащ, спорт тренажерхэр щагъэуващ. АдэкIэ, сабийхэм я джэгупIэхэр ягъэхьэзырынущ.
Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ дызыхэт илъэсым и бжьыхьэм икIи, иужькIэ, къуажэдэс мини 7-м щIигъум зыщагъэпсэхун, я нэгу зыщрагъэужьын щIыпIэ зэпэщ яIэ хъунущ, щыжаIащ къуажэ администрацэм.
Поделиться:
Читать также:
05.10.2026 - 16:30 →
Адыгэшыр щагъэбагъуэ «Бибердым»!
05.10.2026 - 15:25 →
Зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ
05.10.2026 - 15:00 →
ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ
05.10.2026 - 12:48 →
Къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэр
05.10.2026 - 12:46 →
ЩIыналъэр ирагъэфIакIуэ
| ||




