Хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ ятеухуауэ иджыри зэ

Сыт нэхъ лъапIэу щыIэ лъэпкъым и дежкIэ, абы щIэныгъэлI къыхэхъуэным елъытауэ? Ар бзэм елэжь IэщIагъэлI щIалэу къыщыщIэкIым деж, а гуфIэгъуэр тIуащIэ мэхъу. 
 Адыгейм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институту КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэм мэкъуауэгъуэм и 15-м щекIуэкIащ «Мейкъуапэ и архелогие фэеплъхэм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щаубыд увыпIэр» урысейпсо щIэныгъэ конференц. Абы ирагъэблэгъа Быф Елбэрд Адыгэ республикэм и журналист пажэ ГъукIэлI Сусаннэ и «Псэлъэгъу» (ЗэдэгушыIэгъу») нэтыным и гупсысэхэр къыщригъэIуэтащ. 
Быфыр адыгэбзэм и къудамэ псомкIи зэрыпсалъэмкIэ къригъэжьащ Сусаннэ и уэршэрыр. Ауэ къеплъхэм бзэм и къарур нэхъ зыхащIэн папщIэ, журналистымрэ IэщIагъэлIымрэ щхьэж езым къыдалъхуа щIыпIэбзэр къагъэщхьэпащ. 
«Дауэ адыгэбзэм и къудамэхэр зэрызэбгъэщIар? Шапсыгъ диалектми, абэзэхэми, бжьэдыгъу псэлъэкIэми уропсалъэ, жаIэри къыбгуроIуэ?» - щIэупщIащ Сусаннэ. 
УпщIэм и жэуапу, Елбэрд зи цIэ къраIуа бзэ къудамэхэмкIэ и жэуапыр иухуащ, ауэ къызэрыдалъхуам къыхэкIыу, къэбэрдей щIыпIэбзэмкIэ щыуагъэншэу псэлъэфыну нэхъ къызэригугъэм трищIыхьу жиIэри, уэршэрыр ежьащ. 
Елбэрд адыгэбзэм и макъхэм, фонологием йолэжь. «Макъхэр зэрызэмыщхьыр сфIэгъэщIэгъуэнт, - IэщIагъэм хэпщIа зэрыхъуар игу къигъэкIыжащ щIэныгъэлIым. - Псалъэм папщIэ, Емыж Нурбий и уэрэд сыщедаIуэкIэ, щхьэ «сыфай» жиIэрэ, «сыхуейщ» жимыIэу? Апхуэдэ упщIэхэм я жэуап къэслъыхъуэху, нэхъри сыдихьэхащ». 
Адыгэбзэм и къудамэхэр зэрилъытмэ, дэтхэнэрауэ пIэрэ щIэныгъэлIым къыхихынур? 
- Ди бзэхэм мыгъэщIэгъуэн зыри яхэткъым, - жеIэ Елбэрд. - Дэ беиныгъэу диIэр а къудамэхэрщ. ЩIыпIэшхуэм дызэрисар, щIышхуэ зэрытIыгъар, тхыдэшхуэ зэрыдиIар къагъэлъагъуэ абыхэм. Диалект къэс ди тхыдэр къигъэщыпкъэу апхуэдэщ. Псалъэм папщIэ, абэзэхэм я щIыпIэбзэр ипэкIэ нэхъ кIуэтауэ къысфIощI, зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ хэтщ. Шапсыгъым зы пасэреигъэ гуэр хэлъщ, беслъэнейм ардыдэр нэгъуэщIу къыщыхощ. Псалъэм папщIэ, бжьэдыгъум «IыхьиплIу зэхэлъ системэ» жыхуаIэр ихъумауэ щытщ, жьы зыщIэт-зыщIэмыт макъхэр. Псори гъэщIэгъуэнщ, зыгуэр къыхэзгъэщхьэхукIыфыну щыткъым. Макъ и лъэныкъуэкIэ, бжьэдыгъум ейр нэхъ къиинынущ, сыту жыпIэмэ, абы жьы зыщIэт макъхэр хэтщ: «б», «п» хуэдэхэр. КIэмыргуейхэми къэбэрдейхэми ар зыхамыщIыкIыххэнри хэлъщ. Сэ сесащи зэхызох, ауэ зымыщIэм зы макъыу къыщыхъункIи хъунущ. ЗымыцIыху ар щыуагъэу къыщохъу. 
 Куэд щIоупщIэ хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэхуаIуэхум. Елбэрд и еплъыкIэм нэфI-ней зэрыхэмылъыр хьэкъщ: «Мы хьэтыбзэм цIыхур тIэкIу игъэщхьэрыуауэ щытщ, пэжыр жысIэнщи. Романтикэ гуэри къыхэмыхуэу хъуркъым, дауи. «Анадолэм иса цивилизацэшхуэм дэ дыкъыхэкIащ», - жаIэри, цIыхур тIэкIу мэбэлэрыгъ. Мыбы и пэжыпIэр нобэрей бзэ щIэныгъэм къызэрихутэмкIэ зэрыщытыр, сэ зэрыслъагъур жысIэнщ. Iуэхур зыIутращ. Адыгэ-абазэ бзэ унагъуэр щыIащ икIи щыIэщ. Хьэтыбзэр илъэс миниплI ипэкIэщ щыщыIар. Илъэс миниплI ипэкIэ къыхэгъэщхьэхукIауэ адыгэбзэ иджыри щыIакъым. ЩыIар адыгэ-абазэ пасэреибзэ, «праязык» жыхуаIэращ. А бзэмрэ хьэтыбзэмрэ зы лъэхъэнэм хеубыдэ. Ахэр зэблагъэ дыдэу щIэныгъэм зэкIэ жиIэфыркъым. Сыт щхьэкIэ? Пэжым ухуеймэ, хьэтыбзэм щыщу къагъуэтыжа псалъэхэр 100-м нэсыркъым. Псалъэхэр ятхыжауэ щыIэщ. И гъэпсыкIэр абазэбзэми адыгэбзэми ещхьыркъабзэщ. Абы гу лъатащ щIэныгъэлIхэм. КъухьэпIэ кавказыбзэхэм ещхьщи, зэгъэпщэн хуейр ахэращ. Ауэ лъабжьэ зиIэ псалъэхэр къапщтэмэ, куэд хъуркъыми, зэплъытыну бзэр пщIэркъым. Иныкъуэ псалъэхэр тохуэ адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ. Мыр гъэщIэгъуэнщ. «Сыту ещхь», - жыуегъэIэ. Мыдрей псалъэхэр темыхуэххэнкIи хъунущ. Нэхъ зэтехуэн хуейуэ псалъи 100 щыIэщи, темыхуэ куэди яхэтщ. Псалъэм папщIэ, мазэ, бзэ… Ахэр техуэххэркъым адыгэ-абазэбзэхэм. Аращи, дауэ абы узэреплъынур? Иджыри щIэныгъэм къихутэфакъым. И благъэ дыдэу щыт хьэтыбзэр адыгэ-абазэбзэхэм, хьэмэ зыгуэркIэ зылъэIэсауэ зэщхь хъуа къудей? Иджыри тщIэркъым». 
 Сусаннэрэ Елбэрд я уэршэр купщIафIэм щыщу къэтхьар и Iыхьэ плIанэ хуэдизщ, абы и кIэм нэс еплъыну гукъыдэж зыщIым нэтыныр Адыгейм и ГТРК-м и напэкIуэцIми интернетми къыщигъуэтыфынущ. Ауэ хьэтыбзэмрэ иджырей адыгэбзэмрэ зэдгъапщэурэ лъэныкъуэкIэ къаплъэхэр зыщыдмыгъэдыхьэшхын папщIэщ мы нэтыным и хъыбарыр щIыфлъэдгъэIэсар. ЩIэныгъэлIхэм илъэс пщIы бжыгъэхэр зытрагъэкIуадэ къэхутэныгъэхэм уащхьэпрылъу, «мыбы къикIыр мыращ» жыпIэныр, Елбэрди зэрыжиIауэ, мащIэу узыгъэщхьэрыуэ щIэныгъэншагъэщ. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ