IэпщIэлъапщIэм и дуней

Ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI пасэрей IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэщ икIи абы зезыгъэужьщ Бахъсэн къалэм щыщ тхыдэдж, дыщэкI Бырхьэм Мухьэмэд. IэпщIэлъапщIэм лъэпкъ тхыпхъэхэмкIэ игъэдахэ, зи теплъэкIи плъыфэкIи удэзыхьэх адыгэ цIыхубз фащэм и пыIэхэр ед, пхъэ вакъэхэри ещI.
Тхыдэм уриплъэжмэ, пасэ зэманым адыгэ фащэм щIыгъу пыIэ телъыджэхэр я плъыфэкIэ, лъагагъкIэ, щIыкIэкIэ лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыкIырт икIи ахэр бзылъхугъэр зыщыщ лIакъуэмрэ зэрыт ныбжьымрэ елъытауэ зэрахьэрт. Адыгэ фэилъхьэгъуэхэм ящIыгъу пыIэхэм яIа теплъэмрэ плъыфэмрэ зэфIигъэувэжащ Бырхьэмым. 
Адыгэ пыIэхэм я къекIуэкIыкIам куууэ зыхигъэгъуазэу, ахэр илъэс зыбжанэ ипэкIэ зыгъэхьэзырын щIэзыдза Мухьэмэд пыIэ 1900-рэ, пхъэ вакъэ 300 ищIащ. Абы щыщу закъуэтIакъуэ хищыкIа мыхъумэ, адрейхэр игуэшащ, саугъэт папщIэу тыгъэ яхуищIащ щIэблэм. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я мызакъуэу, адыгэ щыпсэу хамэ къэралхэми - Тыркум, Сирием, Иорданием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Канадэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм тхыпхъэхэмкIэ игъэдэха и лъэпкъ хьэпшыпхэр ялъигъэIэсауэ я музейхэм щахъумэ.
- Ди адыгэ фащэхэм ящIыгъу пыIэхэм я дыкIэм арэзы сыкъищIыртэкъым. Аращ а Iуэхум сыщIыдихьэхар. ХьэцIыкIу Мадинэ бгъэдэлъ Iэзагъэр къысщхьэпащ. Апхуэдэщ пасэрей цIыхубз пыIэхэм я къекIуэкIыкIам, абы я щIыкIэу щытам куэд хэзыщIыкI си ныбжьэгъу художникхэу Тхьэзэплъыж Русланрэ Црым Русланрэ я чэнджэщхэри. Ди республикэм и мызакъуэу, Мейкъуапэ, Черкесск щыщ дэрбзэрыфIхэр си чэнджэщэгъущ. Iуэхум зыхэзгъэгъуэза нэужь, си бгъэдыхьэкIэ, си еплъыкIэ щхьэхуэ зэзгъэгъуэтащ, - жеIэ Мухьэмэд. - Нэхъ пасэм хъыджэбз цIыкIухэр IэпэIэсэу, щхьэж и пыIэр и лъэпкъ дамыгъэкIэ, тхыпхъэкIэ игъэдахэу къекIуэкIырт. А IэщIагъэ дахэр нобэ нэхъ яIэщIэхуами, ар къэтIэтыжыну и чэзущ. Зызэппщыт дэтхэнэ Iуэхуми уи гумрэ уи псэмрэ етауэ убгъэдыхьэмэ, тыншу зэбгъэхъулIэфынущ.
Республикэм къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкI сабийхэр Бырхьэмым егъэлъапIэ. УсакIуэ МамыкIэ Къазбэч усэ къеджэнымкIэ къызэригъэпэща зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэм Мухьэмэд яхуэупсащ нэр зыгъэгуфIэ и пыIэхэмкIэ, пхъэ вакъэхэмкIэ, адыгэ ныпхэмкIэ, нэгъуэщI саугъэт цIыкIуфэкIухэмкIэ. 
Мухьэмэд а IэщIагъэ дахэм зэрызригъэужьыным, ар нэхъри ипэкIэ зэригъэкIуэтэным хущIокъу, пасэрей хьэпшыпыр хъума хъун папщIэ. Аращ лъэпкъ IэщIагъэм и щэхухэм зыхэзыгъэгъуэзэну гупыж зыщI ныбжьыщIэхэм, бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм Мухьэмэд и зэманым щымысхьу щIадэлажьэр. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ