КъигъэщIар мащIэми, куэд хузэфIэкIащ

ЩIэныгъэм и мыхьэнэр пасэу къызыгурыIуа цIыху акъылыфIэ, адыгэ узэщIакIуэ, тхыдэтх икIи тхакIуэ гъуэзэджэ Хъан-Джэрий япэ илъэсхэм дихьэхауэ нэхъ зэлэжьар и лъэпкъым и тхыдэрщ, IуэрыIуатэрщ, къыдалъхуахэр зыхэт лъыгъажэ гущIэгъуншэм къыхэшынырщ, кIыфIыгъэ хьэлъэр щхьэщыхынырщ, щIэныгъэм и мыхьэнэр къагурыгъэIуэнырщ. 
ЗыгъэпIейтей, зэгупсыс, и гурылъ-гурыщIэхэр художественнэ псалъэкIи къиIуэтэну иужь йохьэ, адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэ къыщIокI, абыхэм я нэхъыбэр езыр псэу щIыкIэ дунейм къытемыхьами. 
Лъэпкъым и цIыху пэрытым къыщIэна къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэмрэ адыгэ гъащIэр пэжагъ ин иIэу къыщыгъэлъэгъуэжа художественнэ тхыгъэхэмрэ адыгэ щIэныгъэмрэ литературэмрэ я тхыдэм щIыпIэшхуэ щаубыд, а тIуращ абы къежьапIэ хуэхъури. 
Хъан-Джэрий Мэмэт и къуэр Хьэмыщей лъэпкъым и къуажэхэм ящыщ зым 1808 гъэм къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIар адыгэхэр хъаныкъуэкIэ зэджэ лъэпкъ цIэрыIуэрщ. И къуэш нэхъыжьми ещхьу, и сабиигъуэм ар къану ират, иужькIэ езым зэритхыжыгъамкIэ, ХьэсэнкIэ зэджэ лIыжь акъылыфIэм. Ауэ зэман дэкIыу и адэ Мэмэт-Джэрий урысхэм я лъэныкъуэ зыщищIым, Псыжь адрыщIым щIы къыщрату щыIэпхъуэм, и къуэр зришэлIэжын хуей мэхъу. Куэд дэмыкIыуи зи адэр зыфIэкIуэд ныбжьыщIэр унагъуэшхуэм и унафэщIу къонэ, и адэм телъа щIыхуэшхуэм унагъуэр IэнатIэ гугъу Iуегъэувэ, къулейсызыгъэ йохуэ. ЩIалэм зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр а махуэ хьэлъэхэм наIуэ къэхъуащ, Урысей къэралыгъуэм къыхуищIа гулъытэм и фIыгъэкIэ и унагъуэм и Iуэхури иужькIэ нэхъ зопэщыж. 
Иужьрей лъэхъэнэхэм къызэрахутамкIэ, Хъан-Джэрий Екатеринодар (иджы Краснодарщ) дэта еджапIэхэм ящыщ зым пIалъэ гуэркIэ щеджащ, и деж егъэджакIуэ къыхурагъэблагъэу зэрырагъэджам нэмыщI. И къуэш нэхъыжьым щIыгъуу ар 1825 гъэм урысыдзэм хохьэ, а зэманым ягъэхьэзыра тхылъымпIэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щIалэр урысыбзэм фIыуэ ирипсалъэрт, къеджэкIэрэ тхэкIэрэ ищIэрт, нэхъ пасэу тыркубзэри зригъэщIат. 1826-1827 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Къэжэр зауэм зэшитIри макIуэ. 
Хъан-Джэрий лIыгъэ хэлъу хэтащ Урыс-Тырку зауэми. А зэманым абы поручик цIэр къыфIащ икIи къэзакъыдзэм хагъэхьауэ щытащ. 1830 гъэм Бытырбыху ягъакIуэ икIи абы къулыкъу щищIэу щIедзэ Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм. ИужьыIуэкIэ ар Польшэм щекIуэкIа зауэм гуп щхьэхуэм и унафэщIу ягъакIуэ, зыщыплIрэ уIэгъэ щохъу, къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэм щхьэкIи урыс ордену Станислав Бегъымбарымрэ Прусс пащтыхьым и орден Бгъэ Плъыжьымрэ къыхуагъэфащэ. 
Акъыл жан зэриIэр, жэуаплыныгъэ хэлъу и къалэнхэр зэригъэзащIэр къалъытэри, Хъан-Джэрий полковник цIэр къыфIащ, урыс пащтыхьым и флигель-адъютант ящI, Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм и унафэщIу ягъэув. Пащтыхьым апхуэдизу пэгъунэгъу, и ныбжькIэ щIалэми, къулыкъу лъагэрэ цIэ лъапIэхэмрэ зыхуагъэфэща Хъан-Джэрий Урысейм и щыхьэрым цIэрыIуэ щохъу, цIыхугъэ, ныбжьэгъу куэд къегъуэт, унагъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм я гуапэу ирагъэблагъэ. Псом нэхърэ нэхъ гъунэгъу ар хуохъу урыс тхакIуэ икIи журналист Греч Н.И. Махуэку пщыхьэщхьэ къэс абы и деж щызэхуэс, щыхьэрым и цIыху цIэрыIуэхэм адыгэ щIалэр ирагъэблагъэ, зэрыхуэбгъэфэщэнкIи, Греч и унагъуэрауэ къыщIэкIынущ Пушкинымрэ абырэ цIыхугъэ щызэхуэхъуари, абы и тхыгъэхэм нэхъ пасэу зэреджам и гугъу умыщIыххи. 
Ди зэманым къэсыжащ абы и теплъэ телъыджэр Iэзагъышхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжа зы тхыгъэ гъэщIэгъуэн. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ Хъан-Джэрий фIыуэ зыцIыхуу щыта, мазэ зытIущкIэ зыдэлэжьа урыс журналист Бурнашев В.П. А тIур япэу зэрызэхуэзар, зэрызэIущIар къигъэлъэгъуэжурэ, зэманыфI дэкIауэ къыдигъэкIа и гукъэкIыжхэм мыр итщ: «Сэ иджыкIэ къызэрысщIэжымкIэ, махуэкухэм ящыщ зым Греч Николай и деж, пхужымыIэну гъэщIэгъуэнрэ сыт и лъэныкъуэкIи адрей псоми къахэщу, зы хьэщIэ къэкIуащ. ДымыщIэххэу статскэ сюртукхэр, фракхэр, вицмундирхэр зэмыфэгъуу зыщыгъыу абы щызэхуэсахэм къахыхьащ зы щIалэщIэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж, псыгъуэ, пхужымыIэну лантIэ иIэрэ и инагъкIэ ику иту… Егъэлеяуэ гуапагъэ, узытхьэкъу къару къищырт Греч и пэш иным къыщIыхьа хьэщIэм и нэгум. Абы и теплъэм, и зыIыгъыкIэм хэплъагъуэрт, шынэкъэрабгъафэ мыхъуу, нэщхъеягъэ, укIытафэ гуэр икIи фIыцIафэ зыщIэлъадэ и нэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ къилыдыкIырт, ауэ къагъэлъагъуэр нэщхътэкъым, атIэ къарут. А хьэщIэр хуэпат лейб-гвардие Бгырыс эскадрон ныкъуэм и фащэкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абы щыгът бгырыпх зыщIэлъ икIи зи бгъи, зи къуащIи, зи шалъи, зи пщампIэ хъуреи дыжьын уагъэкIэ щIэгъэна къэптал щIыху дахэр. Абы и плIэхэм телът пащтыхь дамыгъэр зытещIыхьа полковник дамэтелъ зэщIэлыдэр; и плIэ ижьымкIэ, флигель-адьютанту зэрыщытыр къигъэнахуэу, дыжьын аксельбант къедзыхат. И джанэ щIыхум къытещу и пщэм дэлът Станиславрэ Аннэрэ я орденхэр зыкIэрыщIа лентIхэр. Хэт хъунут а шэрджэс щIалэр, гвардием и полковникыр икIи флигель-адъютантыр? Ар Хъан-Джэрийт!».
 «Шэрджэс телъыджэкIэ» зэджэ адыгэ щIалэр а илъэсхэм Урысейм и щыхьэрым егъэлеяуэ цIэрыIуэ щохъу, лэжьыгъуей къалэнхэр и пщэ къыдилъхьэурэ ар Николай Езанэм Кавказым мызэрэ-мытIэу къегъэкIуэж. Дзэ унафэщIхэм я лъэIукIэ зэман кIэщIым абы егъэхьэзыр тхылъищ хъууэ «Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэр». Абы и щIыIужкIи зи лъэпкъым, зэрыщыту Кавказым и щытыкIэ псэзэпылъхьэпIэм тегузэвыхь а цIыху псэемыблэжым рапорт зыбжанэ етх бгырыс лъэпкъхэр зыхэт лъыгъажэм, кIыфIыгъэм къыхэша, мамыр псэукIэм тегъэува зэрыхъуным теухуауэ. Ауэ езы пащтыхьми, Кавказ зауэр мылъку, къулыкъу хэкIыпIэ зыщIа урысыдзэм и унафэщI нэхъыщхьэхэми лъэныкъуитIри бэлыхь мыухыжхэм хэзыгъэт а зауаер ягъэувыIэну мурад яIакъым, абы къыхэкIкIи ахэр зы хъужри, бгырыс щIалэм къиIэта Iуэхухэр зэрызэпаудыным яужь йохьэ, япэм фIыуэ къыхущыта пащтыхьри гущIыIэ къызэрыхуэхъуар абыхэм я зэранщ. И лъэпкъыр гъуэгуанэщIэ тригъэувэну нэхъ пасэхэм зыщыгугъа пащтыхьым ар къегъэпцIэж, гугъэ лъагэ иIахэри фIолъэлъэж. Гулъытэ щIагъуэ къызэрыхуамыщIыжым и щыхьэту, 40 гъэхэм я пэщIэдзэм Хъан-Джэрий и хэку къагъэкIуэж. Зэрымыузыншэм щхьэкIи къимыгъанэу, ар куэд щIауэ и нэ къызыхуикI творческэ лэжьыгъэм яужь йохьэ: и япэ художественнэ тхыгъэр дунейм къытохьэ, адыгэ IуэрыIуатэм щызэхуэхьэсыжа тхылъ егъэхьэзыр, «Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэр» зыIэригъэхьэжу къыдигъэкIыну яужь йохьэ. Мурад ин ищIахэр илэжьыным хунэмысу, илъэс 34-рэ фIэкIаи имыныбжьу Хъан-Джэрий I842 гъэм дунейм йохыж. Иджыри къыздэсым зэхэмыгъэкIауэ къонэ абы и кIуэдыкIар. Абы и щIалэгъуэми узыншагъэшхуэ иIакъым, ауэ, языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар урысхэмрэ бгырысхэмрэ я зэпыщIэныгъэм и бийхэм ягъэлIащ. Абы и кIуэдыкIам и пэжыпIэр япэ къэзыгъэнэIуа Бурнашев В. а Iуэхум теухуауэ мыр итхыгъащ: «Зэгуэрым Джэрий къумыс щIыIэкIэ и псыхуэлIэр иригъэкIри, жей къытеуащ, пэжуи гуфIэр и нэгум щIэту ар Iурихащ, зэи къызэщымыужыну: щхъухь зыхэлъ къумыс ирагъафэри, ар мюридистхэм ягъэлIащ». 
Ар щыщIалъхьэжащ Екатеринодар пэгъунэгъуу щыта, езыр зыщыпсэуа Лъостэнхьэблэ къуажэм. И лъэпкъыр зыхэт кIыфIыгъэм къыхэшын зэрыхуейри, щIэныгъэм и пхыгъэкIыкIэ хъуным и Iэмалхэри а илъэсхэм нэхъ куууэ къызыгурыIуэу щытахэм ящыщ зыщ адыгэ щIэныгъэлI гъуэзэджэ икIи тхакIуэ хьэлэмэт Хъан-Джэрий. 

 

ШэрIужь Даянэ.
Поделиться: