Хьэршым япэу лъэта цIыхубзХьэрш Илъэси 150-рэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэт и гугъэнт цIыхум бзум хуэдэу зиIэту уэгум къыщызылъэтыхь кхъухьлъатэхэр, ракетэхэр, ЩIы лъагъуэм ит спутникхэр къигупсысу хьэршыр къихьэхуну?! Абы и закъуэ, а Iуэхугъуэ телъыджэр бзылъхугъэм дзыхь хуащIу ягъэлъэтэну! Валетнинэ къызэрыгуэр мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1937 гъэм гъатхэпэм и 6-м къыщалъхуащ. Жьыуэ адэ-анэм ядэIэпыкъуэн щIэзыдза хъыджэбз цIыкIур зэIущакIуэу лажьэурэ, илъэс 17 щрикъум парашют спортым дихьэхащ. 1961 гъэм хьэршым ягъэлъэтэну бзылъхугъэ гуп щагъэхьэзырым, дауи, хагъэхьащ Терешковэр. Ёркинэ Ж. Д., Кузнецовэ Т. Д., Пономарёвэ В. Л., Соловьёвэ И. Б., Терешковэ В. В. сымэ ящыщу цIыхубзитI ягъэлъэтэну траухуат, ауэ 1963 гъэм жаIащ ягъэхьэзыра пщащэхэм ящыщу хьэршым зы закъуэ зэраутIыпщынур. А Iуэхугъуэ мытыншыр цIыхубз Iэпкълъэпкъым хуэшэчынрэ хуэмышэчынрэ къалъытэну хъыджэбзхэр къапщытащ термокамерэкIэ, сурдокамерэкIэ, парашюткIэ. Къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуат Терешковэ Валентинэ узыншагъэ быдэ зэриIэр, хьэршым цIыхум зэрызыкъытригъэхьэлъэр зэрыхуэшэчынур. Арати, Терешковэр хьэршым лъэтауэ щытащ. Валентинэ ЩIым и лъагъуэм итащ сыхьэт 70-рэ дакъикъэ 50-кIэ. А зэманым къриубыдэу Терешковэр ЩIым и хъуреягъым 48-рэ къекIуэкIащ, километр 1,971,000-рэ зэпичащ. Езы Терешковэм зэрыжиIэжамкIэ, хьэршым зэритыр хуабжьу къехьэлъэкIырт, ауэ абы щхьэкIэ къигъэнакъым илъагъу псори журналым иритхэн, хьэршым сурэт трихын. Апхуэдиз къару тригъэкIуадэу бзылъхугъэм уэм къриха сурэтхэрщ атмосферэм и зэхэлъыкIэр къэзыхутари. Абы иужькIэ хьэршым бзылъхугъэ илъэгъуакъым илъэс 19-кIэ… Терешковэм къилъыкъуэкIа хахуагъэм лъэщIыхьэн дуней псом зы бзылъхугъи щагъуэтакъым! Терешковэ Валентинэ теухуауэ пэжхэр:
Къэралым апхуэдиз щIыхь къыхуэзылэжьа бзылъхугъэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ хуищIащ СССР-ми УФ-ми. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
18.07.2026 - 09:58 →
Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




