«ЛЭСКЭН ХЪЫДЖЭБЗ»

    Уэрэдыр   езыр-езыру   дунейм   къытехьэркъым.  Ар    зыгуэрым   еус.  Я  лъабжьэрэ  я  купщIэрэ,  я  гъэпсыкIэрэ   я  къалэнрэ  елъытауэ, адыгэ   уэрэдхэр   лIэужьыгъуэ   зыбжанэу   бгуэш   мэхъу.   Зы   гупым   хохьэ, псалъэм  папщIэ,  лIыхъужь   цIэрыIуэхэм  я   уэрэдхэр.   Уэрэд  куэд   траусыхьащ  цIыхубэм   я  нэгу   щIэкIа   гугъуехьымрэ  насыпыншагъэмрэ. Ауэрэ   зэманыр   кIуэурэ   уэрэд   яусхэми   захъуэжащ. Тхьэусыхафэ,   гъыбзэхэм   я   пIэ    къиуващ   гушыIэ, гухэлъ   дахэ   къызыхэщ   уэрэдхэр.

 АтIэ   сыт   и   хъыбар   нобэ зи гугъу тщIыну «Лэскэн   хъыджэбз»   уэрэдым? Абы и гугъу къытхуещI «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ:

     -  Иджыпсту   хуэдэу   сощIэж    уэрэдым   и   псалъэхэр   зытха  Къагъырмэс  Борис   а Iуэхум теухуауэ сыщыхуэза   махуэр.  Ар   2011   гъэм   и   мазаерт.   ГуфIэжу   сригъэблагъэри,    сыщIэкIуар   къыщищIэм  и   гур   хэхъуэу   дыхьэшхщ,   зы   тэлайкIэ    нэщхъей   къэхъури,    къригъэжьащ:    «Сыту    псынщIэу   блэлъэта  зэманыр!  Сэ  Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм   сыкъыщалъхуащ.  Щэбэт   къэс   къуажэм   сыкIуэжыху   пщащэхэм къызаIуэкIырт  дэ   нэхъ   дахэ   щымыIэу    къызыхэщ   усэ    тхуэбусмэ  хъуркъэ,   жаIэурэ.   ЯщIэрт   сэ    Къэбэрдей-Балъкъэр   къэрал   университетым     сызэрыщеджэри,    сытми    сытетхыхьын   хуейуэ   къащыхъурт.   Сытми,  I960  гъэм  стхащ  «Лэскэн   хъыджэбз»   усэр.   Зэман   гуэр   докIри,   композитор   Молэ   Владимир   зыкъысхуегъазэ,    макъамэ   уи   усэм   щIэслъхьэну   сыхуейщ,   жери.   Сыт    жысIэнт,   сыгуфIащ.   Уэрэдыр  хьэзыр   хъури,   Къуныжь   Хьэждал  игъэзащIэу    щIидзащ.  Абы иужькIэ  ди   къуажэ   хъыджэбзхэм   апхуэдизкIэ загъэщIагъуэу щIадзати, къызэлъэIуауи    пщIэжынтэкъым.  «Щхьэж    езым   ейр    нэхъ   фIэдахэжщ», -  жыхуаIэр  пэжщ,  нобэр   къыздэсым   къысщохъу    ди   лэскэн хъыджэбзхэм   хуэдэ щымыIэу.   Аращ   уэрэдым    къежьапIэ   хуэхъуар. Си   гуапэщ   гъащIэ   кIыхь   ар зэрыхъуар,   дауи,   ар   зыгъэзэщIами   хэлъщ   абы   и   фIыгъэ.   Къуныжь   Хьэждал   и   макъыр   хэт   зигу   иримыхьыр?!

 

НэкIу хъурейрэ набдзэ фIыцIэм,

Зэ къоплъарэ удихьэхмэ, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

ТIэу къоплъамэ, плъэмыкIыжу

И ужь уиту укъигъанэм, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

 

Псалъэ дахэ къебгъэкIуэкIми,

Нэр къиIэту къомыплъыххэм, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

И ауаныр къуиутIыпщрэ

Уибгъу и гъуэгуу ныпфIежьэжмэ, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

 

ТрахынкIэ шынэ хъуауэ,

ЩIалэм зи цIэр щэхуу жиIэр, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

Е, жеямэ, пщIыхьым хэту

ТхьэIухуду зыхуэгуфIэр, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

 

Псыр къиуами щIалэр хыхьэм,

Ар зыхуэкIуэр псоми ящIэ –

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

Ар зыхуэкIуэр псоми ящIэ,

И дахащэуэ и пщащэрщ –

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

Тхьэхущынэ Ланэ.

 

 

Поделиться: