ГушыIэ хъыбархэр

«ГушыIэр тхьэм и щIасэщ», - жиIащ пасэрейм. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэнащ уридыхьэшх пэтми, узыгъэгупсэ гушыIэ хъыбархэр. Ахэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым тегъэпсыхьащ, зэрыхабзэуи, щIагъыбзэ ящIэлъщ. Унагъуэм, гуфIэгъуэ е гуауэ дауэдапщэхэм ехьэлIауэ КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжа гушыIэ хъыбархэм ящыщхэр щапхъэу къыдогъэлъагъуэ. 

Гъуэт Синэ. 

Сыт щыIэ абы нэхъыфI?

Я адэр лIэуэ телъти, и къуэхэр щхьэщытт, Iыхьлыхэри благъэхэри зэхуэсат. 
- Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. – къыхэщэIукIырт адэр.
- ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? – еупщIырт и къуэхэр. 
- Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!..- аргуэру жиIэрт адэм. 
- Ди адэм къытхуигъанэр къыщIыджимыIэр хамэ щIэтщи аращ. ФыщIэкI! – унафэ ящIщ абыхэми, езыхэм нэмыщI адрей псори пэшым щIагъэкIащ. 
- ЖыIэ иджы, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? – щIэупщIащ зэшхэр. 
- Мы дуней нэхур къыфхузогъанэ, хуэмыху къом! Сыт щыIэ абы нэхъыфI?! Дахэ-дахэу фытет, фымыуцIэпIу. 

УмыкIий закъуэ

Зэрыхабзэти, зэтехьа щхьэкIэ нысэр и тхьэмадэм епсалъэртэкъым. 
- Си нысэ цIыкIур згъэпсэлъэнущ, - жиIэри, тхьэмадэжьым мэл иукIащ, и ныбжьэгъухэр къриджащ, нысэм псалъапщIэу тыгъэ лъапIэхэр къыхуищэхури, зыбгъэдишащ.:
- Хъунщ, тIасэ, умыпсалъэу узэрыщытар, уи нэмыс и хъер улъагъу. ФIыщIэ пхузощI. ДяпэкIэ укъызэпсалъэ хъунущ! – жиIэри къыхуищэхуахэр иритащ. Тхьэмадэжьым и ныбжьэгъу лIыжьхэри нысэм быдэу къехъуэхъури къыщIагъэкIыжащ. 
Нысэм и гъэпсэлъапщIэм и хьэтыркIэ зэныбжьэгъу лIыжьхэри хъарзынэу зэдефэщ-зэдешхэри, я нэгу зиужьауэ, я ныбжьэгъужьым къехъуэхъури зэбгрыкIыжащ. 
Псэлъэну хуит хъуа нысэр етIуанэ махуэм хьэблэ псом зэхахыу кIийуэ къыдэуващ. 
ЛIыжьым нысэр ириджэри жриIащ:
- Дыгъуасэ мэл пхуэзукIамэ, нобэ вы пхуэзукIынщ, нысэ, ауэ умыкIий закъуэ.

Ефэндым имыщIэу, уэ пщIэрэ?

И лIыр лIэри, нанэр и закъуэу къэнат. Къуищ иIэти, щыри хэкIауэ, унагъуэ щхьэхуэ зырызу псэут. И нысищри бзаджэ защIэти, нанэр зыми зрашэлIэн ядэртэкъым. Дэтхэнэми жиIэрт:
- Сыт сэ си закъуэ си гуащэр щIэспIыжын хуейр?
Апхуэдэу щыхъум, и къуищыр зэхуэсыжри, я анэм унафэ тращIыхьащ зы тхьэмахуэм зым и деж, адрей тхьэмахуэм адрейм и деж яхьурэ щагъэIэну. 
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым, зэшищым я зым и анэр езым и деж щихьым, ефэндыр къыдэкIауэ куэбжэм деж щыту илъагъури:
- Фи анэр апхуэдэу щIыбкIэ къевмыхьэкIыу, лIы ефтыжын хуейщ, - жиIащ.
Зи анэр зи щIыбым ис щIалэм зыкъигъазэри ефэндым зыкъыхуигъэгусащ:
- Iэу, ефэнды, жьы хъуа ди анэм щхьэкIэ ар дауэ пхужыIа?
- Ефэндым имыщIэу уэ нэхъ пщIэрэ! – жиIэри, фызыжьыр къуэм и щIыбым итIыхьащ. 

Узэджэр къокIуэ

ТIу шыгум ису здэкIуэм, япэкIэ плъэхэри – зы лIыжь тхьэмыщкIэ гуэр хьэлъэ телъу кIуэрт. 
- Мобы дызэрылъэщIыхьэу, сивгъэтIысхьэ жиIэнурэ къыдэлъэIунущ. Сэ сымаджэ зысщIынщи, сигъуэлъхьэнщ. Уэ, сымаджэ илъщ, жыIэ, - жиIэри езым щIакIуэ зытрипIэри шыгум игъуэлъхьащ. 
Шыгур жэурэ, хьэлъэ зытелъ лIыжьым лъэщIыхьащ. 
- КхъыIэ, сигъэтIысхьэ, щIалэфI, хьэлъэ стелъщ, псапэ хъунщ! – жиIащ лIыжьым. 
- Уэлэхьэ мыхъуну, тхьэмадэ, сымаджэ хьэлъэ илъщ! – жиIэри шым яхэуэри блэжащ. 
- Алыхьым узыншэ ищIыж! – жиIащ лIыжьым. 
Куэд ямыжу, шыгухур и гъусэм еджащ:
- Дыкъыблэжащ а сымаджэ зыщIэпщIам, тэджыж! – жиIэри. 
АрщхьэкIэ къэтэджыжыркъым. 
ЩIакIуэр трихрэ еплъмэ, сымаджэр лIат.
Къигъэшыжауэ щыблэжыжым, лIыжьыр шыгухум еупщIащ:
- Щхьэ къэбгъэкIэрэхъуэжа, тIу?
- Сымаджэр лIащ! – жиIащ шыгухум.
- Алыхьым гущIэгъу къыхуищI! – жиIащ лIыжьым. 

Зиш яужь къинэм си мылъкур ейщ

Я адэр щылIэм, и къуитIым уэсят къахуищIащ:
- Фи шитIыр къызэдэвгъажи, зиш яужь къинэм си мылъкур ейщ, - жиIэри.
Адэр лIэри щIалъхьэжащ, мылъкур зыгуэрым лъысын хуейтэкъэ? Адэм и уэсятыр ягъэзэщIэну я шы зырызым шэсри губгъуэм дэкIащ. Зэбгъуроувэри, яшхэр ирагъэлъ. Дэтхэнэри хуейщ и шыр иужь къинэнуи, къыжьэдакъуэж. 
Апхуэдэу, щхьэж и шыр иужь къыхуимыгъанэу куэдрэ пылъауэ, шыхэми тхъурымбэр къайтIэтIэхыу зэхаукIауэ, зы шу гуэр блэкIыу ар илъэгъуащ. Апхуэдэу щIащIымкIэ щеупщIым, Iуэхур зыIутыр къыжраIащ. 
- ФишхэмкIэ фызэхъуажи фыкъызэдэжэ, делэжьитI, - жиIэри, шур блэкIащ. 

 

Абы и цIэр езым зыфIищыжынщ

ЛIыжьым нысэ къыхуашат. Зэрыхабзэти, нысэр зэрагъэфIэну цIэр фIащыну псори зэхэзежэрт. Пхъэ къутапIэм IущIэу хэс лIыжьым бгъэдэлъадэхэри елъэIуащ:
- Дадэ, ди нысэ цIыкIум фIэтщыну цIэ дахэ къыджеIэ!
- Абы и цIэр езым зыфIищыжынщ, тIасэхэ, фэ гугъу зевмыгъэхь, - жиIащ лIыжьым. 
Тхьэмахуэ зытIущ нэхъ дэмыкIыу, нысащIэр псыхьэ кIуэну къыщIэкIауэ, пщIантIэм зы ажэжь дэтти, нысащIэ мыцIыхур щилъагъум езауэу щIидзащ. НысащIэм зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, зыри щимылъагъум, пэгунитIыр игъэувщ, ажэм шэсри, пхъэхьымкIэ иубэрэжьу щIидзащ.
ЛIыжь къыдыхьэжым ар щилъагъум жиIащ:
- «Ажэ дяпэкIэ фызэреджэнур. 

Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 10:51 Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд