ПсэукIэ жыджэрым хуашэж

Реабилитацэ центру Мещеряков А. И. и цIэр зезыхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Хэкум             и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм ­папщIэ егъэджэныгъэ семинар. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и Администрацэм, ­УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, ­УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм, МВД-м, МЧС-м, нэгъуэщI къэ­рал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
 
Iуэху щхьэхуэхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ­хэм щыхэплъащ ветеранхэр лэжьапIэ гъэувыным, абыхэм я Iуэхухэр тыншу зэфIагъэкIын папщIэ дэIэпыкъуэгъухэр ящIыгъуным, социально-реабилитацэ Iуэхутхьэбзэхэм зегъэуб­гъуным, нэгъуэщIхэми. 
Кърагъэблэгъа хьэщIэхэм и гугъу ящIащ ­зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ ядэ­IэпыкъунымкIэ щIыналъэхэм лэжьыгъэш­хуэ зэрыщрагъэкIуэкIым, зэфIэкI хъарзынэхэр къызэрагъэлъагъуэм. 
«Къапщтэмэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным зэпымыууэ зеужь. Фондым зэфIих Iуэхугъуэ­хэм заубгъу, сэлэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм-рэ зэрадэгъуэгурыкIуэ Iэмалхэр ирагъэфIа­кIуэ. Аращ щхьэж и зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэ­жэ­ным, щIыналъэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ нэхъыфIхэр нэхъыбэм къащIэным, ветеранхэм нэхъ хэгъэ­хьауэ ядэIэпыкъуным хуэунэтIа унафэхэр зэ­хэлъ­хьэным апхуэдизу мыхьэнэшхуэ щIиIэр», - жиIащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и статс-секретарь-къуэдзэ, «Хэкум и ­хъу­макIуэхэр» фондым и унафэщI Цивилевэ Аннэ. 
Апхуэдэу къызэрагъэпэщащ реабилитацэмрэ социальнэ адаптацэмрэ ехьэлIа иджырей технологиехэмрэ къэхутэныгъэ­щIэ­хэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ. Семинарым хэтахэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ зи тхьэкIумэм зэхимыхыж, зи нэхэм ямылъагъужхэм ягъуэта сэкъатыр зэрызэрагъэзэхуэж дэIэпыкъуныгъэ­хэм. Апхуэдэ сымаджэхэм щадэIэпыкъу ме­дицинэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэ хъуащ Меще­ряков А. И. и цIэр зезыхьэ реабилитацэ цент­­рыр. Абы щхьэхуэу игъэпса программэмкIэ йолэжь зи нэм имылъагъу е зи тхьэкIу-        мэм зэхимых ветеранхэм езыр-езыру я щхьэ Iуэху зэрахуэжыфу есэным, ахэр жылагъуэм хэзэгъэжыным, IэщIагъэ зрагъэгъуэтыным, лэ­жьапIэ увыным, къапэщылъ гъащIэр адэкIэ яубзыхуным. Реабилитацэр адрейхэм къащхьэщызыгъэкIыр, зи узыншагъэм сэкъат ­игъуэта ветераным и унагъуэм исхэм я гъусэу лэжьыгъэр зэрыдрагъэкIуэкIырщ, ар сэбэп ­мэхъу зауэлIхэр мамыр псэукIэм нэхъ псын-щIэу икIи нэхъ тыншу хуэкIуэжынымкIэ.
Iэрыс Iэсият. 

 

Поделиться: