Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу утыку къыщрахьащ КъБКъУ-м Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и институтым наносистемэ физикэмкIэ и кафедрэм и инженер нэхъыщхьэ Бай Галинэ и «Ода республике» выставкэр. Абы хыхьэу музейм и блынхэм 3 D Iэмалым тету щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и архитектурэ щIыпIэ дахэхэмрэ и цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэмрэ. 

Ягъэлъэгъуахэм ящыщщ Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и аркэр, «Сосрыкъуэ» рестораныр, «ИгъащIэкIи Урысейм дыщIыгъущ», Темрыкъуэ Марие я фэеплъхэр. Бай Галинэ гулъытэ ин хуищIащ щIыналъэм и зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыхухэм. Абы ящыщщ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ, дызэрыгушхуэ художникхэу Ткаченкэ Андрей, КIыщ Мухьэдин, Шемякин Михаил, балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мечиев Кязим, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын, нэгъуэщIхэри. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа дэтхэнэ зы лэжьыгъэми тхыдэ къэхутэныгъэ и щIыб къызэрыдэлъыр гурыIуэгъуэщ. Зэхыхьэм зрезыгъэхьэлIахэр блэкIа зэманым щыхьэщIауэ жыпIэ хъунущ. Ахэр щагъэгъуэзащ республикэм исхэр дызэрыгушхуэ, щIыналъэм и тхыдэр зыгъэбей фэеплъхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа архитектрхэмрэ скульпторхэмрэ.
Бай Галинэ 3 D Iэмалым 2018 гъэм дихьэхащ икIи хуэм-хуэмурэ ар щIэныгъэм хипщащ. Ауэ абы ибзыщIыркъым ди зэманым мы Iэмалыр къемызэгъыжу къалъытэнкIэ зэрыхъунур, сыту жыпIэмэ нейросетымрэ IэрыщI интеллектымрэ къэбгъэсэбэпмэ, псынщIэу узыхуей сурэтыр пхуэщIынущи. Иджырей Iэмалхэм зэкIэ къыпэзыкIухь Галинэ и лэжьыгъэхэр балигъи ныбжьыщIи ягу дыхьэну дыщогугъ. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: