Лъэпкъыпсэр зыхъумэхэм ящыщ зы цIыхущ

Коллекционер Шэпар Алан ещхьу къызыхэкIам ехьэлIа Iуэхухэм ягъэгузавэу хузэфIэкI абы хуэзыщIэхэращ апхуэдэу зыхужаIэр. Ар Бахъсэн къалэм щыщщ, и IэщIагъэкIэ юристщ, хьэрычэтыщIэщ, коллекционерщ. Зэхуихьэсыр пшынэщ, апхуэдэ гъэтIылъыгъэу иIэм я бжыгъэр 80-м щхьэдох. Езым къызэрилъытэмкIэ, ар зэхуэхьэсакIуэкъым, атIэ а Iэмэпсымэ телъыджэхэм, уасэншэхэм я хъумакIуэщ. ЦIыхум и гурыфIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ, и гупсысэхэмрэ зыгъэнэщхъейхэмрэ я щыхьэту къыщохъу ахэр. Къигъуэта, къищэхуа, кърата пшынэхэр зыхуей хуегъазэ, дэтхэнэми и макъым и IукIэмрэ и теплъэмрэ зрихъумэным яужь иту. 
- Пшынэм хузиIэ лъагъуныгъэр сабиигъуэм къыщожьэ. Сэ сытым дежи адыгэ пшынэр сигу ирихьырт, абы сызыIэпишэрт, пшынауэхэм я Iэмэпсымэ гъэбзэрэбзэкIэм сыкIэлъыплъырт. Си анэшхуэм и анэри абы и шыпхъуитIри пшынауэ Iэзэт, абыхэм япхъухэми яхэтт ар зи Iэпэгъухэр. Си анэшхуэм апхуэдизкIэ макъамэр, пшынэр фIыуэ илъагъурти, школым сыкIуэну сыщIигъэкIыртэкъым зэ сыкъыдэмыфауэ. Нанэщ пшынэр фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар, псори къыщежьари абы и дежу жыпIэкIэ щыуагъэ хъунукъым.
Ди унагъуэм пшынэ щимылъ къэхъуакъым. 20I2 гъэм нанэ дунейм ехыжа иужь, бэзэрым сыблэкIыу хьэпшып яIыгъахэр щащэж сатырхэм сыдэплъа хъуащ. Абы къыщыслъэгъуащ пшынэ удзыфэ, жьы дыдэу. Къызэджэм ярейт ар. Апхуэдэу къысIэщIыхьащ си гъэтIылъыгъэхэм я япэ пшынэр. Ахэр зыхуей хуэзгъэзэнымкIэ къыздоIэпыкъур цIыху IэпщIэлъапщIэ Гречкин Анатолий. 
Пшынэ еуэн зэрызезгъэсам фыкъыщIэупщIэмэ, сызэрыцIыкIу лъандэрэ соуэ. ЯпэщIыкIэ гурыгъуазэкIэ, нэхъыжьхэм зэрызагъэлъэгъуам сытету щытащ. Балигъ сыхъури, пшынэм сыхурагъэджащ Абыкъу Светланэрэ Амщокъуэ Сэфарбийрэ, - жеIэ езы Алан.
Куэд щIакъым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм гуфIэгъуэ Iуэху дахэ зэрыщекIуэкIрэ, Шэпарым и пшынэхэр зэрыщагъэлъагъуэрэ. Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондым и грант къэзыхьа, «Адыгская гармошка. Голос и судьбы» зи фIэщыгъэ проектым хыхьэ гъэлъэгъуэныгъэ щIагъуэт ди нэгу щIэкIар. КъэпсэлъапIэ ящIам и щIыбагъым къыдэт, дапхъэ зыбжанэу зэтету плIимэу игъэувыкIа телъхьэпIэхэм тетщ Алан зэхуихьэсауэ ихъумэ пшынэхэр, цIыху щхьэхуэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм ящыщ куэд зыхъумэ макъамэ Iэмэпсымэхэр. Абыхэм я закъуэ?! Пшынэм и къежьапIэм къыщыщIэдзауэ и тхыдэр, а Iэмэпсымэр зи Iэпэгъуу щыта цIыху цIэрыIуэхэр, абыхэм я гупсысэ щхьэхуэу пшынэм ехьэлIахэр, жыпIэнуракъэ, къызэщIэпкъуэ, къэбугъуей хъуну къызэгъэпэщакIуэхэм зыри къамыгъэнами ярейт.
«ПщIэшхуэ къелэжь Шэпар Алан, мыбы ищIар зы цIыху зыпэмылъэщын хуэдизщ. Зи лъэпкъыр, зи цIыхухэр, къэзылъхуахэр зылъытэ, зыгъэпэж, абыхэм фIы гуэр яхуэсщIарэт жиIэу зигу илъ цIыхур апхуэдэущ зэрыщытыр. Щэху цIыкIуу хузэфIэкIыр елэжь, абыкIи адрейхэм щапхъэ яхуохъури, республикэми абы и цIыхухэми зыхащIыкIыну, дяпэкIи ефIэкIуэну си гуапэщ», - жеIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. 
«Зэхэзехуэн сищIащ гъэлъэгъуэныгъэм, сигъэпIейтеящ. Мы пшынэхэр фэрэ пхъэрэщ къызыхэщIыкIар, ауэ ахэм къагъэщIа гъащIэм, псэуэ яхэлъым, цIыхуу ятеIэбам, къраш макъамэм ущегупсыскIэ, куэд уи псэм щохъэ. Хэти ирипсэуащ абы, хэти ирилIэжащ, пэжым ухуеймэ. Алан илэжьым мылъкушхуэрэ къаруушхуэрэ зэрыхэлъыр дощIэри, нобэ мыпхуэдэ фIыгъуэр тхузэхуэзыхьэсыжауэ тхуэзыхъумэ щIалэр дяпэкIи ехъулIэну, и Iуэху дахэ хъуну сыхуейщ», - жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Лосэн Тимур.     
 Алан зэрихьэ, зэхуигъакIуэ, ищIэ лэжьыгъэм гулъытэ хуэфащэщ, шэч хэмылъу. Ауэ ар махуэ къэс зи гугъу щIын хуей Iуэхукъым, и сомрэ и гуащIэрэ, и гукъыдэжрэ зэфIэкIрэ зыхуигъакIуэу макъамэ Iэмэпсымэхэм къахигъэхъуэн хуейуэ аращи, афэрым, Алан! 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. 
  

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ