Лъытэгъуейщ и гуащIэрЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа КIэрашэ Тембот IэнатIэ хъарзынэхэр ирихьэкIащ: адыгэ газетым и редактору, тхылъ тедзапIэм и тхьэмадэу, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу, Краснодар дэт педагогическэ институтым щыегъэджакIуэу щытащ. Ауэ а псоми къадэкIуэу лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэри лъытэгъуейщ. КIэрашэм и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ литературэм и курыхщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуэунэтIащ лъэпкъ щэнхабзэр Iэтыным. КIэрашэм тхэным къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIым теухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр. «КIэрашэ Тембот къаруушхуэ тригъэкIуэдащ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, джыным, къыдэгъэкIыным. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхылъ щхьэхуэхэм щызэхуэхьэсауэ мызэ-мытIэу дунейм къытехьащ КIэрашэм итхыжа, зэхуихьэсыжа пасэрей адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ. КIэрашэм зэхуихьэсыжу нобэрей щIэблэм и пащхьэ ирилъхьа хъыбарыжьхэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэм жыжьэ къыщежьэ лъабжьэ быдэ зиIэ IуэрыIуатэ къулей къызэрагъэщIыфам. Апхуэдэ IуэрыIуатэр ноби хэкIыпIэ хуохъу лъэпкъым и художественнэ зыузэщIыныгъэм. Дигу къэдгъэкIыжынщ езы КIэрашэм и новеллэ телъыджэхэм я нэхъыбапIэм хэкIыпIэрэ купщIэрэ яхуэхъуар IуэрыIуатэр арауэ зэрыщытыр. IуэрыIуатэр лъабжьэ хуэхъуащ е абы къуэпс быдэкIэ пыщIащ, псалъэм папщIэ, «Налмэсми», «Абэзэхэ щакIуэжьми», «ЛIыгъэр зэрагъэунэхуми», «Пщащэм и псалъэми», «Бысым щIалэми», «Иужьрей фочауэгъуэми». Лъытэгъуейщ КIэрашэ Тембот и гуащIэр. Тембот и къалэм гуащIафIэм игъэбэта тхыгъэ щэджащэхэр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъым и художественнэ гупсысэр зэрыжаным, абы и псэкупсэ къарур зэрыгъунапкъэншэм. «Гъуэгу насыпыфIэр», «Налмэсыр», «Шу закъуэр» зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэм и гуащIэм куэдкIэ нэхъ къулей дэхъуащ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр, абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ лъагэ хъунырщ КIэрашэ Тембот и художественнэ къару лъэщыр зыхуэунэтIар. Адыгэ лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ КIэрашэ Тембот. Апхуэдэм и пщIэр кIуэ пэтми нэхъ лъагэ хъу зэпытщ. Махуэ, угъурлы хуэхъуащ КIэрашэм и художественнэ гуащIэр адыгэ литературэм. Абы и дамэр жамэ, и лъэр увамэ, и Iэпкълъэпкъыр зэрыубыдамэ, фIыщIэр япэ дыдэ зыщылъагъун хуей тхакIуэ щэджащэхэм ящыщщ КIэрашэ Тембот. КIэрашэм къыщIэтэджа щIэблэ гуащIафIэ зыбжанэ къыщIэуващ адыгэ литературэм, абыхэм я къару илъыгъуэщ нобэ, шу пашэхэм я щапхъэр я гъуазэу лъагапIэщIэхэм йобгъэрыкIуэ. КIэрашэ Тембот и тхыгъэхэм я цIэ жыжьэ Iуащ, куэдым я гур ятхьэкъуащ абыхэм, Iэджэм дежкIэ хъуащ лъапIэ, гукъыдэжрэ гуфIэгъуэрэ къезыт художественнэ къулеигъэ. Советскэ тхакIуэ цIэрыIуэ Дангулов Саввэ игу къегъэкIыж: «Ноби си нэгу щIэтщ КIэрашэм и тхыгъэхэм япэ дыдэ нэIуасэ сащыхуэхъуа махуэхэр. Сэ сыкъыщалъхуа къалэм – Армавир - и анэдэлъхубзэр адыгэбзэрт. Ди унагъуэ къихьэ адыгэхэмрэ дэрэ дызэрызэпсалъэр а бзэрат. Сысабийуэ зэхэсха таурыхъхэри адыгэ таурыхът, адыгэбзэкIэщ абыхэм си анэмрэ си анэшхуэмрэ сызэрырагъэдэIуэгъар. Си анэшхуэр Къэбэрдейм къыщалъхуат. Си анэм и адыгэбзэр апхуэдизкIэ дахэт, гъэхуати, ди унэ къихьэ адыгэ хьэщIэхэм зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым. Ди анэр фIыуэ щыгъуазэт адыгэ тхыдэм, пщIэшхуэ хуищIырт адыгэ лъэпкъым хэлъ лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ. Ноби зэхэсх хуэдэщ абы сызригъэдаIуэу щыта уэрэдыр – хышхуэм и толъкъунхэм зэрадзэ кхъухьым и уэрэд гуузыр. Кхъухь фIыцIэжьым хэкум иришырт хьэжрэт насыпыншэхэр… Адыгэхэм дащыхэса зэманыр си нэгу къыщIигъэувэжырт а уэрэдым, куэд щIатэкъым абы лъандэрэ, дэ зы лъэпкъ пэлъытэу дызэдэпсэурт, ди бзэр зыт – адыгэбзэт. Адыгэбзэ ящIэрт си Iыхьлы псоми, абы иригушхуэрт. Ди анэм и бзэм адыгэ псалъэжь шэрыуэхэр хэпхъат… А псор щIыжысIэр зыщ: адыгэ хэкур сэркIэ зэрылъапIэрщ, абы и быдзышэщ сэ сызэфар… КIэрашэм и тхылъ япэ дыдэ сэзыгъэлъэгъуар ди анэрщ – ар зыпищI щыIэтэкъым абы. ЯпэщIыкIэ нэIуасэ сыхуэхъуащ «Гъуэгу насыпыфIэм». ИтIанэ седжащ «Шапсыгъ пщащэм». Ди деж къэсын и пэ, «Гъуэгу насыпыфIэм» Армавир дэс унагъуэ псори зэлъищIысагъэнт. ЩэщI гъэхэм я пэщIэдзэрт ар – гъэсыныр мащIэти, унэхэр щIагъуэу ягъэплъыртэкъым. Тхылъ напэхэр уфIыцIат, бжьыгъэ защIэ хъуат, ауэ уеджэфырт, хьэрфхэр хэгъуэщэжатэкъым. Жэщыр хъуамэ, фэтыджэн уэздыгъэнэфыр пигъанэрти, тхылъым бгъэдэтIысхьэрт ди анэр. Тембот и тхылъхэм пищI щыIакъым ди анэм. Адыгэ тхакIуэшхуэм и пщIэр кIуэ пэтми дэкIуэтейурэ къэгъуэгурыкIуащ абы лъандэрэ…» Совет литературэм КIэрашэ Тембот хилъхьа гуащIэм пщIэшхуэ игъуэтащ. Гъунапкъэншэщ абы къызыхэкIа лъэпкъым и пащхьэм щиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ, а лъэпкъым и художественнэ тхыдэщ Тембот и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр. ТхакIуэм и къалэмыр ирагъэщхь вагъэбдзумэхэр къызэридзэкIыу щIыгулъ пшэрым щIэлъадэ вабдзэм. Апхуэдэу щIолъадэ тхакIуэм и къалэмыр гъащIэм и лъащIэм, егъэбатэ абы и пэжыпIэр, и купщIэр. Зи къарум телъыджэу къитIасэ къалэм лъэщ IэщIэлъащ адыгэ литературэм и тхьэмадэ Iумахуэ КIэрашэ Тембот». Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 →
НОБЭ
07.08.2026 - 17:33 →
Дуней псом и теплъэхэр
07.08.2026 - 14:13 →
Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр
| ||




