Илъэс 57-рэ ипэкIэ Мазэм зэрыщетIысэхар

XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къыжаIа хъыбархэм ятедгъащIэмэ, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м США-м и «Аполлон» хьэршырыкIуэ кхъуафэр ЩIы хъурейм къедза Мазэм, тхыдэм щыяпэ дыдэу, щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щепсыхащ. Нэху къызэрыщытещхьэуи, жэщкIэрэ дызыгъэнэху уафэщI нэхъ цIыкIум и лъэр щригъэувэхащ Армстронг Нил. Зимыгъэжьажьэу абы кIэлъыкIуащ Олдрин Эдвин. ЗэрагъэхъыбарымкIи, а тIум лъагъуэ щыпхашащ а уафэщIым и щIыгум. 

   Инэхъыбэм пэжущ къызэралъытэр

Ди къэралым щыщ щIэныгъэлIхэри яхэту, нобэр къыздэсми яхузэхэгъэкIакъым Мазэм цIыху щетIысэхауэ жыхуаIэр и щыпкъапIэкIэ къэхъуарэ ди фIэщ тщIыфын хуэдизу зэхагъэуварэ. И пэжыпIэр гъэунэхунымкIи щыIэр зы Iэмалщ: ди планетэм аргуэрыжьу ишэсыкIыу щIэзыдза «уафэшухэм» Мазэм и щхьэфэм щыщу американхэр щепсыхауэ зытрагъэчыныхьым зыщаплъыхьынырщ...  

АтIэми, хьэршым ихьэнымкIэ, нэхъри гъунэгъу зыхуэщIынымкIэ ди ныкъуэкъуэгъухэм, ди фIэщ тщIыфын хуэдизу, мы Iуэхум и къекIуэкIыкIауэ жыхуаIэм кIэщIу дыфхутепсэлъыхьынщ. Дауэ мыхъуами, ари зы IэмалыфIщ ди планетэм щыпсэухэм къинэмыщI уафэщIхэр къагъэIурыщIэнымкIэ хэкIыпIэрэ пхыплъыпIэу къабжхэм адэкIи зедгъэубгъунымкIэ.

 ЗэрызэкIэлъыкIуэу

 Уахэр джыным теухуа «Аполлон» программэм зегъэужьыным (Мазэм щепсыхыным ехьэлIа и Iыхьэри хэту) США-м щрагъэжьар 1961-нэ илъэсрат. Яубзыхуам, я мурадым теухуауэ 1962 гъэм фокIадэм и 12-м а къэралым щыпсэухэм я пащхьэ къыщыпсэлъат США-м а лъэхъэнэм и Президенту щыта Кеннеди Джон.

Программэр гъэзэщIэныр и пщэ иралъхьат ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм кърикIуахэм япкъ иту Германием иIэпхъукIауэ щыта нэмыцэ еджагъэшхуэ Вернер фон Браун. Арат къэзыгупсысар ди планетэм къыщхьэщыт хьэуам ищхьэкIэ щыIэ и нэзым, уахэм уизышэу къалъытэм, пхылъэтыкIыфа Фау-2 зыфIаща ракетэри.

АтIэми, и щIэдзэгъуэм США-м къызэрехъулIа щыIэтэкъым иутIыпща кхъуафэхэр хьэршым нэшэсыныр. Апхуэдэу, и япэ ракетэхэр здынэсаи щымыIэу, е зэхэщащэрт, е къызэщIэлындэурэ къэуэжырт. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а зэманым НАСА-м и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэбжыпхъэр 1967 гъэр къихьэху уахэм иутIыпща и кхъуафэхэм ящыщ зым ди планетэм и орбитэм ихьэну зэрылъэкIарщ. АрщхьэкIэ, ари, апхуэдиз зи лъагагъым зэрызыщигъэза щымыIэу, къыщызэтеуат.       

Аэронавтикэм (жьым кхъухьлъатэхэр зэрыщыпхыкIым) щыгъуазэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а псоми датепсэлъыхьа иужькIи дгъэщIагъуэ хъунукъым США-р мы Iуэхум и щIэдзэгъуэм лъэпощхьэпо куэд зэрыщыIущIар. Сыту жытIэмэ, СССР-м и IэщIагъэлIхэри арыххэуи гугъу щызэдехьат, иужькIэ дуней псом зи цIэр щызэхаха, Совет Союзым и космонавт Гагарин Юрий уахэм яутIыпщын ипэ къихуэу, ди щIэныгъэлIхэми ЩIым трагъэлъэтыкIыну япэщIыкIэ яхузэфIэкIар «уахэрыкIуэ кхъухьлъатэ» хужыпIэну мыхъунуми,абы хуагъадэ макетхэм хуэдэт.

1967 - 1968 гъэхэм ди пэщIэуэгъухэм хьэршым яутIыпща  «Аполлон-4», «Аполлон-5», «Аполлон-6» кхъухьхэр цIыху зэрымыст. Уахэр зи «плъапIэ» а кхъуафэхэм ялъэкIащ ЩIым и орбитэм ихьэу къагъэзэжын, арщхьэкIэ зэрызыщагъэгува щымыIэу (зекIуэ нэхъ кIыхьыр сыхьэт 20-т зэрекIуэкIар).

АдэкIэ, зэрыжаIэмкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа проектым ипкъ иту зэхагъэува «Аполлон-7» - м, 1968 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м яутIыпщам, астронавтхэу Айзли Донн, Ширра Уолтер, Каннингем Уолтер сымэ ирагъэтIысхьат.

Кхъуафэр, и етIуанэ Iыхьэр и гъусэу, ди планетэм и уэрдыхъум (орбитэм) ихьэри, ихъуреягъкIэ махуэ 11-кIэ къыщилъэтыхьащ. АпщIондэху къапщытащ Мазэм гъунэгъу зыщыхуащIкIэ здрашэжьэну зытраухуа пкъыгъуэхэм я быдагъэр зыхуэдэр… Абы иужькIэ кхъухьыр зыкIэритIэтыкIыу зыкъыкIэрызыщIэжа и етIуанэ Iыхьэм IэщIэкIыпэщ, езыми гулъэф тIэкIу ищIри, ЩIым и хьэуа Iувым гъунэгъу зыкъыхуищIыжащ.

«Аполлон-8»-р, астронавтхэу  Борманн Фрэнк,  Ловелл Джеймс, Андерс Уильям сымэ зэрысар, 1968 гъэм дыгъэгъазэм и II-м гъуэгу техьащ. Кхъухьлъатэр махуихым Мазэм нэсщ, а уафэщIым и хъуреягъыр зыбжанэрэ къилъэтыхьри, ЩIым къигъэзэжащ (американхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ).

Абы иужькIэ, ди планетэм зытезыIэтыкIа «Аполлон-9»-ми «Аполлон-10»-ми цIыхухэр исащ. Абыхэми щIэныгъэлIхэм Мазэм «хуагъэтIыгъуэ» пкъыгъуэхэр хьэршым зэрезэгъым, къытрагъэзэжурэ, щыгъуазэ зыщыхуащIащ.

ИкIэм-икIэжу, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м, ЩIы Хъурейм телъэтыкIащ «Аполлон – 11-р», астронавтхэу Армстронг Нил, Олдрин Базз (Эдвин), Коллинз Майкл сымэ зэрысар. Ар Мазэм щетIысэхащ. Махуи 8 дэкIри, бадзэуэгъуэм и 24-м, ЩIым къэзыгъэзэжа кхъуафэр хы Хуэмым тетIысхьащ.

Тхыдэм къыхэна а илъэсым иужькIи, «Аполлон»-хэм ящыщу къыкIэлъыкIуахэри (американхэм зэрагъэхъыбарымкIэ) Мазэм щепсыхащ е и хъуреягъыр къалъэтыхьащ, ящыщ дэтхэнэми къащыщIа щымыIэу. «Аполлон-17»-р, иужьрейр, ди гъунэгъу уафэщIым щыщетIысэхар 1972 гъэращ. Абы лъандэрэ цIыхуцIэ зиIэ Мазэм щебэкъуэхакъым, дызэрыщыгъуазэщи.

АрщхьэкIэ, ищхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, ахэр псори хъарзынэт, мы Iуэхум–американхэр Мазэм мызэ-мытIэу щетIысэхауэ зэрагъэхъыбарым - мыгурыIуэгъуэу хэлъыр куэдыIуэу щымытамэ...       

Илъэс мелуан Iэджэ щIауэ ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь уафэщIым ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI иджырей къэпщытэныгъэхэм датепсэлъыхьмэ, япэу зи гугъу щIыпхъэр США-м Аэронавтикэмрэ хьэршыр джынымкIэ и Лъэпкъ IуэхущIапIэм (Национальное управление США) «Артемида-2» зыфIаща и лэжьыгъэм хыхьэу, 2026 гъэм мэлыжьыхьым и I-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ Orion кхъухьымкIэ иригъэкIуэкIа зекIуэрщ. Абы иса цIыхуиплIым я къалэн нэхъыщхьэу щытар Мазэм гъунэгъу зыхуащIу, ихъуреягъри къалъэтыхьу, и щхьэфэм къыщекIуэкIхэми сурэт трахыу, зэрыс кхъуафэм ит IэмэпсымэщIэхэми я лэжьэкIэр зыхуэдэр зрагъэщIэнырт…       

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также: