Къалэм лъэщКIэрашэ Тембот и пщIэр, и цIэрыIуагъэр яIэтащ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа романхэм, повестхэм, рассказхэм. Ахэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми куэдрэ къыщыдэкIащ. Абыхэм адыгэхэм ди цIэр, ди лъэпкъым и хьэл-щэнхэр, и лIыгъэр, и псэукIэр зыхуэдэр дуней псом кърагъэщIащ. Езы тхакIуэшхуэр уахътыншэ ящIащ. Лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ КIэрашэм и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр. «Адыгэ тхыбзэм япэ лъэбакъуэр щича махуэм къыщожьэ КIэрашэм и литературэ лэжьыгъэр. ЛIы ныбжь гъуэгуанэ и нэгу щIэкIащ Тембот и къалэмым. А къалэмым игъэбэтащ къэрал псом щыцIэрыIуэ «Гъуэгу насыпыфIэ» романыр, повесть хьэлэмэт зыбжанэ, рассказ куэд, нэгъуэщI тхыгъэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ди литературэм темэщIэрэ гупсысэ гъэщIэгъуэнрэ къыхалъхьащ, цIыху гъащIэм и сурэт IупщIхэр ди нэгу къыщIагъэувэ. КIэрашэ Тембот и творческэ гъуэгуанэр лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъабжьэ хуэхъуащ; абы къихутащ жанр зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэм я хабзэхэр; социалистическэ реализмэм и хабзэхэмрэ адыгэ лъэпкъ фащэхэмрэ япэ дыдэ зэзыгъэкIуа тхакIуэхэм ящыщщ ар. 1925 гъэм дунейм къытехьащ абы и япэ тхыгъэр. Мыгувэу абы къыкIэлъыкIуащ етIуанэри ещанэри… КIэрашэм и цIэр хэку псом щызэлъащIысащ, абы и къалэмым зэхиублащ лъэпкъ литературэ. Къалэм гуащIафIэр зыгъабзэ тхакIуэм и тхыгъэхэм я фIыпIэм – «Гъуэгу насыпыфIэ» романым - и тхыдэр 1929 гъэм къыщожьэ. А гъэм тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытащ романым и япэ Iыхьэр. «ШамбулымкIэ» (арат а Iыхьэм зэреджэр) тхакIуэм и мурадар цIыхубз ныбжьыщIэм и гъащIэ гъуэгуанэр – ар пасэрей унагъуэ хабзэхэм я IэмыщIэ къызэрикIыр – къэгъэлъэгъуэнырт. Романым зделэжьым, КIэрашэм гу лъитащ а темэр, социальнэ Iуэхугъуэхэм къыгуэхауэ, зэпкърыпх зэрымыхъунум. ЦIыхум, псалъэм папщIэ, цIыхубзым, и хуитыныгъэмрэ и насыпымрэ хэкум щекIуэкI щэнхабзэ ухуэныгъэхэм епхат. Хуэм-хуэмурэ зиубгъуащ романым и темэм, ар куэдкIэ нэхъ къулей хъуащ, зы цIыху гъащIэм и пIэ цIыхубэм и гъащIэр иуващ. А псор къэгъэбэтэгъуафIэ хъуакъым. Илъэс тIощIым нэблагъэ тригъэкIуэдащ Тембот «Гъуэгу насыпыфIэ» романым. 1947 гъэрщ ар нэтхыса щыхъуар. А гъэм «Гъуэгу насыпыфIэр» адыгэбзэкIи урысыбзэкIи дунейм къытехьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым а романым папщIэ КIэрашэм къратащ Къэрал саугъэтыр. Адыгэ лъэпкъ литературэхэм я тхыдэм и кIуэцIкIэ къэрал псом япэ дыдэ цIэрыIуэ щыхъуа тхыгъэщ КIэрашэ Тембот и романыр. Нобэр къыздэсым ар къалъытэ советскэ лъэпкъ литературэ ныбжьыщIэхэм дежкIэ щапхъэ гъуэзэджэу. Адыгэ лъэпкъ литературэхэм дежкIэ «Гъуэгу насыпыфIэр» Шолохов Михаил и роман цIэрыIуэхэм еплъыт мэхъу: апхуэдабзэу пкъыфIэщ, купщIафIэщ, узэщIащ КIэрашэм и тхыгъэри. «Гъуэгу насыпыфIэ» романым ди литературэм и тхыдэм увыпIэшхуэ щеубыд, мыхьэнэшхуи щиIэщ. Аращ адыгэ романым и тхыдэм къызэрыщIидзар, абы и хабзэхэр, и лъэпкъ фащэхэр япэ дыдэу убзыхуа щыхъуар. КIэрашэ Тембот и роман цIэрыIуэм и лъэужьыр адыгэ литературэм дежкIэ махуэу къыщIэкIащ, абы и щапхъэхэр дэркIэ лъапIэныгъэшхуэщ. 1955 гъэм дунейм къытехьащ Тембот и етIуанэ романыр – «Ди пщащэхэр». Гупсысэм и пэ ищу зызыужь гъащIэм и гуфIэгъуэр зыхэзыщIэ, абы зи гур дыхэхъуэ, зи Iэпкълъэпкъыр щызэрыубыд цIыху жанхэщ а романым щытлъагъур. Ар дыдэхэм уащрохьэлIэ тхакIуэм и къалэмыпэм нэхъ иужьыIуэкIэ къыщIэкIа «КIукIуэ» романми. Абы цIыхубз щIалэм и образыр нэхъри куууэ зэпкърыха щыхъуащ. ТхакIуэм игъафIэ пщащэм дежкIэ нэхъыщхьэр псэм и къабзагъэмрэ и дахагъэмрэщ. Абы и гум техуэркъым зэманыжьым къыщIэна хабзэ мыхъумыщIэхэр, и къару псомкIи абыхэм йобгъэрыкIуэ, и хуитыныгъэмрэ и цIыхугъэмрэ гъащIэр щIитыфынущ. КIэрашэм апхуэдэ цIыхур ди пащхьэ кърегъэувэ сыт хуэдэ гугъуехьми ебгъэрыкIуэфу, псэкIэ къулейуэ, мурад дахэм хуэпабгъэу, гъащIэм махуэл щызымыщI, зи гупсысэр жан, зи гур жыжьэ плъэ цIыху лъэрызехьэу. КIэрашэм и иужьрей романым – «Шу закъуэм» лъабжьэ хуэхъуар тхыдэрщ, ар бэнэныгъэ гъащIэм хэт зэпыту адыгэхэм зэпача гъуэгуанэ кIыхьым и гъуджэ пэлъытэщ. Романыр щыхьэт тохъуэ тхыдэм и къару нэхъыщхьэр цIыхубэр ару зэрыщытым, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хъугъуэфIыгъуэ псори абы и Iэдакъэ къызэрыщIэкIам. Апхуэдэ гупсысэр IупщIу ядыболъагъу романым и лIыхъужь нэхъыщхьэм – «шу закъуэ» Ерстэм, мэкъумэшыщIэ щIалэ Батым сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр сыткIи йофIэкI «уэркъ щауэ хъыжьэхэм» - йофIэкI цIыхугъэкIэ, лIыгъэкIэ, хабзэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, гукIэ, псэкIэ. Романым щынэрылъагъущ «уэркъ хабзэкIэ» зэджэмрэ лъэпкъ куэдым я деж цIэрыIуэ щыхъуауэ къэгъуэгурыкIуэ адыгэ хабзэмрэ шурэ лъэсрэ зэразэхуакур, иужьрейм демократическэ купщIэ узыншэ зэриIэр, ар цIыхум и пщIэмрэ и цIыхугъэмрэ гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ зэрыщытар. Хуабжьу цIэрыIуэщ КIэрашэм и повестхэри. 1951 гъэм дунейм къытохьэ зи цIэр жыжьэ Iуа «Налмэс» («Шапсыгъ пщащэ») повестыр. Пасэрей гъащIэщ абы купщIэ хуэхъуар – епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Адыгэ мэкъумэшыщIэр революционнэ бэнэныгъэм хэзыша гъуэгуанэр лъабжьэ хуэхъуащ «Абрэдж» повестым. МэкъумэшыщIэр лIыгъэкIи цIыхугъэкIи лIакъуэлIэшхэм, гъэпщылIакIуэхэм зэрефIэкIыр нэрылъагъу щохъу «Шыхъуэм и лIыгъэ» повестым. Тхыдэм и къару нэхъыщхьэ дыдэу цIыхубэр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыгъуэгурыкIуэм щыхьэт тохъуэ КIэрашэм и новеллэ гъуэзэджэхэри – «Абэзэхэ щакIуэжь», «ЛIыгъэр зэрагъэунэху», «АдыгэлIыр нэхъ зыхуейр». Абыхэм ягъафIэ цIыхубэм я гуащIэмрэ я акъылымрэ, дунейм щызекIуэ хъугъуэфIыгъуэ псори зи Iэдакъэ къыщIэкIар гуащIэрыпсэухэр ару зэрыщытыр уи фIэщ ящI. КIэрашэ Тембот и повестхэм, новеллэхэм я нэхъыбапIэм лъабжьэ яхуэхъуар цIыхубэм Iэджэ щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ хъыбархэрщ. Пасэрей ныбжь яIэми, а хъыбархэр нобэрей цIыхум пэжыжьэкъым. КIэрашэм адыгэ тхыдэм сыт щыгъуи хегъуатэ гупсысэ жан – нобэрей цIыхум и акъылыр зыгъэлажьэ гупсысэ хьэлэмэт». Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 →
НОБЭ
07.08.2026 - 17:33 →
Дуней псом и теплъэхэр
07.08.2026 - 14:13 →
Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр
| ||




