Узыр къызэрацIыху щытыкIэхэр

Ростов къалэм лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэу дэт IуэхущIапIэм и дохутырхэм къраIуащ цIыхубзым и бгъэр лышхым зэриубыдам и нэщэнэ 11.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар иджырей зэманым цIыхушху куэдым къефыкI уз гущIэгъуншэщ. Ростов къалэм дэт онкоцентрым и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ар къоуэлIагъащIэу къыпхуэщIэнущ мы щытыкIэхэмкIэ:

  1. Бгъэм шыкъыр хищIауэ къыпIэрыхьэмэ;
  2. ЦIыхубзыр фагъуэ хъуамэ;
  3.  Бгъэр нэхъ ин хъуамэ;
  4. Бгъэм къытридзэ лъынтхуэхэр бэгауэ фэ тетмэ;
  5. Бгъэм IэпапIэ-IэпапIэурэ кIуэцIрыщэта иIэмэ;
  6. ЩIыфэр къищэщрей хъуамэ;
  7. Быдзыпэр ипщхьамэ;
  8. Лимоныфэм хуэдэу бгъэм и фэр зэхуэлъэфэсамэ;
  9. Быдзыпэм уэтэпс къыпыткIумэ;
  10.  БгъитIыр зэхуэмыдэ хъуамэ;
  11.  БлэгущIэм щIэлъ лимфоузелхэр бэгамэ.

Мыбыхэм языхэз дагъуэ зыхуэфщIыжмэ, Iэмал имыIэу гинеколог е онколог зэвгъэплъын хуейщ!

Онкоцентрым и щIэныгъэлIхэм къытрагъэзэжурэ бзылъхугъэхэм дигу къагъэкIыж зэпымычу бгъэм кIэлъыплъын, къэплъыхьын, къэпщытэн зэрыхуейр: шыкъыр хэлърэ хэмылърэ къэтщIэн папщIэ, мазэм зэ къыдоIэбэрэбыхь, илъэсым зэ дохутыр зыкIэлъыдогъэплъ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зыужьын щIэзыдзагъащIэ лышхыр къыпхуэхутэнущ, икIэщIыпIэкIэ яужь уихьэми, а уз шынагъуэр яхуэгъэхъужынущ.

- Бгъэ лышхыр и чэзум къэпхутэн папщIэ, зэпымычу узыкIэлъыплъыжын хуейщ. Абы къищынэмыщIауэ, илъэс къэс дохутыр зэбгъэплъмэ нэхъыфIыжщ. Апхуэдэу, маммолог, гинеколог, онколог дохутырхэр зыкIэлъагъэплъэну чэнджэщ естынут бзылъхугъэхэм. Лышхыр ныбжьым елъытакъым. Ар къеуэлIэнкIэ хъунущ илъэс 18 фIэкIа мыхъуа пщащэми, илъэс 40-м итми, 60-м щхьэпрыкIыжами. УЗИ-рэ маммографиерэ илъэсым зэ, псом хуэмыдэу зи ныбжьыр илъэс 40-м щIигъуахэм яхуэзгъэлъэгъуэнут, - жеIэ Ростов къалэм дэт центрым и лэжьакIуэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Шатовэ Юлианэ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: