Къалэдэсхэм я нэгу зрагъэужьащ

  ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Аттракционхэм я паркым, бадзэуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ гъэшхэкI къыщIэзыгъэкI «Чабан» IуэхущIапIэм къызэригъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ.

  «Чабан» IуэхущIапIэм и зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIа къалэдэсхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ Iуагъэхуащ куэд щIауэ къыщIагъэкIхэм нэмыщIауэ, иджы дыдэ ящI хъуа шхыныгъуэхэри (кхъуей, кхъуейлъалъэ, шху, шэ, шатэ, тхъу, тхъуцIынэ, дэлэн, хьэлывэ).  Къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ дэлэн зэращI щIыкIэр. ПщэфIэным, а шхыныгъуэм дихьэххэр яфIэхьэлэмэту абы кIэлъыплъащ.

   КъыжыIапхъэщ, «Чабан» IуэхущIапIэм игъэхьэзыр гъэшхэкIхэр Урысей псом, Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыцIэрыIуэр, тыкуэнышхуэхэм зэрыщызэбграгъэкIыр. Дауи, абы иIэ щIэупщIэр къэплъытэмэ, и фIагъым шэч къытумыхьэми хъунущ.

   Зэхыхьэр езыгъэкIуэкIа Жылэ Илонэрэ блогер ЛIызам Мухьэмэдрэ зэхуэсахэр упщIэ-жэуап тыкIэм тету ягъэджэгуащ икIи жэуап пэж къэзытахэм «Чабан» IуэхущIапIэм къыщIигъэкIахэмкIэ, нэгъуэщI саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ.

   Гъэлъэгъуэныгъэр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ. Макъамэм зи гукъыдэжыр къиIэта къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ къэфащ, джэгуащ. ЗэIущIэм хэта балигъи ныбжьыщIи пшыхьыр ягу ирихьауэ, я нэгу зиужьауэ зэбгрыкIыжащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ