ГъащIэм сабиигъуэм къыщыщIедзэ

Махуэ зыбжанэщ дэкIар ди къэралым Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэр зэрыщагъэлъапIэрэ. ГъащIэм нэхъ IэфIу, мынэхъэ нэхъ зиIэу хэт, дэтхэнэ зыми къежьапIэ тхуэхъу анэ куэщIымрэ адэ гулъытэмрэ я деж дегъэгъэзэж мы махуэм. Арагъэнщ абы япэ игъэщыпхъэ нэгъуэщI махуэщI щыIэу ди фIэщ щIэмыхъур. 
Дунейм къытехьа цIыхум гъащIэм и япэ лъэбакъуэр химычэ щIыкIэ зыхещIэ унагъуэм и къарур. Пэжщ, дэтхэнэ зыри адэрэ анэрэ къыщхьэщыту къалъхуркъым. ИтIани, лъагъуныгъэмрэ ар къызыбгъэдэкI цIыху гъунэгъумрэ я уасэр зыхимыщIауэ зыгуэр дунейм тету фIэщщIыгъуейщ. ЦIыхур цIыху зыщIыж гурыщIэ къабзэхэри, абы и псэукIэм лъабжьэрэ гъуазэрэ хуэхъу унэтIыныгъэ щхьэпэхэри къыздехь псэ зыIутыр адрейхэм къахэзыгъэщ лъагъуныгъэм. Унэрысхэр щызэхуэIэфI унагъуэм къыщыдэкIуэтея сабийм и гъэсэныгъэри нэхъ ирикъуауэ, и цIыху хэтыкIэри нэхъ гумащIэу зэрыщытымкIэ псори акъылэгъу къызэрыддэхъунум шэч къытетхьэркъым. 
Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, мыбы щыпсэухэм адэ-анэм, къызэщIэубыдауэ – нэхъыжьхэм хуащI пщIэм деж къыщыщIедзэ унагъуэм и мыхьэнэм. «Дыщэ хэс нэхърэ - жьы зыбгъэдэс», «Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ», «Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ», «Шыпхъум и гур дэлъхумкIэ гъэзащ», «Шыпхъуншэ нэхърэ - шыпхъу нэф» - я кIэм унэплъысынукъым ди анэдэлъхубзэм и закъуэ унагъуэм щытепщэу щытыпхъэ хабзэхэм ятеухуа Iущыгъэу хэтым. «ФIыуэ слъагъум хуэзмыщIэнур сремыIэ» псалъэжьым а зи гугъу тщIа псори къызэщIиубыдэу пхужыIэнущ. 
Унагъуэмрэ лъагъуныгъэмрэ дыщытепсэлъыхькIэ, зэхуэпэжыным и мыхьэнэри къыхэгъэщыпхъэщ. Мыбдежым литературэр нэхъ къытхуэщхьэпэну къыщIэкIынщ. «Зэбгъэсахэм щхьэкIэ, упсэуху жэуаплыныгъэ уохь», - жиIэгъащ франджы тхакIуэ Сент-Экзюпери Антуан. Зэрытлъагъущи, сыт хуэдэ псэукIэ хабзэми егъэдахэ цIыхур унагъуэм къыщыхъун, адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм яхуиIэ пщIэр ихъумэн зэрыхуейр, апщIондэху езым и зыужьыныгъэри здынэсыпхъэм зэрынэсыр къигъэлъагъуэу. 
Нобэрей дунейм зыщуплъыхьмэ, зэманым цIыхур кIуэ пэтми и закъуэ псэуфыным нэхъ зэрытригъэгушхуэр нэрылъагъущ. ТехникэщIэр къожьэ, телефон «губзыгъэхэм» уи унэ щIэсыжу утрагъэу, уи Iыхьлыхэр жыжьэу къанэкIи, ахэр уи унэм щIэмыскIи ягъэ мыкIын хуэдэу къыпщагъэхъу. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм адэ-анэм я уасэри, абы къыдэкIуэу – унагъуэм, ещанэ лъэбакъуэу – Хэкум я уасэр кIэригъэхуу къыпфIегъэщI. Иджырей цIыхур нэхъ гу быдэ зэрыхъуари къызыдэкIуэр ди япэ итахэм я щабагъыр зэрытхуэчэмыр армырауэ пIэрэ?! А гупсысэхэм дыхуэзыша нобэрей махуэшхуэм иджыри зэ дигу къегъэкIыж цIыхугъэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу щыт лъагъуныгъэр адэжь лъапсэм къызэрыщежьэр, гъащIэм дезыгъэзэгъ хьэлыфI псори къытхэзыпщэр анэ куэщIрауэ зэрыщытыр. 
Сабийр дунейм къытехьа нэужь, хъуэхъум я нэхъыфIу адыгэхэм жаIэри зыщыдгъэгъупщэнкъым: «Къэзылъхуам Тхьэм здригъэпIыж». Зы сабии зеиншэ щремыхъу ди республикэми, къэралми, зэрыдунейуи! 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: