Адыгэ хъыбарыжьхэм яхъумащ пасэрей лъэпкъ зэхэтыкIэр. Абыхэм фIы дыдэу къахощыж пасэрейхэм Iущагъыу яхэлъар, хабзэ-нэмысыр зэрызэрахьар, лIым и псалъэм иIа пщIэр, адыгэм иIа хахуагъэмрэ абы и лIыгъэр зыхуэдэмрэ. Апхуэдэ хъыбарыжьхэм ящыщщ пщы Щэбэтыкъуэ теухуар.
Пщы Щэбэтыкъуэ и тетыгъуэт. ВакIуэ дэкIыгъуэт, арщхьэкIэ пщыр гъуэгу тетти, абы и Iизыныншэу вакIуэ дэкIын иракуртэкъым. Пщыр къогувэ, гъатхэри къэсащ.
- Пщым дежьэурэ ди щIыр къинэжынущ, сыт тщIэнур? – жаIэри зэхэсщ.
Нэхъыжьхэр зэчэнджэщри, пщым пэмыплъэну зэгурыIуащ:
- Щэбэтыкъуэ делэкъым, дызэхищIыкIынщ, - жаIэри.
ДэкIащ вакIуэ. Куэд мыщIэу, пщыри къахыхьэжащ. Езым и Iизыныншэу къуажэр вакIуэ зэрыдэкIар къыщищIэм, сабэ дрипхъеящ, кIиящ-гуоуащ:
- Яхуэздэнкъым! Сэ къыщыспэмыплъэфакIэ, къагъэзэжу шэщ схуащIыху, зы вагъэбдзумэ гуахыу здэнкъым!
Бейгуэлхэр игъакIуэри, цIыхур къуажэм къыдригъэхуэжащ. Сыт ящIэнт: пщыр залымт, упэув хъунутэкъым.
- Щхьэ и ней къытщыхуауэ пIэрэ пщым? Дэри тхьэм дыкъигъэщIащ, сыт псэугъуэ къыщIыдимытыр? - мэшхыдэ лъхукъуэлIхэр.
- Нэхъыжь гуэр пщым деж дывгъэгъакIуи, жэуап къеIыдвгъэх, - жари зэгурыIуащ.
Къуажэм я нэхъыжь дыдэр пщым деж ягъэкIуащ.
- Щэбэтыкъуэ, - жиIащ лIыжьым, - гъэр къэсащ, вакIуэ ихьа цIыхум щхьэ къебгъэгъэзэжа? Шэщ ухуеймэ, пхуэтщIынщ, ар пIэщIэгъуэкъым, вакIуэ дыкъигъэхьэж закъуэ.
Пщым идакъым:
- Сэ си псалъэ тIэужыIэкъым: шэщ схуэвмыщIауэ вакIуэ фыдэкIыу здэнукъым.
- Зы тхьэмахуэкIэ дыкъихьэжынущ вакIуэ, итIанэ пхуэтщIынщ.
- Сэ сыпщтэкъым, си псалъэр тIэужыIэ хъууэ щытатэмэ. Си унафэр унафэщи - вгъэзащIэ!
ЛIыжьым зыхуэшыIэжакъым:
- Шэщыр пхуэтщIынщ, Щэбэтыкъуэ. Зы тхьэмахуэ дыгувэкIэ дылIэнкъым. Ауэ, зыгурыгъаIуэ, нобэ щыщIэдзауэ узибийщ: япэ дыщызэхуэзэ ди пIалъэщ. Тхьэ соIуэ, сыпфIэмыкIынкIэ, уэри, укъыспэлъэщмэ, укъысфIэмыкI!
Ар жери лIыжьыр пщым и пщIантIэм къыдэкIыжащ. А тIур щызэпсалъэм зыми зэхихатэкъым…
Пщым и унафэр унафэти, выр щIатIыкIыжри, Щэбэтыкъуэм шэщ хуащIащ, шэщыр щIын яухри, губгъуэм ихьэжащ цIыхур…
Куэдрэ пытынт - яухри вакIуэ къихьэжащ.
Махуэ гуэрым пщы Щэбэтыкъуэ щакIуэ кIуащ. Пщым и закъуэут щакIуэ кIуэ зэрихабзэр. Хьэджафэжьыр и ужь иту дэкIыу щилъагъум, псалъэ зыта лIыжьыр кIэлъежьащ, и цей щIагъым фокIэщIыр щIигъапщкIуэри. Пщым мэзыр куэдрэ къиущыхьагъэнщ. Лъагъуэ пхэнж гуэрым щызэIууащ пщы Щэбэтыкъуэмрэ лIыжьымрэ.
- Къауэ, Щэбэтыкъуэ! - жиIащ лIыжьым. - Си псалъэм сепцIыжынукъым. Япэ уэгъуэр узот.
Пщым и фIэщ хъуакъым:
- Делэ ухъуащ, лIыжь! Сыт узыхэтыр?!
- Сызыхэтыр уэ уощIэ! Дязыхэз щIым щIэмыхьауэ, къуажэм сыдыхьэжынкъым! Къауэ!
И фочыр узэда хьэзырти, пщым кIакхъур щIичащ, арщхьэкIэ лIыжьым къытехуакъым.
- Уэ уи псалъэ тIэужыIэ пщIын уи жагъуэщ, сэри кIакхъур тIэу щIэсч си хабзэкъым!
Еуэри, пщыр къригъэпсыхащ, бгъэдыхьэри, и афэ джанэр къыщихащ, и пащIэкIэр къыпигъэхури, и бгъэгущталъэм ирилъхьащ. Къежьэжрэ пэт я къуажэ лIитI кърохьэлIэ.
- Флъэгъуа мыбдеж къыщыхъуар?
- Тлъэгъуащ, тхьэмадэ. Дэращ ар щIэпщIар…
Пщым и хьэдэр щIатIэри, щыри къежьэжащ. Иужьым тхьэмадэм уэрэд иусыжащ:
Сэ сщIэ псори жысIэжмэ,
«ЛIыжь щхьэщытхъу» къысфIащ.
Сэ си мыщIащхьи
Пщы Щэбэтыкъуэ хэзгъэщIащ…
ШыкIэпшынэкIэ дежьууэ, лIыжьым абыкIэ зиумысыжыгъащ.