Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм и ­пашэ Куз­не­цов Виталийрэ Тэрч къэ­закъхэм я зэгу­хьэныгъэм и ­уна­фэщIым и къалэнхэр пIа­лъэкIэ зыгъэзащIэ Трушев Антонрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ урысей къэзакъхэм яхуэгъэза къэрал политикэр щIыналъэм зэ­рыщагъэзащIэм. 

Республикэм и пашэм и псалъэм къыхигъэщащ уры­-сей къэзакъхэм я лъэпкъ хабзэ­хэр, щэнхабзэр сакъыу хъумэ­ным ди щIыналъэм гулъы­тэшхуэ зэрыщигъуэтым, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адрей лъэпкъхэми къадекIуэкI фIыгъуэхэми хуэдэу. А Iуэху­гъуэм теухуауэ пэхуэщIэ хэхахэр ягъэзащIэ, лэжьыгъэ куп­щIафIэхэр зэфIах. Апхуэдэу ма­зэ блэкIам хэплъэжащ УФ-м и Президентым «ЩIалэгъуа­лэм я щIыналъэ» фIэщыгъэр иIэу къыхилъхьа къэралпсо ­зэпеуэм кърикIуахэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, а пэхуэщIэм пашэ щыхъуахэм яхэтщ ди респуб­ликэм икIа проектитI: Звезд­-ный жылэм илъэс хъурейкIэ щылэжьэну «Вагъуэ» щIалэ­гъуалэ дзэ-хэкупсэ лагерым ­теухуамрэ апхуэдэу илъэс псом лэжьэну Екатериноградскэ ­станицэм къыщызэрагъэпэ­щыну «Къэзакъ къутыр» щIалэгъуалэ турист-хэкупсэ цент­рымрэ ехьэлIамрэ. 
ЗэIущIэм кърихьэлIахэр теп­сэ­лъыхьащ а пэхуэщIэхэм къы­щыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр рес­публикэм гъэзэщIа зэры­щы­хъуну щIыкIэхэмрэ абыкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ. Апхуэдэу и гугъу ящIащ СВО-м хэт ди лъахэгъу щIалэхэмрэ абыхэм я ­унагъуэхэм исхэмрэ дэIэпы­къуэгъу зэрахуэхъуфынум. 
Кузнецов Виталий ди республикэм тыгъэ къыхуищIащ «Тэрч» къэзакъ тIасхъэщIэх дзэ гупым и бэракъым тращIыкIа ныпыр, УФ-м и Президент Путин Владимир и хъуэхъу псалъэхэр тету. Абы зэрыжиIамкIэ, «Тэрч» гупым хэтщ ди республикэм икIа щIалэхэр, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъа­гъуэу. 
КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ ин яхуищIащ хьэщIэ лъапIэхэм, псом хуэмыдэу тыгъэ гуапэр зи IэрыкI Кузнецов Виталий, ди лъахэгъу щIалэхэу зауэ IэнатIэм Iутхэр зэрагъэгушхуэм ­папщIэ, абыхэм я унагъуэхэм исхэм хуащI гулъытэм щхьэкIэ. КIуэкIуэм къыхигъэщащ апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр, зэ­дэ­лэжьэныгъэхэр жылагъуэ ­зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр езыгъэфIакIуэ, ди Хэку иным щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныгъэр зыгъэбыдэ Iэмалы­фIу зэрыщытыр. 

Поделиться: