Чэщей щыкъуу къабзэщ

«ХьэщIэщым щепсыха хьэщIэм и щIопщыр иIыгъыу бысымымрэ абдеж щытхэмрэ ябгъэдохьэри, фIэхъус ярех. Бысымым, «Еблагъэ», - жеIэри, хьэщIэщым щIешэ. ХьэщIэм и Iэщэ-фащэр кIэрылъу хьэщIэщым щIохьэри, бысымым е хьэщIэм и IуэхутхьэбзащIэ щIалэхэм язым хьэщIэм кIэрылъ псори къыIех. ЯпэщIыкIэ и щхьэрхъуэныр, и щIакIуэр, и щIопщыр, и фочыр, кIэрахъуэр, сэшхуэр - апхуэдэ чэзукIэ къыIехри, блыным фIелъхьэ. ХьэщIэм тIысыпIэ ирагъэлъагъуми, бысымым пщIэ хуищIынумэ, лIыжьмэ, езыр занщIэу тIысыркъым. Нэхъыжьыр япэ тIысмэ, и гуапэ зэрыхъунур жреIэ». 
Апхуэдэ хабзэ пыухыкIахэр ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуащ. Ди щIыпIэхэм щыIа зыплъыхьакIуэхэм, тхакIуэхэм, лIыщхьэхэм шэрджэсхэм я псэукIэр ялъэгъуа нэужь, псори телъыджэ ящыхъурти, я гъуэгуанэ тхыгъэхэм къыщаIуэтэжырт.
Нэхъыбэ дыдэу абыхэм зи гугъу ящIыжари адыгэм и цIыху гъэхьэщIэкIэрт. Абы и Iэнэр зы шхыныгъуэ-тIукIэ зэфIэкIыртэкъым, ар сыт щыгъуи зыхуей хуэзэу къаузэдырт, уеблэмэ лIэужьыгъуи 10-м щIигъу щахь къэхъуу. 
Адыгэхэм мыхьэнэшхуэ иратырт гъавэхэкIхэм. ГъэщIэгъуэнщ абыхэм къыхащIыкI ерыскъы псоми «хьэ» псалъэмкIэ къыщIидзэу зэрыфIащари: хьэлыуэ, хьэтыкъ, хьэгулывэ, хьэлIамэ, хьэнтхъупс.
Гъавэхэм ящыщу шэрджэсхэм я деж нэхъ щIэупщIэ зиIэр нартыхурт. Ар XVI лIэщIыгъуэм Америкэ Ищхъэрэм кърашри адыгэхэм къаIэрыхьат. Ар апхуэдизкIэ я гум дыхьати, езым и фIэщыгъэ иратыжащ - «нартхэм я шхын» жыхуиIэу. 
Япэми хуэдэу, ноби лъэпкъ шхыныгъуэхэр къызэраIэтыр екIуэкI Iуэхугъуэм теухуауэщ - хьэгъуэлIыгъуэ шхыныгъуэхэмрэ нэщхъеягъуэм деж япщэфIхэмрэ зэщхьэщокI.
Къапщтэмэ, дызытепсэлъыхь Iуэхум, шхыным хуащI пщIэм ехьэлIауэ, адыгэм и гъащIэм гъэщIэгъуэн куэд къыдогъуэгурыкIуэ. Ерыскъым епхауэ хабзэ пыухыкIахэр зэраIэм хьэлэмэту тепсэлъыхьащ усакIуэ Лыкъуэжь Нелли. Адыгэхэм цIыхум и хьэл-щэнымрэ ерыскъымрэ зэрызэхуахьам и щапхъэу абы къехь мыпхуэдэ псалъэжьхэр: «ШхэныIэр кIыхьщ», «Шхын нэхърэ - шхалъэ», «ХьэщIэр шхамэ, бжэмкIэ маплъэ», «Мылэжьэф шхэрейщ», «Iэнэм и пэри и кIэри хъуэхъущ», «Iэм илъ нэхърэ - Iум илъ», «Шхын щхьэфIэбз, шхын гъэбзэх», «Хьэлывэр яшхынрэ пэт, япкI», «Шэм исар шхум йопщэ», «Шыгъум шыпс щIокI», «Ныбэм измэ, щIакхъуэр цIынэщ», «Тхъур IукIэ ез», «Iэрэ жьэрэ зэблэкIыркъым», «Ныбэм илажьэр IуэтэжыгъуафIэщ». 
«Адыгэхэм цIыху гуп зэхуэмыдэхэм хуагъэув шхыныгъуэхэр зэхуэдэтэкъым, - жеIэ абы. - ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, вакIуэхэмрэ мэкъуауэхэмрэ щхьэкIэ губгъуэм щапщэфI пIастэмрэ мырамысэмрэ къащхьэщыкIырт унагъуэм къызэрыгуэкIыу щагъэхьэзырым. ЗекIуэ кIуэхэм я шхыныгъуэр щхьэхуэт, мэкъушэ кIуэхэмрэ мэз кIуэхэмрэ я гъуэмылэр нэгъуэщIт, шыбгым къимыкI зауэлIым ейри адрейхэм ещхьтэкъым. Апхуэдиз зэзыгъэзахуэ лъэпкъыр лъэпкъ узыншэкъэ?! Адыгэм нэхъыбэу къагъэсэбэпыр пхъэ хьэкъущыкъут. Ауэ сытми «чэщей щыкъуу къабзэщ» жаIакъым. Чэщей хъужыр «самшит»-рщ. Ар зи тхьэмпэхэр гъэмахуи щIымахуи щхъуантIэу езыхьэкI жыг лIэужьыгъуэщ».
АдэкIэ шхыныгъуэхэмрэ фадэхэмрэ я фIэщыгъэхэри зэпкърыхауэ Лыкъуэжьым къехь. Псалъэм папщIэ, языныкъуэхэр ди бзэм къызэрыхагъэхьам кIэлъоплъ. Апхуэдэу, махъсымэ, хьэлIамэ псалъэхэр «Этимологие псалъалъэм» къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, махъсымэр (буза) тырку бзэ гупым къыхэкIащ, ебгъапщэ хъунущ тэтэр «максым», максымэ - «брага без хмеля», чуваш – макрама - «пиво без хмеля», къыргъыз - максым - «кислое питье» жыхуаIэхэм. АбхъазыбзэкIэ махъсымэм зэреджэр абахъсмэщ, абазэбзэкIэ - бахъсымэщ, убыхыбзэм мы псалъэр «бакхъысмэ» жиIэу хэтащ.
ХьэлIамэ псалъэм «хьэ»-кIэ къызэрыригъажьэм щхьэкIэ нэгъуэщIыбзэхэм ар хэмытыну къыпщыхъуми, езым и тхыдэ иIэжщ. Нэгъуейхэм я бзэм а псалъэр «катлама» - «пышка из пресного теста, жареная в масле» жиIэу аращ. Тэтэрыбзэм «катлама» - «слоённая лепёшка», чувашыбзэм «хутлама» - «хут» жиIэмэ, зэтеупIэщIыкI къикIыу аращ. Шэшэныбзэми яIэщ мы псалъэр – «хьэтлIам» - «галушка», мышкъышхэм – «хьэлпIам» жаIэ. Абхъаз-абазэбзэхэм - ахъампIал - «варёная кукурузная лепёшка», осетиныбзэм «хэслтIамх» - лепёшка из кукурузной муки, сваренная в супе», жиIэу аращ.
- Адыгэхэм нэщэнэ куэд яIэщ шхыным теухуауэ. Дунейм и къэхъукъащIэ, цIыхум и хьэл-щэн, гуэныхь-псапэ жыхуэтIэхэм ехьэлIауэ, - пещэ Нелли. - Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ мы нэщэнэхэр: мафIэм гъавэ пэрыбдзэу ебгъэсэныр гуэныхьщ, фIыкъым жаIэрт; шыгъу щIэупсапсэмэ, дунейр къопсэпсауэ; фом губзыгъэ уещI; щIакхъуэр къудейщ жыпIэмэ, дзэ уз уохъу; щIакхъуэ щагъажьэм деж, вэгъур къэушырыбамэ, жагъуэгъу диIэщ жаIэрт. Мыпхуэдэ нэщэнэхэр щэ бжыгъэ хуэдиз хъууэ къыщIэкIынщ. Уеблэмэ, адыгэхэм шхыным къуажэхь нэгъунэ хузэхалъхьащ. ГъэщIэгъуэнкъэ, шыгъумрэ щIакхъуэмрэ я «образыр» лъэпкъым къызэриIэтар. Шыгъум щхьэкIэ: «Пшэрым и уэд, уэдым и дагъэ» жаIащ; щIакхъуэм теухуауэ - «Хьэуазэ и къуэ щIыбыбгъуэ». Шей къудейр адыгэм удз лIэужьыгъуэ пщыкIутхум къыхищIыкIыу щытащ. Абы хыхьэрт: балий тхьэмпэри, мыIэрысэм ейри, пщымахуэ и шейри (зверобой), фIарийри (подорожник), шейудзри (душица обыкновенная), хьэцыбанэри, къэрэкъурэшейри (мята полевая), дадийри (душица), къущхьэхъушейри (рододендрон), нэгъуэщIхэри. Ди адыгэ нанэхэм тхылъкIэ зрагъащIэу щытакъым пщэфIэкIэм и щэхухэр, атIэ ахэр «еджагъэшхуэ» зыщIыр я нэхъыжь ныуэжьхэм, анэхэм я жьэгум щызэфIэдза шыуаным иращIыкI шхыныгъуэхэм зэрыкIэлъагъэплъырт. Хъыджэбз цIыкIум ищI шхыныгъуэм и псэр хилъхьэфу ирамыгъэсауэ нэхъыжьхэм я гур загъэртэкъым. Дагъэ зытет лэпсыр къэбгъэкъуалъэIуэмэ, сыт хуэдэ химическэ зэхъуэкIыныгъэ абы щекIуэкIми, сыт хуэдэ витамин бахъэм и гъусэу хэкIми – аратэкъым пщафIэ нэхъыжьхэм я гъэсэнхэм жраIэр, атIэ «лэпсыр куэдрэ къэбгъавэмэ, мэутхъуэ, сэбынымэ къыхихыу мэхъу» жаIэрт - абыкIэ псори гурыIуэгъуэт…
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: