ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм трагъащIэ

Тэрч щIыналъэм япэу щрагъэжьащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ Iуэхур. Ар КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ ягъэзащIэ, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу. Мы зэхыхьэр республикэм и район псоми щекIуэкIынущ.
Мыр хуэунэтIащ цIыхубэр зэкъуэгъэувэным, республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, я лъахэм и хабзэхэмрэ тхыдэмрэ джыным щIалэгъуалэр хэшэным. 

Зэхыхьэм хэтащ республикэм и унафэщIхэм, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр, Тэрч щIыналъэм я нэхъыжьхэмрэ абы я щIалэгъуалэмрэ. 
Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Байчекуев Аслъэн, КъБРм и Iэтащхьэм и дэIэпыкъэугъу Самофаловэ Светланэ, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Жамбулэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ, КъБР-м и Парламентым и депутат ЛIэужь Ахьмэд. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм и япэ къатым къыщызэрагъэпэщат республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэ. Абы къызэщIиубыдэрт Тэрч щIыналъэм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и щапхъэхэр, республикэм ис лъэпкъхэр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIыр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр. 
ЗэIущIэм хыхьэу къызэрагъэпэщащ «От традиции к будущему: как культура, медиа и туризм формируют общероссийскую гражданскую идентичность» зэпсэлъэныгъэр. Абы хэтахэр тепсэлъыхьащ щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, лъэпкъ щэнхабзэм нэхъыбэ щыгъэгъуэзэнымкIэ иджырей Iэмэпсымэхэр къызэрыбгъэсэбэп хъунум, туризмым ехьэлIа лэжьыгъэ щыбгъэзащIэкIэ щIыналъэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къызэрыщхьэпэнум, нэгъуэщIхэми. 
ЩIалэгъуалэ центрми щекIуэкIащ егъэджэныгъэ дерсхэр. «Виртуальное путешествие: Россия, которую вы ещё не видели» Iуэхум хыхьэу, абы хэтхэм зэхуэсым и эксперт Кущев Станислав и гъусэу яджащ къэралым и щIыпIэ дахэхэм ящыщу иджыри куэд зыщымыгъуазэхэр, Урысейм и щIыналъэхэм я щIыуэпсыр, тхыдэ ухуэныгъэхэр зыхуэдэр, нэгъуэщIхэри. «Унагъуэм и дамыгъэ» зэхыхьэм хэтахэр ириплъэжащ я унагъуэ тхыдэмрэ хабзэхэмрэ. Зэхуэсахэм я лъэпкъ дамыгъэхэр ящIащ. ЗэIущIэр щиухым абы хэтахэр фильм зэдеплъащ.
«Эльбрус» Корпоратив университетым къызэригъэпэща зэхыхьэри гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Ар иригъэкIуэкIащ университетым и унафэщI Айбазовэ Тамарэ. Мыр нэхъыбэу зытрагъэщIар ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я унафэщIхэрщ, республикэм и щIыналъэхэм щэнхабзэ Iуэхухэр щызыгъэзащIэ лэжьакIуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэщ. Къапщтэмэ, къытеувыIащ ЩэнхабзэмкIэ унэхэм иджыпсту щыIэ Iуэху зэIумыбзхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэу къалъытэхэмрэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, къуажэхэм щагъэзащIэ, мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр республикэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми щрагъэкIуэкIыныр щхьэпэщ. 
Айбазовэ Тамарэ къызэрилъытэмкIэ, зэхыхьэм щынэхъыщхьэр зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэр зэрагъапщэу ахэм я фIагъыр къапщытэныркъым, атIэ зэчэнджэщыныр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм дызыхуэкIуэ зэманым къапэщылъ къалэнхэр ягъэбелджылынырщ. 
Зэхуэсым и программэм увыпIэ ин щаубыдащ цIыхубэ IэпэIэсагъэмкIэ мастер-классхэм. Тэрч щIыналъэм Сабий творчествэмкIэ и центрым и егъэджакIуэ Хьэмокъуэ Мадинэ итащ уагъэ зэрызэIуащэм теухуа дерс. 
Зэхыхьэхэм хэтахэр щагъэгъуэзащ IэпэIэсагъэм и тхыдэмрэ ар нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIымрэ. Хьэмокъуэр къытеувыIащ, щIэныгъэ гуэдзэм хыхьэу, илъэс 26-рэ хъуауэ ныбжьыщIэхэр IэпщIэлъапщIагъэм зэрыхуигъасэм. Сабийхэр гъэ къэс уагъэ зэIущэным и унэтIыныгъэщIэхэм хегъэгъуазэ, иджырей фэилъхьэгъуэхэр щадкIэ лъэпкъ тхыпхъэхэр хаухуанэу. Абы и фIыгъэкIэ иджырей щэнхабзэ Iуэхухэми хэтыну, пасэрей IэщIагъэ дахэр къагъэщIэрэщIэжыну, ар яхъумэну Iэмал яIэщ. 
ИщхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи, Тэрч щIыналъэм щекIуэкIа «Этнокод КБР» зэхуэсым хуэдэ республикэм и щIыпIэ псоми щрагъэкIуэкIынущ. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ