КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ ОВД-м и ветеранхэмрэ хэтащ Дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я ветеранхэм я махуэм теухуауэ екIуэкIа Iуэхухэм.
ЯпэщIыкIэ, абы хэтахэр хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымри, «Фэеплъым и МафIэ мыужьых» мемориалым, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм, зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъхэм деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
Iуэхухэм пащэу ЩIалэгъуалэм я унэм щызэхэтащ дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я ветеранхэм я форумыр, «Къуэшыр къуэшым къыщхьэщыжу» зыфIащар.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэхуэс егъэкIуэкIыныр илъэсым и пэщIэдзэм ветеранхэм щахуэзам къызэрыхалъхьар.
Зы пэшышхуэм щызэхуэсат, я зауэ гъуэгуанэхэр илъэсипщIэкIэрэ зэщхьэщыкIми, Хэкум къулыкъу хуэщIэным зэкъуигъэувэ цIыхухэр. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр, хабзэхэм яхуэпэжыныр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу афган зауэм пхыкIахэм нобэ IэщIалъхьэ щIалэгъуалэм. Фронтым Iутахэр жыджэру хэтщ хэкупсэ гъэсэныгъэм, я зэфIэкIымкIэ нобэ ди Хэкур зыхъумэ щIэблэщIэ ядэгуашэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зауэ Iуэхухэм хэтахэм лIыгъэм и щапхъэ зэкъым къызэрагъэлъэгъуар.
Илъэс тIощIым щIигъу ипэкIэ, 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м, IэщIэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэр Налшык къыщытеуам къэхъуа гуауэм тепсэлъыхьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, милицэм и полковникыу къулыкъум къыхэкIыжа Пыхъ МуIэед.
АдэкIэ къызэхуэсахэр щыIащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм къызэригъэпэща сурэт гъэлъэгъуэныгъэм. Абы утыку къыщрахьат блэкIа зауэхэм хэтахэм, нобэ къэралыр зыхъумэхэм я сурэтхэр.