Адыгэ тхыдэм и гъуджэ

ЩоджэнцIыкIу Алий щIэрыщIэу зэфIэува къэбэрдей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъащ, адыгэхэм я усакIуэ пажэщ. И усэхэр япэ дыдэу щытрадзар адыгэбзэкIэ Тыркум къыщыдэкI журналщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэт, узэщIакIуэпсэ нэхут. Адыгэбзэм езым хуэфащэ тхыбзэ литературэ игъуэтынымкIэ, цIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэнымкIэ къалэн ин дыдэ зэфIигъэкIащ. Лъэпкъ прозэр, театрыр, музыкэр, хореографиер дунейпсо щапхъэхэм тету зэфIэувэнми къаруушхуэ ирихьэлIащ. Усэу куэд дыдэ, поэмэу 10, усэу зэхэлъ роман, оперэм и либреттэ, публицистикэ тхыгъэхэр, рассказхэр къыщIэнащ. Абы и гуащIэм и инагъым, и творчествэр зыхуэдэм тетхыхьащ цIыху цIэрыIуэ куэд. Абыхэм ящыщ зыбжанэм жаIахэм фыщыдогъэгъуазэ.

КIыщокъуэ Алим, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ: «Япэ зыщIым тIу ищIащ», жызыIа усакIуэшхуэм имыщIэу жиIакъым. Лъагъуэ пхышыныр IэджэкIэ нэхъ гугъущ, ар гъуэгужь хъуа нэужь, урикIуэным нэхърэ. ЩоджэнцIыкIу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр. ФIы къыдэхъулIэми, ди гур щыхэщIа къэхъуами, ди япэ ищам дыкIэлъопIащIэ, нэхъ тегушхуауи докIуэ, сыту жыпIэмэ гъуэгур къуейщIейми, гъуэгу мытыншми дощIэ, щыхупIэ иIэми пэрытым игъэунэхуащ.

Алий и усыгъэ вагъуэр уафэ къабзэ­къым къыщыщIэкIар. Дунейр кIагъэпшагъэ къудей мыхъуу, уафэ лъащIэр къызэщIэуфIыцIа зэпыту, уафэхъуэпскIыр жэщкIи махуэкIи къыхэлъэтыкIмэ, дунейр зэIыхьэнущ, жыпIэу укъыхигъэщтыкIыу щытащ.

Ардыдэм дунейр тет зэпытурэ Щоджэн­цIыкIу Алий и гъащIэр иухащ. Иджы уса­кIуэр щыпсэуа лъэхъэнэмрэ и поэзиемрэ зэхуэпхьмэ, дэтхэнэ зы усэми зэман гуащIэм и нагъыщэ телъщ. Ауэ нэхъыфIт, Алий фIыкIэ хуэупсэу ятха къомым усакIуэр абы хуэдизу политикэм ирамыпхыу ятхыгъатэмэ. Езы ЩоджэнцIыкIум хузэфIэкIар мащIэкъым, зыхэмыта Iуэху хэтащ жыпIэу птхын хуэдэу, и Iэдакъэ щIэкIами уаситI хуэ­бгъэувын хуейщ, япэ къищри, лъагъуэ ди щэнхабзэм щыхишащи.

Жанэ Къырымызэ, усакIуэ: Алий Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым ирипагэр. Ар дэри, Адыгейм и гуащIэ­рыпсэухэми, дыдейщ. Ар я Алийщ усыгъэр фIыуэ зы­лъагъуу ди къэралыгъуэш­хуэм ис псоми.

Алий… А цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щылъапIэщ, Адыгейм Теувэж Дзыгъуэ, Хьэткъуэ Ахьмэд сымэ я цIэхэр зэрыщылъапIэм ещхьыркъа­бзэу.

 Алий… А цIэр щыжытIэкIэ, ди нэгу къыщIохьэ а цIыхур къызыхэкIа адыгэ лъэпкъ уардэр.

Алий… А цIэм пыщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху телъыджэхэм, и къуршыпс уэрхэм, и къурш уардэхэм я цIэхэри, Алий и цIэр щы­жы­т­IэкIи, а псор тлъагъуу къытщохъу.

Алий… И цIэр зэхэсх къудей мыхъуу, абы и щхьэри слъэ­гъуащ сэ. Щыслъэгъуар I936 гъэм и кIэхэм щыгъуэщ. А гъэм Адыгейм и тхакIуэхэм я япэ съезд екIуэкIырт. А зэ­IущIэшхуэм кърихьэлIат ­адыгэ псоми фIыуэ тлъагъу, Кавказ Ищхъэрэ псом щынэхъ цIэ­рыIуэ дыдэ усакIуэшхуэр. Абы съездым щыжиIа псалъэ гуапэхэр ноби си тхьэкIумэм итщ. Ар зэрыцIыху акъылы­фIэр белджылыуэ къыхэщырт абы и псалъэхэм. Тха­кIуэм и къалэным щытепсэлъыхьым абы жиIа псори сэ иужькIэ къыхэзгъуэтэжауэ щытащ езым и тхыгъэ гъуэзэ­джэхэм. Абыхэм уадэп­лъейуэ, зэрыплъэкI­кIэ ахэр щапхъэ зыхуэпщIы­ныр дэтхэнэ зы адыгэ тха­кIуэм дежкIи зэры­насыпы­шхуэр къызгурыIуащ.

Алий и тхыгъэхэм щIэуп­щIэ­шхуэ щаIэщ ди дежи. Литературэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми къыщыбгъуэтынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэр. Школхэм щадж абы и усэхэр, и рассказхэр, поэмэхэр. ЩоджэнцIыкIум и «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ», нэгъуэщI тхыгъэхэми къытращIыкIа спектаклхэр ди радиомрэ телевиденэмрэ куэдрэ щагъэув. Ауэ ди цIыхухэм дежкIэ ахэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ, абыхэм къащIэупщIэ, къащIэ­лъэIу щыIэ зэпытщ.

Адыгэ литературэм, ди усыгъэм нобэ зыIэригъэхьа ехъулIэны­гъэ псомкIи фIыщIэ ин бгъэдэлъщ абы. Си щхьэкIэ, си лъэпкъым сыт хуэдэ тхыгъэ хуэстхми, абы ЩоджэнцIыкIу Алий и фIыщIэ хызолъагъуэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, литературэм и гъуэгум сыщыте­хьэм гъуазэу, хъуэпсапIэ лъагэу сызыхуэплъэу щытахэм ящыщщ Алий и усыгъэм къыхэлыдыкI нэхури.

Инбер Верэ: тхакIуэ: Абы къыщIэна тхыгъэхэр зыбгъэдэлъыр усакIуэр къэзылъхуа лъэпкъым и закъуэкъым – ахэр зэдай хъуащ къэралыгъуэшхуэм ис псоми. ЩоджэнцIыкIу Алий сыт щыгъуи жыжьаплъэт, абы и гупсысэхэм къэухьышхуэ яIэт: урысхэм, дунейм тет лъэпкъ псоми я щэнхабзэм щыгъуазэ зищIу, ар езым и творчествэми къыщигъэсэбэпу зэрыщытар холъагъуэ усакIуэ и тхыгъэ нэхъыфIхэм. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ЩоджэнцIыкIум и «Къамботрэ Лацэрэ» поэмэр. Мыр, къыфIэбгъэкIмэ, поэмэкъым – усэу тха романщ. Литературэм и жанр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ усэу зэхэлъ роман нэсщ. Ар зытхам Iэзагъэ ин, зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъыр нэрылъагъущ. ЖыпIэ хъунущ ар адыгэхэм я тхыдэм и гъуджэу. Апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ зи Iэдакъэ къыщIэкIынкIэ хъунур зи лъэпкъым и дыгъуасэми и нобэми фIыуэ щыгъуазэ, гууз, лыуз зиIэ усакIуэшхуэращ.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: