Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис деж щыIэ Эксперт советым и зи чэзу зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.
Зэхыхьэм Iуэхугъуэ зыбжанэм щытепсэлъыхьащ. Абыхэм ящыщщ цIыхухэм хэхыныгъэ и лъэныкъуэкIэ я хуитыныгъэхэр хъума, я фIэфIыныгъэкIэ къагъэсэбэпа зэрыхъуным теухуар, езы IэнатIэм 2026 гъэм и япэ мазихым къриубыдэу иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр зыхуэдэр, лъэхъуэщхэм исахэр жылагъуэ гъащIэм къыщыхыхьэжкIэ зыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэранэкIа зэрыхъуным хуэгъэзар, дзэм хэтхэм защIэгъэкъуэным ехьэлIар.
КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэм деж щыIэ Эксперт советыр мы зэманым иужь йохьэ 2026 гъэм и фокIадэм ирагъэкIуэкIыну хэхыныгъэхэм зыхуэгъэхьэзырыным. КъызэгъэпэщакIуэхэр иригъуэзэнущ омбудсменхэм я зэIущIэу УФ-м и къалащхьэм щекIуэкIам зыщытепсэлъыхьахэмрэ абдежым къыщащта унафэхэмрэ.
Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, мазэ блэкIам и 17-м ди къэралым и щыхьэрым, УФ-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэ Лантратовэ Янэ и нэIэ щIэту, УФ-м ХэхыныгъэхэмкIэ и центральнэ комиссэм и унафэщI Памфиловэ Эллэ яхэту, щызэхаша зэхуэсым щытепсэлъыхьащ хэхыныгъэхэм екIуалIэхэм е я унэм щIэсу хэтыну зезыгъэтххэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зыхуэдэмрэ а унэтIыныгъэм ехьэлIауэ гу нэхъ зылъытапхъэхэмрэ.
Хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым щыкIэлъыплъкIи, КъБР-м и Эксперт советым гъуазэ нэхъыщхьэу иIэнур, къызэрыхэдгъэщащи, ищхьэкIэ щыIэ федеральнэ IэнатIэу зи жыIэ тетым къыщащта унафэхэрщ.
Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм ехьэлIауэ къыщыпсалъэм, Зумакулов Борис къыхигъэщащ:
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, къызэднэкIа илъэс пщIы бжыгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ди республикэр хэхыныгъэхэр къызыхуэтыншэу щегъэкIуэкIынымкIэ къэрал псом къыщыхэжаныкIахэм ящыщщ, а бгъэдыхьэкIэм дяпэкIи дызэрытетынымкIи ар шэсыпIэщ. Къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжхэм хыдобжэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къытхуигъэлъэгъуа Iуэху зехьэкIэм дригъуазэкIэрэ хэхыныгъэхэм цIыху къэс езым нэхъ зытригъащIэр къыщигъэлъэгъуэным хуэгъэзауэ тыншыгъуи, хуитыныгъи, хуей хъумэ шынагъуэншагъи къыхузэдгъэпэщынымкIэ тлэкI къэдгъанэ зэрымыхъунур, - къыхигъэщащ щIыналъэм и омбудсменым.
Зумакуловым и псалъэм къыпащащ КъБР-м ХэхыныгъэхэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Джаппуев Мусарэ «КъБР-м и муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я совет» жыхуаIэм деж щыIэ гъэзэщIакIуэ гупым и унафэщI Маслов Николайрэ.
Эксперт советым иджырей и зэхыхьэм япэ Iуэхугъуэм ехьэлIауэ къыщащта унафэм къызэрыщыгъэлъагъуэмкIэ, хэхыныгъэхэр хабзэм тету зэрекIуэкIым кIэлъыплъынухэм ящыщу КъБР-м и Уполномоченнэм деж къыщызэрагъэпэщыну гуп щхьэхуэм хэтынухэм, цIыхухэм я упщIэхэм жэуап иратыж къудей мыхъуу, щIыпIэ-щIыпIэкIэри къыщакIухьынущ.
ЗэIущIэм щыжаIам тетщIыхьмэ, КъБР-м и Правительствэм щыщхэм, ХэхыныгъэхэмкIэ комиссэхэм хэтхэм, республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ хуитыныгъэхэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм зэдыщIаплъыкIынущ а махуэм Iуэхур щекIуэкIыну унэхэмрэ пэш щхьэхуэхэмрэ хэхакIуэхэм ящыщу зи Iэпкълъэпкъ къызыдэмыбзхэр хуиту икIи лъэпощхьэпоуншэу екIуалIэ зэрыхъуну щIыкIэр зыхуэдэр…