Псалъэ щабэр гущабэщIщТхыдэм уриплъэмэ, Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэм куэдрэ зихъуэжащ. Ар мамыр зэпыту екIуэкIакъым, Тырку-урыс зауэ зыбжани тхылъ напэкIуэцIхэм къыщыбгъуэтынущ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа лIыхъужь зыбжанэ цIэрыIуэ щыхъуащ зи гугъу тщIы зэпэщIэтыныгъэхэм. Щапхъэм и хьэтыркIэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил-бей япэу тхыдэ напэкIуэцIхэм къыщыхэхуэр апхуэдэхэм язщ. Ауэ ди лъэпкъым Тыркум зэи и щIыб хуигъэзакъым, а дзыхьыр къыщамыгъэпэжа къахуихуами. Мэкъуауэгъуэм и 17-м Урысейм щрагъэблэгъащ Тыркум къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и министр Фидан Хакан. «Ди зэхущытыкIэр куэд щIащ узэрыцIыхун къудейм зэрыфIэкIрэ, ахэр зэныбжьэгъугъэм хуэкIуауэ, махуэ къэс нэхъ куу мэхъу, - жиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир, дипломатым щыхуэза зэIущIэм. Эрдоган Тайип фIэхъус гуапэ хурихыжыну икIи ар Урысейм щалъагъуным я нэ къыхуикI зэпыту зэрыщытыр жриIэжыну елъэIуащ. Мэзкуу зэIущIэр иуха нэужь, тырку министрыр Къэзан щыхуэзащ УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей. Тырку каналхэр егъэлеяуэ щыгуфIыкIащ Фидан Урысейм пщIэ къызэрыщыхуащIам. ХьэщIэр фIыуэ зэралъагъум и нэщэнэу, Лавровыр протоколым къытекIри, министрыр щIыхьэпIэм деж щригъэблэгъащ, езым и пэшым щыпэмыплъэу. Фидан и хьэщIэгъуэм и Iыхьэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм язт ар МГИМО университет цIэрыIуэм зэрашар. Зи гугъу тщIы еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор, академик Торкунов Анатолий езым и IэкIэ тырку министрым щитIэгъащ «щIыхь зиIэ доктор» цIэ лъапIэр зезыхьэм и фащэр. ХьэщIэр еджакIуэхэм щаригъэцIыхум, Торкуновыр тепсэлъыхьащ Фидан бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэрихьа IэнатIэхэмрэ. Тыркум и дзэм зэрыхэтам къыдэкIуэу, президентыщIэ хъуну зыхуагъэфащэ щIалэр егъэджакIуэуи лэжьащ, къэхутэныгъэ лэжьыгъи иригъэкIуэкIащ. «Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ министрыр хамэ къэралхэм щIэныгъэ IуэхукIэ епха академикыу зэрыщытыр», - жиIащ Торкуновым. Ректорым къыхигъэщащ МГИМО-м и студент 220-м тыркубзэр зэраджри. Езы министрыр студентхэм я пащхьэм инджылызыбзэкIэ къыщыпсэлъащ. ЦIэ лъапIэ къызэрыхуагъэфэщам папщIэ Торкуновым фIыщIэ хуищIа нэужь, Фидан жиIащ МГИМО цIэрыIуэм и доктору щытыныр пщIэшхуэу къызэрилъытэр. Дипломат 80 къыщIэзыгъэкIа университетым къэрал лэжьакIуэхэр егъэхьэзыр, абы щеджахэм яубзыху Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ я зэхуакум дэлъыну зэхущытыкIэр. Тырку министрым игу къигъэкIыжащ МГИМО-р къэзыуха, 2016 гъэм Тыркум щаукIауэ щыта, Урысейм и полномочнэ лIыкIуэ Карлов Андрей. «Дипломат лэжьыгъэр зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу зэрыщытыр уигу къегъэкIыж абы къызэринэкIа щIэиным, и щапхъэр и ужь къиувэнухэм щхьэпэ яхуохъу», - жиIащ Фидан. Министрыр тепсэлъыхьащ Урысейр лъэныкъуэкIэ езыгъэкIуэтэкIыну хэт Европэм и унафэщIхэм ящIэр зэрымыхъунуми: «Тыркум и еплъыкIэр сыт щыгъуи IупщIщ: Европэм и шынагъуэншагъэр Урысейр хэмыту зэтеувэнукъым. ЗэхущытыкIэ узыншэм и лъабжьэр пIалъэ кIыхькIэ быдэу щытын папщIэ, Урысейм хуэдэ къэрал лъэрызехьэм абы и увыпIэ щиIыгъыжыпхъэщ».
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
06.08.2026 - 11:06 →
ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ
05.08.2026 - 15:57 →
ЕгъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ
05.08.2026 - 11:09 →
Об охоте и о сохранении охотничьих ресурсов и о внесении изменений в отдельные законодательные акты Российской Федерации
28.07.2026 - 16:53 →
Бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ
25.07.2026 - 16:00 →
Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ
| ||




