Май жыг хадэ

1957 гъэм дунейм  къытехьащ куэдым я гум дыхьа «ЛатIиф»  уэрэдыр. Абы  и  цIэр  зэтемыхуэу  жаIэ. Нэхъыбэм ар зэращIэр «Май  жыг  хадэ»  уэрэдущ. Ауэ аракъым  нэхъыщхьэр, атIэ  апхуэдиз илъэс дэкIами, ноби жьыри щIэри абы дихьэхыу зэредаIуэрщ. Журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэр абы триухуауэ щытащ.
   - Уэрэдыр  зи  IэдакъэщIэкI,  Шэджэм  щыщ Уэдыжь  Хъусен  уэрэд  куэд  итхауэ  пхужыIэнукъым, ауэ,  а  мащIэри  ди  гъащIэм  къыхэнащ. Макъамэри псалъэри  апхуэдизкIэ зэпэджэжу,  зэкIуу  тха  хъуащи,  зэ  едэIуэгъуэкIэ зыбгъэнщIыркъым, - жеIэ Аннэ. -  «Май  жыг  хадэ»  уэрэдыр  апхуэдизу  ягу  щIыдыхьар  езы  авторым  и  гъащIэ Iыхьэ  къыхэщу  зэрытхарауэ  къыщIэкIынщ.  АтIэ апхуэдизу цIыхум  ягу  зытхьэкъуа  уэрэдыр  зи IэдакъэщIэкIым  теухуауэ  абы едаIуэхэм сыт ящIэр?
   Уэдыжь  Хъусен  ящыщщ  цIыхубэ  уэрэдусхэм. Зи  сабиигъуэр Хэку  зауэшхуэм хиубыда, гугъуехьым  къыщIэтэджа  щIалэ  цIыкIур  пасэ  дыдэу  дахьэхащ  адыгэ  уэрэдыжьхэм, къафэхэм.  И  анэ ЛатIу  пшынауэ  Iэзэт, и  шыпхъуищми  пшынэр  ягъэбзэрабзэрт. Курыт  еджапIэм  щIэсу  Хъусен  щIидзащ  усэ  зэхилъхьэу,  макъамэ  итхыу. ТхущI  гъэхэм  Шэджэм  район  газетым къытехуащ  Хъусен  и  усэ  зыбжанэ. Гъуазджэм  къыхуигъэщIа  щIалэм  школ  нэужьым  занщIэу  къехъулIакъым фIыуэ  илъагъу Iуэхугъуэм  хуеджэну  - нэхъыжьу  къызыхэна  унагъуэр  зыхуей  хуигъэзэн  хуейт. АрщхьэкIэ Iэмал  гуэрхэр  хуекIуэурэ гъуазджэм  нэхъ  гъунэгъу  зэрызыхуищIыным хущIэкъурт.  Апхуэдэу ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и  къэрал  ансамбль  цIэрыIуэм и  хорым  хыхьащ,  пионерхэм  я  унэм  щылажьэ  уэрэджыIакIуэ  гупми  я  унафэщI  хъуащ. Уэрэд  иусхэр  нотэкIэ  къегугъуэкI  щыхъум, ар Налшык  дэт  Музыкэ  училищэм  щIэтIысхьэжащ, нэхъ  иужьыIуэкIэ  Къэбэрдей-Балъкъэр  къэрал  университетри къиухыжащ.
  Уэдыжь  Хъусен  и  цIэр  игъащIэ  псокIэ  тхыдэм  къыхэзына «Май  жыг  хадэ»  уэрэдыр  дунейм  къызэрытехьам  теухуауэ  и  гукъэкIыжхэр  къытхуеIуатэ  Хъусен  и  щхьэгъусэ  Уэдыжь Ленэ: «ТхущI  гъэхэм  сэри  сыщеджэрт  университетым. Къыздеджэ  Тхьэмокъуэ  Нинэ  си гъусэу зы  махуэ  гуэрым   еджапIэм  сыкъыщIэкIыж  пэтрэ  а  уэрэдыр  зэхызох. АпхуэдизкIэ сигу  ирихьати: «Сыту  уэрэд  дахащэ, ар  зытхар хэту  щытми  Тхьэ  сыдэкIуэнтэмэ», - жысIащ.  Си гъусэ  хъыджэбзыр Шэджэм  щыщу икIи Хъусенхэ  я гъунэгъуу  къыщIэкIащ. СыгушыIэу  жысIар  Хъусен  щызэхихым, къакIуэри  сызригъэцIыхуащ. Апхуэдэу  Тхьэм иухауэ  къыщIэкIынти, зы  дыхъуащ. А  уэрэдыр зэритхам  теухуауэ  сыщеупщIам, и  ныбжьэгъу  щIалэм  хуитхауэ къызжиIащ.  Хэт  хуитхами, уэрэдыр цIэрыIуэ хъуащ, цIыхухэм иджыри яIурылъщ.  Апхуэдэ  уэрэд  купщIафIэ  куэд  нобэ  утыку  къихьэхэм  ягъэзэщIэну  си гуапэщ».

Мы уэрэдыр  япэ  дыдэу зыгъэзэщIар ШэкIыхьэщIэ  Лолэщ.

Май  жыг  хадэу дэ дыкъыздэгъагъэу
Илъэс  куэдкIэ етхьэкIат.
Жэщ  мазэщIэм дыгъэу  схуэблэу,
Сэ  щIалэщIэм  сегуэкIуат.
      
ЛатIиф  хуэдэу  фIыуэ сымылъагъуми,
НэгъуэщI  щIали  сепсэлъащ.
Ар  щIалэщIэм гуауэ  щыхъури,
Гухэлъ  щIыIэкIэ  зихъуэжащ.

 «Уэращ  фIыуэ  слъагъур», - сэ  щыбжесIэм
Махуэ  пшагъуэу  укъызокIуэкI.
«Лъагъуныгъэ  пхузиIэжкъым», -
Уэ  къызжоIэри  уокIуэтэж.
    
 Шэджэм  щIалэр, сэ ар  сфIэщIэщыгъуэщ,
Лъагъуныгъэр  нэху  къысхуещI.
Сэ  фи къуажэм  сыщыдэкIкIэ,
Сигу  укъонэри, плъапIэ  пхуещI.

Лъагъуныгъэр фэеплъ  мыкIуэдыжми,
«ЗэхъуэкIыж» - жаIэу -  сигу  къинащ.
Шэджэмыпсыр  си  фэеплъщи,
Уигу  сыкъэкI  хъумэ,  ухэплъэнщ.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: