ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ![]() Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, бадзэуэгъуэм и 6-8-хэм Бахъсэн щIыналъэм и картинг клубым и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа «ДЖЭДЫКЪУЭ АЭРО – 2026. УАФЭ 5642!» унагъуэ фестивалым гъэ къэс къыпащэну къыхалъхьащ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Курортхэмрэ туризмымкIэ и министерствэхэмрэ «Джэдыкъуэ» хьэщIэщ-зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэмрэ, Бахъсэн щIыналъэ администрацэр я дэIэпыкъуэгъуу. Iуэху гуапэм хэтащ республикэм щыпсэу цIыху щэ бжыгъэхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ.
Зэхыхьэм зэрыхуагъэхьэзырауэ, пщэдджыжьым щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ пщIондэ уафэм аэростатхэр щылъэтащ. Псом хуэмыдэу пщыхьэщхьэм абы укIэлъыплъыну гъэщIэгъуэнт. Спорт зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ, волейбол, лазертаг, картинг нэгузыужь Iуэхухэр къызэщIиубыдэу. Сабийхэм папщIэ анимацэ шоу ягъэлъэгъуащ, IэпщIэлъапщIагъэм теухуа дерсхэм кIэлъагъэплъащ. Къапщтэмэ, фестивалым щагъэлъэгъуащ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Зэхыхьэм щагъэлъэпIащ «Щапхъэу къалъыта унагъуэ нэхъыфI» республикэ зэпеуэм щытекIуахэр. Махуэшхуэм концерт щатащ Кавказым и артист цIэрыIуэхэм.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб къыхигъэщащ фестивалым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, къызэгъэпэщакIуэхэм я лэжьыгъэр, республикэм исхэмрэ хьэщIэхэмрэ щIэщыгъуэ зэращыхъуар, икIи мы Iуэхум гъэ къэс къыпащэну зэрамурадыр.
Унагъуэ быдэм, гъащIэ узыншэм, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI хьэщIагъэм и лъапIэныгъэхэм ятеухуа фестивалыр къазэрехъулIам шэч хэлъкъым.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:12 →
Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
| ||





