УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Шафир Тимур Налшык дэт Печатым и унэм щрикIуэкIащ видеоконференц. Абы хэтащ телевиденэм, газетхэм, журналхэм я редакторхэр, журналистхэр.
Иджырей журналистикэм и Iэмалхэм, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ я къару фIыцIэр къыщызэщIэрыуэ зэманым журналистым и къалэмыр зэригъэIэкIуэлъакIуэнумрэ ар зытетыпхъэ хабзэхэмрэ тепсэлъыхьащ Шафир Тимур. Ар УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарщ, абы и дунейпсо къудамэм и унафэщIщ. Журналист IэщIагъэм иролажьэ илъэс 20 хъуауэ. Иракым, Палестинэм, Сирием, Суданым лэжьыгъэ щрихьэкIащ. 2019 - 2022 гъэхэм журналистхэм я дунейпсо федерацэм и вице-президенту щытащ. Урысей, хамэ къэрал хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядолажьэ. ЩIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ «1 канал», «Россия- 24», нэгъуэщIхэми. «Журналистика и медиарынок», «Военный дипломат» къыдэкIыгъуэхэм я редколлегием хэтщ. МГЛУ-м Коммуникацэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэщ, иджырей журналистикэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд итхащ. Политологиемрэ журналистикэмкIэ дерсхэр, зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрегъэпэщ. «Управление международными организациями», «Практика демократического развития», «Терроризм и контртерроризм - сравнительная теория и практика» IуэхугъуэхэмкIэ IэщIагъэлIщ. 2019 гъэм Урысей Федерацэм и Президентым къыхуигъэфэщащ «ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм заужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм, илъэс куэд хъуауэ щIыхь пылъу лэжьыгъэм зэрыпэрытым папщIэ» щIыхь тхылъыр. 2024 гъэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм «Дзэ Iуэхум епхахэр зэрызэдэлажьэр зэригъэбыдэм папщIэ» медалыр къыхилъхьащ.
УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарыр япэщIыкIэ къытеувыIащ «неофашизм» жыхуаIэжым.
- Журналистыр икъукIэ набдзэгубдзаплъэу щытын хуейщ. «Неофашистский нарратив» хужыпIэ хъуну къежьам и пэжыпIэр зэхигъэкIыфмэ, ар псалъэмакъым къызэрыхицIыхукI Iэмалхэм хуэIэзэмэ, и къалэнхэм пэлъэщынущ. Абы къыгурыIуэн хуейщ губжь зыщIэлъ псалъэмакъымрэ а псалъэмакъым щIагъыбзэ бзаджэ щIэлъу неофашистым къыщигъэсэбэпымрэ зэрызэхагъэщхьэхукI Iэмалхэр. Неофашистыр уэрамым дэткъым къыхуеджэныгъэ бзаджэхэр жиIэу кIийуэ. Абы жиIэркъым Iуэху фIей илэжьыну хуейуэ, зыгуэрым зэран хуэхъуну ехъуапсэу - и гупсысэ мыхъумыщIэхэр егъэпщкIу. Иджырей неофашистым хьилагъэ шынагъуэ хэлъщ, уеблэмэ. Апхуэдэщ тхыдэм зыхуигъазэу, ар зэдзэкIауэ къигъэлъэгъуэну и ужь ихьэфынущ, псалъэм папщIэ. Абы щыгъуэми, щымыIа цIэ-унэцIэ гуэрхэр къигупсысынущ, езыр зытепсэлъыхьыну и ужь ит Iуэху еплъыкIэр абыхэм къагъэлъэгъуауэ щытауэ жиIэу. Е интернет каналыр къигъэсэбэпу хъыбарыпцI гуэрхэмкIэ цIыхухэр игъэжэкъуэну иужь ихьэфынущ, цIыхубэм щабзыщI зы хьэдэгъуэдахэ гуэр къитIэщIауэ игъэIуфынущ. Журналистыр хуитщ псалъэмакъ нэпцIхэр игу иримыхьыну, арэзы темыхъуэну, Iумпэм ищIыну. Ауэ абыкIи зэфIэкIыркъым и къалэныр. БзаджащIэм цIыхухэм яхиутIыпщхьэну зи ужь ит хъыбар нэпцIыр, абы къишэнкIэ хъуну лъагъумыхъуныгъэмрэ зэгурымыIуэныгъэмрэ къэмыгъэхъуным зэрыщхьэпэным хущIэкъун хуейщ. Журналистым къицIыхуфу щытыпхъэщ неофашизмыр. Редакцэр хуэсакъын хуейщ къигъэлъагъуэ еплъыкIэм юридическэ къару щIэлъхьэным. Судым зэхигъэкIыным хунэмыс щIыкIэ «мыращ Iуэхум и пэжыпIэр» жыпIэу букъуэдииныр щыуагъэщ. «ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ» жыпIэу къыхэбгъэщ хъунущ е зи гугъу пщIы псалъэхэр жызыIар къэбгъэлъагъуэ хъунущ, «мыпхуэдэм зэрыжиIэмкIэ» жыпIэу.
Псом хуэмыдэу мыпхуэдэ гупсысэхэр къыщысэбэпынущ лъэпкъ куэд зыщыпсэу, дин зэтемыхуэхэр щызэрахьэ щIыналъэхэм. Зыщыщ лъэпкърэ зэрихьэ динкIэ зэтемыхуэхэм я зэхуакум гуапагъэрэ зэгурыIуэрэ дэлъхьэным хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр хэлIыфIыхьыфынущ, - жиIащ абы.
Тимур адэкIэ къытеувыIащ радикализацэр псом хуэмыдэу медиаутыкум къызэрыщызэщIэрыуэм, абы щхьэусыгъуэ хуэхъум. Къыхигъэщащ радикал-бзаджащIэм а жиIэм щыхьэт техъуэ дэфтэр гуэр зэи къызэримыгъэсэбэпыр. Абы и нэрыгъыр цIыхубэм я гупсысэр гъэутхъуэнырщ.
- БзаджащIэхэм къагъэсэбэпыф медиаутыкум и Iэмалхэр. ЦIыхухэм я гупсысэм «ириджэгунырщ» нэхъыбэу зыхуейри, куэдрэ къайхъулIэу пхужыIэнущ. ЦIыхухэр гъэшынэным, гъэгубжьыным, гущыкI егъэщIыным йолэжь. Властым къигъапцIэу, игъэикIэу, хиутэну хуейуэ абыхэм къащигъэхъуным толажьэ радикалхэр. Мыбдежым бзаджащIэхэм я Iэщэ нэхъыщхьэр зэманрауэ жыпIэ хъунущ. ЗэшэзэпIэу цIыхухэм хаутIыпщхьа хъыбарыпцIым егупсысыну е зэпалъытыну Iэмал ирамытын папщIэ, езыхэм я гупсысэ бзаджэхэр трагъэлъалъэ-трагъэлъалъэри, я фIэщ ящI. А псор цIыхум зэрызыхищIэн хуейуи иратыр дакъикъэ бжыгъэщ. Экстремизм хъыбарыр зэи щIэгъэбыдакъым дэфтэркIэ, абы къыщыхьакъым «пэж» жыхуэтIэм щыщ. Дэфтэр гуэр къагъэлъагъуэ хуэдэу зыщащIым дежи, къыщIэщыжыр «дэфтэр» нэпцIщ, - жиIащ Шафир.
АдэкIэ ар тепсэлъыхьащ «язык дегуманизации» жыхуаIэм. Ари бзаджащIэхэр зыхуекIуэ Iэмал шынагъуэщ. ЦIыхум и гущIэгъур фIэгъэкIуэдыным хуэунэтIащ бзаджащIэхэм я къарур. Iэщэ яIэщIэлъкъым абы щыгъуэм, ауэ Iэщэ папщIэу къагъэсэбэп бзэр.
- Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэ фIыцIэр. Иджы девгъэплъыт: цIыхум ущепсалъэм деж жепIэ хъуным теухуауэ зы гъунапкъэ гуэр щыIэщ. БзаджащIэхэр мис абы йобакъуэри, псалъэкIэ гъунэгъуIуэу бгъэдохьэ цIыхум.
Ди зэманым зызыщытхъумэн хуей шынагъуэхэм теухуауэ журналистхэм гупсэхуу къепсэлъащ Шафир Тимур. КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Жыласэ Заурбэч видеозэIущIэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ, абы редакцэхэм зэрыщытепсэлъыхьынури къыхигъэщащ.