ЦIыхур и хьэлым емылэжьмэ, гува-щIэхами гугъуехьхэр къылъэщIохьэ, и щхьэм пщIэ хуимыщIыжу мэхъу. Хэт ар зи лажьэр? Шынэм пикIуэта езыра? Хьэмэ щыцIыкIум и гур ираудыIуа?
А упщIэхэм жэуап кърет нобэ зэдгъэцIыху Нагайченкэ Руслан. Ар медицинэмкIэ психологщ, ФСБ-м и академиер къиухащ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылэжьащ, Урысейм я психотерапевтхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, тхылъитI и IэдакъэщIэкIщ.
* * *
Псори фIы ягу илъу къыхыхьэркъым уи гъащIэм. Иныкъуэхэр къыпкIэлъыплъ къудейщ, ущымахэм, дзыхьыр зэрыпIэщIэкI щIыкIэм, къуаншэу зубжыжу, лейр уэр-уэру езыхэм щептыным пэплъэу. Мыбдежым куэд щыщоуэ. ПасэIуэу цIыхур гъунэгъуу зыбгъэдагъэхьэри, занщIэу «езыхэм ей» ящI. ЩIэхъумэн хуей гуэрхэм псынщIэIуэу хуит хуащI. ИтIанэ къоуIэбжь: сыт абы и удыныр нэхъ къызэуз дыдэм деж щIытехуар, жаIэри. Мыр уигу иубыдэ: япэ къэсым зыIэрыбгъэхьэ хъунукъым. УпщIэ къозыт псори уэ щхьэкIэ гузавэркъым. ТэмакъкIыхьу къодаIуэ псори уи телъхьэкъым.
* * *
ФIыуэ фыкъамылъагъурэ пэт, фпэгъунэгъуу къэнэну хуей цIыхухэм япэIэщIэ зыфщI. Мыхэр нэхъ зыхуэсакъыпхъэ цIыху лIэужьыгъуэщ. Абыхэм фIыуэ ялъагъур фэракъым, фэ зыгуэр къывэхъулIэкIи, къывдэгуфIэркъым. Езыхэр зыкIи къывдэмыIэпыкъурэ пэт, ахэр фи Iэгъуэблагъэм икIыркъым. Сыт апхуэдэу щIащIэр? Зэфыгъуэм щэхуу зэрылъэIэсын Iэмал къалъыхъуэри. ФщIэуэ хъуам кIэлъыплъынущ ахэр, фигу къэкIахэр япхъуэтэн е абыхэм ещхьыркъабзэ гуэр къызыкъуахын щхьэкIэ. ФIы къывэхъулIэмэ яфIэфIуракъым ахэр къыщIывбгъэдэнэр. Фыщыщыуэнум пэплъэу аращ. Фи ехъулIэныгъэхэр щиухынум йожьэ. Зыгуэр къызэрыфщыщIу: «Мис, жысIатэкъэ ар жыжьэ зэрынэмысынур», - жаIэн папщIэ. Апхуэдэхэм фи псэм и къарур фщIафыкI. УпщIэ къыщIыватыр зыгуэрым зрагъэсэн папщIэкъым. Зэрагъэпщэну хуейщ, сэ сымынэхъыфIу пIэрэ, жыхуаIэу. КъыфхуэгуфIэу, фи щIыбагъкIэ жаIэр нэгъуэщIу. Ныбжьэгъу пэжхэр жэщ-махуэ сыхьэт тIощIрэ плIым къывбгъэдэскъым. Жыжьэ щыIэу щытми, фэ щхьэкIэ мэгуфIэ. Ахэр къыщыкIуатэр пэж дыдэу уащыхуэныкъуэм дежщ. КъызэрывдэIэпыкъури псалъэ фэрыщIкIэкъым, яхузэфIэкI зэращIэмкIэщ. ЦIыху нэпцIхэр гъунэгъубзэу къыббгъэдэтщ, зыри зыIэщIамыгъэкIын хуэдэу. ХэвгъэкI апхуэдэхэр фи гъащIэм. Фи дуней Iыхьэр фхъумэж. Сыту жыпIэмэ, узыщышынэ закъуэныгъэм нэхърэ, гъунэгъуу къыббгъэдэт цIыху пхэнжым къуищIэнкIи хъунур нэхъыбэщ.
* * *
КъывэхъулIэр адрейхэм къазэрыщыхъум феплъ. Зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ цIыхум фэ нэхъыфIу фхэлъыр игъэпудынукъым. ЦIыхуфIым фи гуращэхэр къывдиIыгъынущ. Зи гъащIэмкIэ арэзыр и фIэщу къывдэгуфIэнущ. Ауэ адрейхэм япеуэу зи гъащIэр зыхьым сытым дежи нэхъ цIыкIу фищIыну хэтынущ. Фэ зыгуэр фи лажьэу аракъым ар апхуэдэу щIыщытыр, фэ къыщывбгъурытым деж езым игу зэрызэбгъэжырщ. Зыгуэрым фыщригъусэм деж, нэхъ щэхуу, нэм зыкъыфIэвмыгъанэу, зыфшыIэу фыщытмэ, игу зэвмыгъэбгъэжын папщIэ, къывэхъулIахэм, фи мурадхэм фытепсэлъыхьын фышынэмэ, фэ щIыпIэ куэдыIуэ фубыду арагъэнкъым, фызримыгъусапхъэм фригъусэу аращ. Укъаухъуреихьыну зыхуэфащэхэм уащригъусэкIэ, ахэр умыгъэпIейтеин папщIэ, нэхъ цIыкIу зыпщIын хуей хъунукъым.
* * *
ЯхуэпщIэм гу лъызымытэхэр щыIэщ. Гу зылъатэр яхуумыщIэращ. УдэIэпыкъуу, бэлыхьым къыхэпшыжу, уи зэманри къарури ятебгъэкIуадэу. Ауэ зэ укъызэрыувыIэу, Iей уохъуж. Зыпхъуэжащ, жаIэ, япэм ухуэдэжкъым. Хьэуэ! Ар бгъэтыншын зэрыхуей зэпытым уригъэшауэ аращ. Мыр зыгурывгъаIуэ: иныкъуэ цIыхухэм фэракъым фIыуэ ялъагъур, къыфхуеиху фызэрагъуэтырщ. Фызэрыгъунэгъур яфIэфIщ: жэуап явот, фадоIэпыкъу, къыфтрагъэхьэлъэр фошэч, я пIэ фоувэф. Нэхъыбэж яхуэфщIэну фыхьэзырщ, езыхэм зэи зыри къыфхуащIэнукъым. Абыхэм фIыуэ ялъагъур фэракъым, фи зэфIэкIращ. Ар зэхэбгъэкIыну тыншщ. «Хьэуэ», - жывоIэри, къевгъэлын щывогъэт. Зыри тефлъащIэркъым. Къыбгъэдэфхым нэхърэ нэхъыбэ евмыту зывогъасэ. ФIыщIэр псынщIэу зэрыкIуэдыр флъагъунщ абдежым. Дыгъуасэ фи ныбжьэгъуу жызыIам нобэ «щхьэхуэфI» къыффIищынущ. Сыт щхьэкIэ? Зыгъэтынш пщылIу фыщытыжкъыми. Зыгуэрым зыгъэлэлапIэ иIэн щхьэкIэ, фэ фи къалэнкъым фи къарур ифпхъыну. ПщIэншэу гур хэзыгъахъуэ, псоми я пIэ иувэф цIыхуу фыщытын хуейкъым. Фэ гугъу фызэрыригъэхьым хуэдиз дыдэкIэ зэ закъуэ гугъу евгъэхь а псэуху фыкъэзыгъэсэбэпыну зи мурадыр. Абдежым къывгурыIуэнущ къызэрыфхущытыр. Фызэримыгъуэтыжым игъащтэмэ, фызэрыригъусэм зэи уасэ хуимыщIауэ аращ. Апхуэдэу нэхъ тыншу аркъудейт. Аращи, зыфхъумэж. Зрырагъэгусэ, фыIейуэ жрыраIэ, къыфхурепсалъэ. Иныкъуэхэм деж цIыху тыншу ущымытыныр Iэмал закъуэу къыщIокI, зыкъэбгъуэтыжын папщIэ.