НОБЭ

ШыщхьэуIум и 17, блыщхьэ
УФ-м и Хьэуа флотым и махуэщ
1771 гъэм
Екатеринэ ЕтIуанэм и указкIэ Къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къратащ.
1922 гъэм къалъхуащ Мысырым щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, мамырыгъэр хъумэнымкIэ Дунейпсо Ленин саугъэтыр зрата Мохи-эд-Дин (Жэмбей) Хъалид.
1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэркъуахъуэ Инус.
1946 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Абдокъуэ Станислав.
1952 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Куэш Мырзэбэч.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 2I - 22-рэ, жэщым  градус I7 - I8 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Къэрабгъэр къурэми щошынэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.09.2026 - 09:30 НОБЭ
02.09.2026 - 12:00 НОБЭ
01.09.2026 - 09:00 НОБЭ
31.08.2026 - 14:15 НОБЭ
28.08.2026 - 12:10 НОБЭ