Сабийм къыпхуищI дзыхьыр хъумапхъэщНалшык дэт «Сафийя» сабий центрым и лэжьакIуэхэу Апажэ Валерэрэ Темиркановэ Лейлэрэ адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ щахуэза зэIущIэм щыщ Iыхьэ фи нэгум къыщIэдгъэхьэну дыхуейт, къыщаIэта псалъэмакъыр зэрыщхьэпэм къыхэкIыу. «Зэщхьэгъусэхэм я зэхущытыкIэм къыхэхуэ лъэпощхьэпохэр зыр адрейм зэрыщыгугъым елъытауэ къыщIокIыж сыт щыгъуи, - жиIащ Лейлэ, упщIэхэм я зым жэуап щритым. – «Адрейхэр умыгъэкъуанши, уэри уагъэкъуэншэнкъым» жаIэри Iущыгъэ цIэрыIуэ гуэр щыIэщ. Ар мыпхуэдэу зэсхъуэкIынт сэ: «Зыри зыми иумылъыти, уэри зыми уралъытынкъым». Ар щIыжысIэр хъыбарегъэщIапIэхэр унагъуэ Iуэхум Iэ щIыIэкIэ къызэрыхэIэбар зэрынэрылъагъурщ. Сурэт къралъхьэхэм, видеохэм еплъа нэужь, езыхэм я Iуэхур мыщIагъуэу къафIэзыгъэщI гупсысэхэм япэмылъэщыж мэхъу языныкъуэ зэщхьэгъусэхэр: «Мобы и лIым мыпхуэдэ машинэ тыгъэ къыхуищIащ, сысейм къысхуищIакъым». Е, гупсысэр цIыхухъумэ: «Мобы и щхьэгъусэм спорт Iуэху зэрехуэ, и Iэпкълъэпкъыр зэщIэкъуащ, сысейр а лъэныкъуэмкIэ щIагъуэкъым». «Зыр адрейм зэрыщыгугъыр» щыжысIэм деж, къизгъэкIыр аращ. Зыщыгугъар имыгъуэтыху, езым зыри зыдимыгъуэжу, и гуэгъур игъэкъуэншэн щIедзэ. Абы хэлъхьэж Кавказым щыпсэухэм ди хьэл мыгъуэр: псэлъэкIэ зэрыдмыщIэр. Апажэ Валерэ щыпсалъэм, адэ-анэхэр сабийхэм зэрадымэуэршэрым къихь зэраныгъэхэм я гугъу ищIат. АтIэ, и быным емыпсэлъэф цIыхур и щхьэгъусэм епсэлъэфынкIэ ущыгугъ хъуну? Мы Iуэхур гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ бэлыхьщ, дызэпсалъэу зедмыгъасэу хъунукъым. ПсэлъэкIэ зыщIэу къызыщыхъухэри щымыуэжу щыткъым. Щапхъэм и хьэтыркIэ, «уэ» жыпIэу цIыхум зыщыхуэбгъазэм деж, абы и псэр уогъэгузавэ. «Уэ тыгъэ къысхуэпщIакъым», «Уэ унэ лъэгур къэслъэсыну укъыздэIэпыкъуакъым», «Уэ мыр пщIакъым». Гулъытэр и щхьэм зэрынэсу, цIыхур къызэфIозэрыхь. Иджыпсту шынагъуэ гуэр зэхэсхынущ жеIэри, и щхьэ куцIым «зресэ». Абдежым щегъэжьауэ, апхуэдэ нэрыбгэм дакъикъи 8-м щегъэжьауэ 22-м нэс тригъэкIуэдэн хуей хъунущ игу-и щхьэ зэрыгъуэтыжыным. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дакъикъи 8-м и кIуэцIкIэ къывбгъэдэтым жыфIэр зэхихынукъым, ар сабий е балигъ ирехъу. Иджы фи нэгум къыщIэвгъэхьэт а псалъэ дыдэхэр нэгъуэщI жыIэкIэкIэ зэхевгъэхыу: «Си гуапэ хъунут, унэ лъэгур къэслъэсыну укъыздэIэпыкъуамэ». «СфIэфIщ удз гъэгъа къыщызэптым деж». ЖепIэну узыхуейр зэрыбгъэувэ псалъэхэм апхуэдиз мыхьэнэ яIэщ. НэгъуэщI щхьэусыгъуэщ иныкъуэхэм езыхэм яхузэфIэмыкI гуэрымкIэ я щхьэгъусэр зэрагъэкъуаншэр. Дэ дыцIыху балигъщ. Жэуаплыныгъэ зыхэвгъэлъ. Шынагъуэщ, зы лъэныкъуэкIэ, жэуап зэрыпхьыр зыгурыбгъэIуэну, ар уи пщэ дэплъхьэжыну. НэгъуэщIхэр бгъэкъуэншэну нэхъ тыншщ. Ауэ е убалигъщ, е усабийщ. Балигъыу ущытыну мурад умыщIауэ, къыббгъэдэт цIыхури зэхэпщIыкIынукъым, абы узэрепсалъэм, узэрыдэпсэум насыпыфIи урихъунукъым». Сабийхэр къэбгъапцIэ зэрымыхъунум, абыхэм дзыхь зэрахуэщIыпхъэм, уэ езым уи Iуэху зыIутыр жепIэн зэрыхуейм я гугъу ищIащ Темиркановэм. Психолог бзылъхугъэм мыбдежым езыр и сабийхэм зэрадекIуэкI щIыкIэмкIэ ядэгуэшащ къедаIуэхэм. «Сэ си щхьэкIэ сыинтровертщ. Ар къэзыгъэлъагъуэу си хьэлым хэлъыр сеша нэужь, си закъуэу сыхьэт зыбжанэкIэ сыщысын зэрыхуейрщ, зыми семыпсалъэу. Ар си сабийхэм яжесIауэ ящIэ. «Уэрэ сэрэ ди зэхуакум зыри мыхъумыщIэу къыдэхъуакъым, фIыуэ узолъагъу, ауэ иджыпсту сешащи, зызмыгъэпсэхуу хъунукъым», - а псалъэхэр сабийм жепIэну уи дзэ щIэшын щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, абы гужьеигъуэр щхьэщех. «Си анэм фIыуэ сыкъилъагъужыркъым», - жимыIэ щIыкIэ, ар зэхихыпхъэщ. «Сэ сабиищ сиIэщ, - нэгъуэщI щапхъи къихьащ Лейлэ. – Щыми сагурыIуауэ, сыщыхущIыхьэхэм деж, дэтхэнэ зыми и закъуэ зы махуэ псокIэ и гъусэу къызокIухь. Си къуэм сыщригъусэхэм деж, езым дыздэкIуэнури тщIэнури къыхызогъэх. Фи фIэщ хъункъым сэ бдзэжьеящэм сызэрыщыIа бжыгъэмрэ Налшык щакIуэ хуэIухуэщIэ щащэу дэт тыкуэну сыздэкIуамрэ». ЗэIущIэр екIуэкIыху, волонтёр-ныбжьыщIэхэм упщIэхэр сценэм яхьырт, психологхэм кърат жэуапхэри кIуэ пэтми нэхъ щIэщыгъуэ хъурт. Апажэ Валерэ деж къэдгъэзэжмэ, ар зэрыпсихологым нэмыщI, зи гъащIэм ебгъэрыкIуэж сабийхэм я дохутырщ. Дэтхэнэ щытыкIэм и Iуэхури щхьэхуэщ, дауи. Ауэ псоми я зэхуэдэ чэнджэщщ иджырей сабийхэм уатеплъэкъукI зэрымыхъунур. ЦIыхур фIырыфIкIэ и гъащIэм ебгъэрыкIуэжынукъым, дэтхэнэ зыми «псэхъумэ инстинкт» къызэрыддалъхуам къыхэкIыу. Ар мылэжьэжу щыхъур езым зыхуигъэфэщэжымрэ зриплъыж фэмрэ я зэхуакур иныIуэ щыхъум дежщ. Апажэм сытым дежи къыхигъэщ зэпытщ «егъэджакIуэр-сабийр-адэ-анэр» зэпыщIэныгъэр мылажьэу зэрымыхъунур. Сабийм хъун-мыхъуныр къыгурызыгъаIуэу, нобэ школым нэхърэ нэхъыфI зыри диIэкъым. Психологхэр ятепсэлъыхьащ я еджэгъухэм натIэрыуапIэ ящI ныбжьыщIэхэми. «Дэнэ буллингым щыщIидзэр?» - упщIэкIэ захуигъэзащ Темиркановэм залым щIэсхэм. – Пэжщ, унэм. Анэр е адэр къыптекIиемэ, уи гур мэкIуэд. Школым къыщыхъухэм я гугъу тщIымэ, а Iуэхум хэпщIар лъэныкъуищ мэхъу: сабий ираудыхыр, абы ебгъэрыкIуэр, къэхъум еплъыр. А щыми ядэлэжьэн хуейщ». «Буллинг»-р щIэхъумауэ щекIуэкIи щыIэщ, - жиIащ Апажэм. – ЕгъэджакIуэм е адэ-анэм къыбгъэдэкIыр апхуэдэщ. Сабий жыIэмыдаIуэхэр е псэлъэгъуейхэр психологхэм я деж щашэкIэ, «гиперопека» фIащ хабзэщ. Абы къикIыр Апажэм гурыIуэгъуэ ищIащ: «Гиперопека» щыжытIэм деж, сабийр ягъэфIэIуэу аракъым. ВгъафIэ, зэрыфхузэфIэкIкIэ, фи быным нэхърэ нэхъыфIи нэхъ дахи щыIэкъым. Ауэ фIыуэ ялъагъуным и пIэкIэ, и лъэбакъуэ къэс щыкIэлъыплъым, ткIииIуэу щаIыгъым деж, сабийм и псэм зекъузри, езым и щхьэ пщIэ хуимыщIыжу мэхъу. Мис аращ «гиперопека»-р». Апажэм къыхигъэщ зэпытщ щIалэ цIыкIур – адэм, хъыджэбз цIыкIур – анэм игъэсэн зэрыхуейр. ЗыгуэркIэ сабийм адэ щхьэщымытмэ, абы и пIэм адэ къуэшыр, анэ дэлъхур, е спортымкIэ тренерыр къиувапхъэщ. Сыту жыпIэмэ, хъыджэбз цIыкIум и акъылыр адэм къыбгъэдех, ауэ дуней тетыкIэ езыгъащIэр анэрщ. ЩIалэ цIыкIум и акъылыр анэм къыбгъэдех, ауэ псэукIэ хьэлыр зэлъытар и адэрщ. Адэр япэ лIыхъужьщ, анэр япэ лъагъуныгъэщ. «Сабийхэр фымыгъасэу, фэ зывгъэсэж, ахэр фэщхь хъунущ», - щIыжаIэр аращ». Зэманым укIэлъымысу зехъуэж. Адэ-анэхэми занщIэу я жэуаплыныгъэр зыхащIэу щыткъым, езыхэми я гъащIэ яIэжщ. АпщIондэху сабийм игъуэтыну зэфIэкIми и гъэсэныгъэми зыгуэр якIэроху. Ауэ чэнджэщ епхьэлIэ хъуну, умыщIэ псори къыбгурагъэIуэн хьэзыру, Апажэ Валерэрэ Темиркановэ Лейлэрэ хуэдэ психолог лъэрызехьэхэр диIэху, ди Iуэхур хэплъэгъуэкъым.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 10:13 →
Уи щхьэ пщIэ хуэщIыж
31.07.2026 - 17:34 →
Хьэлыншагъым и сурэт зэмыфэгъухэр
30.07.2026 - 10:27 →
Ди хъуреягъкIэ щызэхэтххэр
21.07.2026 - 16:23 →
Бзищ зыщIэр къахощ
15.07.2026 - 11:42 →
ЛIыгъэр лIэныгъэм токIуэ
| ||




