Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар ще­кIуэкIащ Налшык дэт «Мыу­жьых щIыхьым и мафIэ» мемориалым деж. 

Урысейм и Следственнэ комитетым жылагъуэ-политикэ ­Iуэ­ху­хэмкIэ и управленэм и уна­фэщI Петров Сергей, республикэм щыIэ дзэ къулыкъущIапIэхэм я уна­фэщIхэр, абыхэм хэтхэр, кадетхэр, юнармейцхэр къекIуэ­лIащ, я щхьэр лIыхъужьхэм хуа­гъэщхъыну. 
Къыхэгъэщыпхъэщ ар къалэр хуит къэзыщIыжахэм фэеплъ щыхуагъэува зэманым зэры­рихьэлIар. Абы къегъэлъа­г­ъуэ ­щIэ­б­лэщIэр я адэжьхэм ­къа­зэ­рыкIэрымыхур, хэкупсэу ущ­ы­­тыным и мыхьэнэр къазэрыгурыIуэр. 
 «Дэ ди къалэнщ Хэкум зи псэр щIэзытахэм, Урысейм и шына­гъуэншагъэмрэ абы и къэрал хабзэмрэ къыщхьэщыжахэм я цIэ­хэр зыщыдмыгъэгъупщэну. 
Урысейм и следственнэ дзэ щхьэхуэхэр къызэрыунэхурэ илъэс 313-рэ зэрырикъумрэ УФ-м и Следственнэ комитетыр илъэс 15 зэрыхъуамрэ догъэлъапIэ ды­зэрыт гъэм. 
 Шэч къытесхьэркъым мы фэеплъыр Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэм я лIыгъэм, хаху­а­гъэм, абыхэм Хэкур фIыуэ зэралъагъум иригушхуэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэ зэрыхъунум», - щитхыжащ КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым. 

Поделиться:

Читать также: