Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Грозный Иванрэ Темрыкъуэ Мариерэ ятеухуа «Династия: истоки и венец. История об Иване Грозном и Марии Темрюковне» тхыдэ романыр. Кинорежиссёр, сценарист, тхыдэдж, тхакIуэ цIэрыIуэ, тхылъ, фильм пщIы бжыгъэхэр къыдэзыгъэкIа, тхыдэ фэеплъхэр, Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинэр хъумэным зи гъащIэр хуэзыгъэпса Къандур Мухьэдин къыщIидза тхыгъэр нигъэсыжащ Урысей Федерацэм, Дуней псом я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, зэдзэкIакIуэ, журналист, продюсер, ЩIДАА-м и академик Бэлагъы Любэ.
Илъэс куэдкIэ зэщхьэгъусэхэр зэлэжьа тхыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа лэжьыгъэр тхылъеджэхэмрэ критикхэмрэ ягу дыхьащ. Адыгэ щэнхабзэм, лъэпкъ тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ Бэлагъы Любэ пасэу дихьэхат Урысейм и пащтыхь Иван IV (Грозный) етIуанэ щхьэгъусэ хуэхъуа пащтыхь гуащэ, адыгэ пщащэ Гуащэней (Марие) и гъащIэм, XVI лIэщIыгъуэм Москва къэралыгъуэмрэ къэбэрдеипщымрэ яку дэлъа зэхущытыкIэхэм тетхыхьыным. Урыс пащтыхь гуащэ хъуа адыгэ пщащэ Гуащэнэ адыгэ, урыс щэнхабзэхэм, къэрал Iуэхухэм я курыкупсэм хэтащ. Абы теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр Бэлагъым илъэс тIощIым нэблагъэкIэ иригъэкIуэкIащ. Урысхэмрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэм щIэдзапIэ хуэхъуа Гуащэней тетхыхьыну япэ дыдэу гупыж щищIар Москва университетым щыщIэса илъэсхэрщ, и лъэпкъым и блэкIар, урыс къэралыгъуэм и тхыдэм хэпщIа хъуа адыгэ бзылъхугъэм къикIуа гъуэгуанэр зригъэщIэну щIэхъуэпсырти.
Гуащэней чристэн диныр къищта нэужь, митрополит Макарий зэрыжиIэм тету псори игъэзащIэу щIидзащ, ауэ иужькIэ абы и зэран къекIыжащ, а диныр зыхимыщIыкIыу, къыгурымыIуэу щытауэ ятхыжащ. Дауэ хъуми, Iуэхум и пэжыпIэр, ар къызэрекIуэкIар дымышынэу жытIэн зэрыхуейр Любэ къилъытащ. ИкIи а пэжыр къихутэнырщ мы лэжьыгъэм иужь щIихьар. А пэжыр нобэ урысхэм я пащхьэм щыжеIэр икIи абы ахэр игъэпудыркъым. Гуащэней и псэм гузэвэгъуэу, пудыныгъэу, бэлыхьу телъыр трихынырщ илъэс 20-м нэс а лэжьыгъэм щIытригъэкIуэдар.
Илъэс I5 фIэкI мыхъу Гуащэней къалэнышхуэ - къэрал унафэ - и пщэ къыдэхуауэ щытащ. Пащтыхь Иван Грознэмрэ Гуащэнейрэ я гъащIэр члисэм щIэса тхыдэтххэм (летописецхэм) зэрыхуейм хуэдэу ятхыжащ. Дауи, ахэр щыгъуазэтэкъым Гуащэней зыщIапIыкIа адыгэ хабзэми, абы и хьэл-щэнхэми, хэлъа гъэсэныгъэми.
Бэлагъым зэрыжиIэмкIэ, а зэман жыжьэм - XVI лIэщIыгъуэм - абыхэм хуитыныгъэ яIащ а псом хамыщIыкIыну. Ауэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и тхыдэтххэр хуитакъым ар ямыщIэну. XX лIэщIыгъуэмкIэ дызэIэбэкIыжмэ, дызэрыт XXI лIэщIыгъуэри хыхьэу, Гуащэней и гъащIэр тхыдэтххэм зэрыхуей дыдэу ди пащхьэ къралъхьэ.
- Апхуэдизу дызэрыпагэн, дызэрыгушхуэн хуейуэ къысщыхъу адыгэ бзылъхугъэм пцIы тралъхьауэ, ягъэпудауэ тхыдэм зэрыхэтыр зэрыщыуагъэр гукIи псэкIи зыхэсщIэрт. Пащтыхь гуащэм щIэныгъэ бгъэдэмылъу, гъэсэныгъэ имыIэу къагъэлъэгъуащ. Ар щIэныгъэ зиIэ, уэркъ хабзэм тету гъэсэныгъэ, хьэл-щэн дахэ зыхалъхьа адыгэ хъыджэбзу зэрыщытам теухуа пэжыр къэгъэнэIуэн зэрыхуейращ илъэс куэд а лэжьыгъэм щIытезгъэкIуэдар, - жеIэ Любэ.
Гуащэней теухуауэ къигъэлъагъуэхэр зэрыпэжым и щыхьэт къихьыну къыхуэзыгъэув журналистхэм Любэ яжриIащ XVI лIэщIыгъуэм псэуа а бзылъхугъэр зыщIапIыкIа уэркъ, адыгэ хабзэхэр абы ихъуэжынкIэ Iэмал зэримыIар. ИтIанэ ар зыхэхуахэм адыгэ, уэркъ хабзэхэм зыри хащIыкIакъым. Гуащэнэ хэлъа шыIэныгъэмрэ къарумрэ къыздикIыр урыс тхыдэтххэм ящIэртэкъым. Ар уэркъ хабзэм зэрыщIапIыкIам и щэхухэм ящыщщ зыщ.
2005 гъэм Налшык и «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIауэ щытащ усэбзэкIэ тха «Гуащэнэ» романыр. Роман-драмэм къытращIыкIа спектаклыр Лондон щагъэуващ. ИлъэситI дэкIри, 2007 гъэм, Москва урысыбзэкIэ дунейм къыщытехьащ «Царская любовь» зыфIища и тхылъыр. Ар УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм утыку къыщрахьащ. Тхыгъэм къыщигъэлъэгъуэжащ Грозный Иванрэ Темрыкъуэ Мариерэ я гъащIэм щыщу тхылъеджэхэр фIыуэ зыщымыгъуазэ гуэрхэр, адыгэ гъащIэм и хабзэ дахэхэр, лъэпкъ щэнхабзэм, ди псэукIэм щыщ теплъэгъуэхэр.
УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, тхакIуэхэм, литературэм и лэжьакIуэхэм, критикхэм романым и фIагъыр къалъытащ икIи УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщэну къагъэлъэгъуащ. Ар и щыхьэтт Любэ и лэжьыгъэм и мыхьэнэмрэ абы и пщIэр къэралым къызэрыщалъытамрэ.
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм «Царица» тхылъыр 2008 гъэм урысыбзэрэ инджылызыбзэкIэ къызэрыщыдэкIам и фIыгъэкIэ, Темрыкъуэ Марие и гъащIэм дуней псом и плIанэпэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр щыгъуазэ хъуащ. ХьэкIуащэ Андрей къилъытащ Бэлагъы Любэ нэгъуэщI тхыгъэ имытхами, а зы лэжьыгъэмкIэ адыгэ литературэм и тхыдэм хэлъхьэныгъэфI хуищIауэ.
Темрыкъуэ Марие и гъащIэм и къекIуэкIыкIар илъэс куэдкIэ зэриджам, тхыдэм и пэжыр къигъэлъэгъуэжыну, а бзылъхугъэм тхыдэм щиIыгъа увыпIэр иригъэгъуэтыжыну зэрыхэтам ар хуишащ тхыгъэ нэхъ ин икIи купщIэшхуэ зиIэр итхыным.
«Династие» романым ипэ къихуэу, Къандур Мухьэдинрэ Бэлагъы Любэрэ кинематографием хэлъхьэныгъэ ин хуащIащ. Грозный Иван и лъэхъэнэмрэ Темрыкъуэ Марие и гъащIэмрэ ятеухуа тхыдэ киноэпопеем и сценарий ягъэхьэзыращ. Ар Канны утыку къыщрахьауэ щытащ икIи хамэ къэрал продюсер куэдым щIэщыгъуэ ящыхъуат. АрщхьэкIэ ар къэхутэныгъэ лэжьыгъэу къэнэжащ, я лэжьэгъухэм урыс-кавказ тхыдэ гугъум я мылъку халъхьэну зэрымыхьэзырым къыхэкIыу. Мылъкум и мызакъуэу, Урысеймрэ Кавказымрэ я зэхущытыкIэм еплъыкIэщIэкIэ бгъэдыхьэжыну къапэщылът. Урыс тхыдэм, литературэм, кинематографием Темрыкъуэ Марие и образыр мыхъумыщIэу къыщыгъэлъэгъуауэ екIуэкIырт. Урысеймрэ Кавказымрэ я зэгурыIуэныгъэм и дамыгъэ хъуа, адыгэпщым ипхъу, урыс пащтыхьым и щхьэгъусэм и къарур къагъэлъэгъуэжыну хэта щхьэкIэ, ар къехъулIакъым. Иужьрей илъэсхэм аращ нэхъыбэу зытрагъэщIар Бэлагъы Любэрэ и щхьэгъусэ Къандур Мухьэдинрэ 2020 гъэм «Династия: истоки и венец» романым щыпэрыхьам. 202I гъэм романыр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм инджылызыбзэкIэ къыщыдэкIащ икIи Amazon международнэ сайтымкIэ щIэупщIэшхуэ иIэу тхылъеджэхэм зыIэрахьэхьащ.
Къандур Мухьэдинрэ Бэлагъы Любэрэ мы романыр щатхым тегъэщIапIэ ящIащ урыс, хамэ къэрал тхыдэ тхыгъэхэр, дэфтэр лэжьыгъэхэр, адыгэ, урыс, хамэ къэрал тхыдэджхэм я къэхутэныгъэхэр, апхуэдэу Москва къэралыгъуэм, Кавказым, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум я тхыдэм теухуауэ XVI лIэщIыгъуэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Аращ мы романым купщIэрэ тхыдэм и пэжагъ инрэ лъабжьэ щIыхуэхъуар. Нэхъыщхьэращи, Темрыкъуэ Марие и гъащIэм и пэжым тхылъеджэхэр щагъэгъуэзащ, нэхъапэIуэкIэ яукъуэдияуэ щыIа нэпцIхэр къызэранэкIри.Мы лэжьыгъэр 2025 гъэм урысыбзэкIэ зэрадзэкIри къыдагъэкIащ, Президент грантхэмкIэ фондым и фIыгъэкIэ. Къандур Мухьэдин и фэеплъым теухуа «Открытая книга» Iуэхум щыщ Iыхьэ хъуащ ар. Шэч къытетхьэркъым «Династия: истоки и венец» романым иджырей адыгэ, урыс, дунейпсо литературэхэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщиубыдынум. Критикхэм къызэралъытамкIэ, ар Темрыкъуэ Марие и гъащIэмрэ Грозный Иван и лъэхъэнэмрэ ятеухуа, нэхъ мыхьэнэ зиIэ иужьрей художественнэ тхыгъэхэм ящыщщ.