Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт

Лъэпкъ узэщIакIуэхэу Дым Iэдэмрэ Цагъуэ Нурийрэ псэ хьэлэлкIэ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хуэлэжьахэм ящыщщ. ЩIэблэр гъэсэным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным теухуауэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ къызэранэкIащ. Дымымрэ Цагъуэмрэ сабий щэнгъасэм теухуауэ зэфIагъэкIахэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэм.
«ЩIэблэр гъэсэным и Iуэхум гуащIафIэу хуэлэжьащ Дым Iэдэмрэ Цагъуэ Нурийрэ къыдагъэкIыу щыта «Адыгэ макъ» газетри. Мыбы нэхъыбэрэ къыщаIэту щытар ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтын, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэфIхэм, дин пэжым щIэпIыкIын зэрыхуейрщ. Ахэрат зыхуэгъэпсар адыгэ IуэрыIуатэм къыхихыжурэ цIыкIухэм папщIэ газетым къытридзэу щыта хъыбархэр, таурыхъхэр, Цагъуэ Нурий и художественнэ тхыгъэ кIэщIхэр. Дым Iэдэм и узэщIыныгъэ лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIащ адыгэхэм я зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнымкIэ, щIэблэр егъэджэныр, щIэныгъэм хэшэныр зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ закъуэу зэрыщытыр къагурыгъэIуэнымкIэ.
ИпэжыпIэкIэ Дымымрэ Цагъуэмрэ Бахъсэн куейм и мызакъуэу, Къэбэрдейм а лъэхъэнэм щекIуэкIа щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт. Нурии Истамбыл дэт университетыр юрист IэщIагъэр иIэу къиухат, ауэ I9I3 гъэм хэкум къигъэзэжри, дунейм ехыжыху зыхуэлэжьар узэщIыныгъэ Iуэхурщ. Дым Iэдэм щIыгъуу «Адыгэ макъ» газетыр къыдигъэкIыу щытащ. Аращ Цагъуэм щIэблэр гъэсэным теухуа и статьяхэр, сабий художественнэ тхыгъэхэр нэхъыбэу къызытехуари. Бахъсэн тхылъ тедзапIэм абы къыщыдигъэкIащ «ХьэIишэт гуащэм и щытхъу» (I9I7), «Муслъымэн тхыдэ» (I9I8), «Адыгэ тхыдэ» (I9I8) тхылъхэр. I9I7 гъэм Дым Iэдэм и гъусэу Цагъуэм къыдигъэкIа «Тхыбзэ» алыфбеймкIэ адыгэ сабийхэр ирагъэджащ I923 гъэ пщIондэ. 
Совет псэукIэр Къэбэрдейм щыува нэужьи Цагъуэм зэпигъэуакъым фIыуэ илъагъу Iуэхур – щIэблэр гъэсэным хуэлэжьэныр. 20 гъэхэм абы итхащ «ЩIалэ гъуазэ» (I925), «Сабий литературэ» (I926), «Дунейр зэрызэхэлъыр» (I927) тхылъхэр. А узэщIакIуэм лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэри абы и псэукIэм и ефIэкIуэныгъэри зрипхыр щIэныгъэрт. Абы къыхэкIыу къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжырт гъащIэм, дунейм я зэхэлъыкIэр щIэблэм къагурыгъэIуэныр, ныбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIыр къэIэтыныр. Абы и тхыгъэхэр нэхъыбэу зыхуитхыр ныбжьыщIэхэрт, аращ абыхэм гъэсэныгъэм, ущииныгъэм ехьэлIа чэнджэщхэр щIебэкIыр. 
Цагъуэ Нурий и художественнэ тхыгъэхэм цIыкIухэр къыхураджэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну, къэзыухъуреихь дунейм набдзэгубдзаплъэу, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэмрэ яхуэсакъыу, гущIэгъу хуаIэу щытыну. Апхуэдэ гупсысэхэр щыпхрышащ «Тхыбзэ» тхылъым хигъэхьа «ЗэныбжьэгъуитI», «Хьэндыркъуакъуэ», «Хьэмрэ джэдымрэ», «Узыншагъэ», «Псынэ щIыIэ», «Зы псы ткIуэпсым и таурыхъ», «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?», «Цыжьбанэ лIыхъужьыр», нэгъуэщIхэми.
ЕгъэджакIуэ-гъэсакIуэм фIыуэ къыгурыIуэрт еджапIэхэм япэ лъэбакъуэхэр щIэзычэ къуажэ сабийхэм куэд ящIэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIи нэхъыщхьэу щытыр а цIыкIухэм еджэкIэ, лэжьэкIэ, зыIыгъыкIэ, цIыху хэтыкIэ, я узыншагъэм и хъумэкIэ сыт хуэдэхэр егъэщIэнырт. Ахэр псори щIэныгъэлIым къыщеIэт «Узыншагъэ», «Псынэ щIыIэ» рассказхэм. 
Псым, жьым, уэсым я къэхъукIэ, абыхэм я мыхьэнэрщ зэ еплъыгъуэкIэ «Зы псы ткIуэпсым и таурыхъ», «Трасэхэр», «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?» рассказхэр Цагъуэм зытриухуэр. Ахэр тхыгъэхэм удихьэхыу, гъэщIэгъуэн пщымыхъункIэ Iэмал имыIэу къыщыIуэтащ. Ауэ, абы къыдэкIуэуи, дэ къызэрытлъытэмкIэ, ахэр художественнэ тхыгъэ ящI а зытепсэлъыхьхэм езы цIыкIухэр персонажу зэрыхэтым. Пэжщ, нэхъыбэм ахэр сабийхэщ, ауэ абыхэм я образхэм Цагъуэм пэжу хипщэн хузэфIэкIащ япэ лъэпкъ еджапIэхэм еджэн щыщIэзыдза цIыкIухэм я набдзэгубдзаплъагъыр, щIэныгъэм я нэ къазэрыхуикIыр, псори яфIэхьэлэмэту, зрагъэщIэну зэрыхущIэкъур. Образ зэгъэпэщыкIэм тхакIуэр щыгъуазэу, ар къехъулIэу зэрыщытар хыболъагъуэ «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?» рассказым. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэ КIунэ цIыкIу, илъэс пщыкIуз фIэкIа и мыныбжьми, куэдым йогупсыс, псори фIэхьэлэмэтщ, щIыуэпсым и щэхухэр зэрызригъэщIэным хущIокъу. А пщащэ набдзэгубдзаплъэми и хьэл нэхъыщхьэу Цагъуэ Нурий къыхигъэщхьэхукIар абы и «ерыщагъэрщ, мурад зыхуищIа, зи ужь ихьа дэтхэнэ зы Iуэхури и кIэм зэрынигъэсырщ». 
Цагъуэ Нурий художественнэ талант зэрыбгъэдэлъым, зытепсэлъыхьыр наIуэу уи нэгум къыщIигъэувэфу, гъащIэм и къэгъэлъэгъуэкIэр ищIэу, къагъэсэбэп Iэмалхэм щыгъуазэу зэрыщытам и щыхьэту къэпхь хъунущ абы и «Цыжьбанэ лIыхъужь» рассказыр. А псэущхьэ цIыкIум и псэукIэр гукъинэжу къызэриIуэтам къыдэкIуэу, абы щызэфIэгъэуващ езы цыжьбанэм и теплъэр. Сыт хуэдэ шынагъуэми къыпимыкIуэту ар зэрыпежьэр, и бийхэм зэратекIуэр, лей зылъысхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур сабийхэм псэущхьэ цIыкIур фIыуэ езыгъэлъагъу Iэмалщ. Мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ еух а рассказыр: «Пщэдджыжьым дыгъэри къыщIэкIри, удзхэм ятехьа уэсэпсхэр ягъэгъущыжащ. Гъуейм хэс бзухэм уэрэд жаIэрт, блэ шынагъуэм цыжьбанэм зэрыIэщIигъэкIахэр ящIэрт». 
Пэжщ, художественнэ гъэпсыкIэ и лъэныкъуэкIэ дагъуэ зыхуэпщIын Цагъуэ Нурий и япэ рассказхэм ябгъэдэлъщ, ауэ ди дежкIэ нэхъыщхьэр сабий щэнгъасэ Iуэхум иригузавэу, адыгэбзэкIэ псыхьа тхыгъэхэр и щIэблэм ябгъэдилъхьэрэкIэрэ лъэпкъ художественнэ гупсысэм и IэфIыр къагуригъэIуэну, зэхригъэщIыкIыну ар яужь зэритарщ. 
Октябрь революцэм иужькIэ бгырыс лъэпкъхэм тхыбзэ яIэ хъуащ. Абы къыдежьащ къуажэ еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щегъэджыныр. ХХ лIэщIыгъуэм и 20–30 гъэхэм лъэпкъ тхыбзэр зытет графикэр зыбжанэрэ яхъуэжын хуей хъуами, сабийхэр зэрырагъаджэ тхылъу, пособие зэмылIэужьыгъуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдагъэкIым куэдкIэ хэхъуащ. Лъэпкъ сабийхэм щхьэхуэу тхылъхэр, художественнэу гъэпса тхыгъэхэр зэрыт, зэреджэн тхылъ яхузэхэлъхьэн, яхузэгъэпэщын зэрыхуейр къагурыIуэу а Iуэхум елэжьащ Цагъуэ Нурий, Елбэрд Хьэсэн (I896–I967), ЩоджэнцIыкIу Алий (I900–I94I) сымэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм зэхалъхьауэ щытащ I93I гъэм къыдэкIа «Артель» тхылъыр. ЩIэблэр егъэджэныр, гъэсэныр къалэн нэхъыщхьэу къэралым щыуват, арат зыхуэунэтIар «культурэ революцэкIэ» зэджэ лэжьыгъэ щхьэпэр. Абы и мыхьэнэр фIыуэ къызыгурыIуэ адыгэ щIэныгъэлIхэм еджапIэхэр зыхуеину тхылъхэр хуагъэхьэзырырт, езыхэм я нэхъыбэри егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытт. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я Iуэхум а илъэсхэм къэмылэнджэжу бгъэдэтахэм ящыщщ ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Цагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий, Борыкъуей ТIутIэ, ДыщэкI Мухьэмэд, Елбэд Хьэсэн, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ, нэгъуэщIхэри». 
Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:

Читать также: