Благъуэт хьэмэрэ варант?

Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий мы хъыбарыр къыхуэзыIуэтэжауэ щытар а щIыналъэм и Хьэбэз районым хыхьэ Бэвыкъуэ къуажэм щыпсэуа Къэбгъавэ Мэсхьудщ (Хьудэ). 
… Iуэхур къыщекIуэкIар Граждан зауэм и кIэхэрщ. Бэрбащ (Бэвыкъуэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм) уфIэкIмэ, Стояновым и щIыгуу щытам деж, ди жылэм щыщ гуэрхэми зэращIу, сэри мэкъупIэ къэсщэхуауэ сыкъэкIуат, удзпыхкIэ (косилкэ) мэкъу сеуэну.
ХуэщIауэ вы псынщIэ дэгъуэ сиIэти, шэджагъуэ мыхъу щIыкIэ зы IыхьэфI къыхэзгъэгъуэлъыкIри, хуэегъэзыхыгъуэ етIуанэм гъунэ ислъэн щIэздзат. Аргъынэм и ныкъуэм сынос щыжысIэм, нэгъабэрей мэкъу сыхуозэ, IэмбатитI нэблагъэ зэтелъу, дыгъэмрэ уэшх-уэсымрэ фIыцIэ ирищIэхъукIыжауэ. Выхэр лъэданэ изогъанэри, зэхэфыхьыжа мэкъум сыбгъэдохьэ. Гуахъуэр гум къизнати, и лъащIэм сызэрыщIэплъэну, лъапэкIэ тIэкIу къытызоIэтыкI. И лъабжьэм удз щIагъуэ щIэттэкъыми, сыкъыIукIыжащ. Удзпыхым сытетIысхьэжа къудейуэ витIыр зыгуэрым къигъащтэщ, лъэныкъуэкIэ зрадзэкIри, срахьэжьэ, тетIысхьэпIэм сыкъехуэхыным иIэжа щымыIэу. 
Дапщэщи жыIэдаIуэу къекIуэкIа выхэр къэзгъэувыIэн си мураду, сатекIия пэтми, арыххэуи сыкърадзакъым. Удзпыхри зэрыхузэфIэкIыу мэлажьэ, къэкIыгъэ бэгъуам лъэужь хеш. 
Тэлай дэкIыу, витIыр гум къыщекIуэлIэжым хуэм защI. СыкъопкIэри, сабгъэдохьэ. ВитIыр апхуэдизу кIэзызырт икIи папщэрти: «Тхьэ соIуэ, мыхэр зы бэлыхь гуэрым игъэгузэвакIэ!» – жызоIэ сигукIэ.
КъесIуэнтIэкIыжу, удзпыхыр мэкъупIэм къыхэсшэжын си гугъа пэтми, витIыр я пIэ схуикIакъым. «Уэлэхьэ, хэти-сыти къыспреув, а си витIыр къэзыгъэщтам сыIумыплъэу сымызэгъэжын!» – жызоIэри, зыкъызоч. Пыпхъуэ щызэтралъхьэкIэ къагъэсэбэп гуахъуэ кIы кIыхьым хуэдэ гум илъти, ар сIыгъыу удзпыхым пхиха лъэужьым сытохьэ. Моуэ зы шабзэ уэгъуэ ирикъун къызэзнэкIауэ соплъэри, сызытехьа аргъынэ дыдэм тету, мэкъу уфIыцIыжар здэщыIэмкIэ зыгуэр къысхуокIуэ.
Жыжьаплъэ щIыкIэт си Iуэхури, къэблагъэр япэщIыкIэ уашхэ къысщыхъуат, ауэ гъунэгъуу къыщыбакъуэм сызэрыгъуэщар наIуэ мэхъу: апхуэдиз зи кIыхьагъ кIэ уашхэм пытынкIэ Iэмал зимыIэт. ТIури дыaзэхуокIуэ иджы. Сызэрыуэным хуэдэу гуахъуэкIыр IитIкIэ соубыд. Дызэбгъэдыхьэпэу сыщыIуплъэм, къэзгъэщIам шынэр симыхэбзами, щхьэфэц тэджам упщIэ пыIэр сфIаIэтат. Къыспэува псэущхьэм ещхь абы ипэ зэи сыIущIатэкъым, жаIэжуи зэхэсхатэкъым: и щхьэр щхъуантIафэт, тIэкIу хуэщимэ щIыкIэу, и нэхэр зэвт, хуэкIыхь щIыкIэу, пхъэ зэгуэупщIыкIам къыдэплъ хуэдэ, и кIэ кIыхьыр щIым трилъафэрт, лъэбжьанэ кIырхэр зыпыт лъакъуиплI щIэтт, шындырхъуом ейм ещхьу лъахъшэрэ къуаншэу. И бгъэгур, къыдришей хуэдэ, игъэхъей зэпытт.
КIуэаракъэ, шындырхъуор хуэдищэкIэ нэхъ ину уи нэгу къыщIэгъэуви, къыспэувар апхуэдэт. Цы лъэпкъ зытемыт и фэ щхъуантIафэ-гъуабжэр апхуэдизу быркъуэшыркъуэти, «мыр, дауи, благъуэу къыщIэкIынщ!» - согупсыс.
Зыкъомрэ дызэпэщIэтагъэнщ, зыр адрейм деплърэ гъуэгум текIын тIуми къытхэмыкIыу. Гъусэ сызэримыIэр сигу къыщихьэжым, сызыIущIам сыIэщIэкIуадэми, си хьэдэр зышэжын зэрыщымыIэр си жагъуэ хъужат. СыжьэхокIуатэри, езыми щIэтIысыкI зещI, зегъэпщри, макъ лъахъшэ къыжьэдэIукIыу щIедзэ. И жьэ кIуэцIыр нэхъри къыщигъэпщым, зэуэ сигу къокIыж нэхъыжьхэм жаIэу зэхэсхыгъар: «Благъуэм зэхуихьэс жьыр гъуэз ещIри, къыпэщIэхуэм ящIрегъэху, щхъухь ящищIу!» 
КъызихьэлIар зэрыблагъуэм шэч къытесхьэжыртэкъым. И псэр пытыху гъуэгум темыкIынт ар. Iуэхур шынагъуэм щыхуэкIуэм, сигури къызэрогъуэтыжри, си ерыщагъри къоунэхуж. «Уэлэхьэ, сыноплъурэ дзыгъуэм хуэдэу зозмыгъэгъэлIэн!» - жызоIэ, къарууэ сиIэмкIэ гуахъуэкIыр соубыдри, и щхьэм сызэрытехуэну зытызошащIэ. АрщхьэкIэ, езыри хуэмыхутэкъым. Зэуэ зыкъедзри, гуахъуэр и тхыцIэ зэрыIыгъым тохуэ. Мывэ гуэру къысщыхъуат сызэуар. 
Абдежым зэрызехьэн щIыдодзэ. СыщыуэкIэ, езым зыщIидзым, зытримыгъахуэурэ, дыгъэр кIуэтэху дыкъызэрехуэкIащ, сыкъикIуэтыж зэрымыхъунур къызгурыIуэрэ сщыгъ псори пщIэнтIэпсым псыф ищIыжауэ. Езыри псэущхьэ псынщIэт, еруужьти, дызэрыгущIырт. 
Ауэрэ гуахъуащхьэр мобы и щхьэм хуищIэу тохуэри, пIэжьажьэу къызоуд. «Уэлэхьэ, си насыпым зыкъигъэзэжа хуэдэмэ!» - жызоIэри, тIэу-щэ аргуэру и щхьэм соуэ. Гур здэщыIэмкIэ сожэри, джыдэ зэщIэлъыкIар къызох, гуахъуащхьэм лъатэпскIэ изопхри, къытызогъазэ. Благъуэм зигъэхъеин и гугъа щхьэкIэ, джыдэр и щхьэм хэзупцIэри, щIым хэсIулIэжащ.
Сыбгъэдэмыхьэпэурэ (и гъуэзыр къызидзынкIэ сышынэрт), цIыкIу-цIыкIуу соупщIатэ. Апхуэдизу лышхуэ телът, лъы куэд къыщIэжати, а щIыпIэм дыгъужьхэм гъэлъэхъушхуэ щашха фIэкIа пщIэнтэкъым. ИхъуреягъкIэ къыщылъа, мэкъу Iэтэ хуэдиз къызэрыкIыжын удзыр, пыбупщI мыхъужыну, дутат. Махуэм и ныкъуэр абы текIуэдати, къэнэжа зэманым зыри сщIэжакъым, гум сигъуалъхьэу зызгъэпсэхуа фIэкIа. Пщыхьэщхьэ хъууэ, гъуэмылашэхэр къыщыкIуэм, благъуэ сукIари зэхэдута мэкъури ялъэгъуат, яфIэтелъыджэу. 
Ар и ухыкIэу, си насып къикIри, сукIыгъат игъащIэм сымылъэгъуа благъуэр… 
… Хьудэ IэщIэмыкIар, къызэриIуэтэжам тетщIыхьмэ, благъуэтэкъым, атIэ Курыт Азиеми нэгъуэщI щIыпIэхэми узыщрихьэлIэ шындырхъуо лъэпкъыгъуэу «варан» жыхуаIэрат. Ар апхуэдизу инщи, благъуэ хужыпIэнми емыкIу хэлъкъым. Уеблэмэ, лъэпкъ гуэрхэр абы благъуэкIэ йоджэ. И инагъыр метррэ ныкъуэм нызэрохьэс. УафIэмынэмэ, езыхэм, япэ зрагъэщу, къыпщыхьэ я хабзэкъым, псом хуэмыдэжу цIыхухэм. Ауэ, езыр шынагъуэ къыщылъэIэсым деж, къыщыхьар зэригъэшынэным пылъщ, зегъэпщ, и кIэмкIи мауэ. 
Мы хъыбарыр Хьудэ къызэриIуэтэжу, зэуэ гурыщхъуэ сщIат ар зэрываранымкIэ. Си гугъат, тхылъри хуэсхьу и сурэтри езгъэлъагъуну, атIэми, сыщегупсысыжым, сыщIегъуэжат. ИукIар мыблагъуэу, мышынагъуэу лIыжь гупцIанэм къыгурыIуэжатэмэ, и жагъуэ хъужынут узыфIэкIыфыну щыта гуэныхьыншэр зэриукIар. Абы къыхэкIыуи, зыри жесIэжатэкъым. Дапхуэдэу щымытами, зэи имылъэгъуа псэущхьэ шынагъуэм пэуври, лIыгъэ зэрихьэу езэуат, я лъэщагъкIи щIагъуэ зэрамыгъэхьу, икIи пэлъэщат. И къуажэгъухэми а хъыбарыр зэраIуатэр «Къэбгъавэ Мэсхьуд благъуэ зэриукIар!» жаIэущ. Къренэ зэрыщытауэ.
Ауэ телъыджэр сыт жытIэмэ, ди Iэхэлъахэм щымыпсэу а псэущхьэр Бэвыкъуэ къуажэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къызэрыщыхутарщ. Гурыщхъуэ тхуэщIынущ, Граждан зауэм и кIэхэм зоопарк е цирк гуэр щызэтракъутэм, ар къаIэщIэкIауэ, варанхэм ди щIымахуэр щахуэмышэчкIэ, ящыщ зыр Хьудэ и мэкъупIэм къыхэна Iэмбатэхэм я щIагъ щыжейуэ, щIымахуэр щрихыфауэ, абы хуэдэхэр мышхэу зэман кIыхькIэ зэрыпсэуфыр къэтлъытэмэ. Гъуэ папщIэу а щыжеям деж щIэсагъэнкIи мэхъу. И хэщIапIэм Хьудэ зэрымыщIэкIэ хуэзэу темыпкIатэмэ, къэмыхъеинкIи хъунт... 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: