Усэ къеджэну зыфIэфIхэм я пшыхь

Бахъсанёнкэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм хэт библиотекэм Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ усэ пшыхь къыщызэригъэпэщащ КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ.

Абы къыщыпсэлъащ Бахъсэн районым щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Щомахуэ Каринэ икIи Бахъсэн районым и администрацэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр яритыжащ Шэшэн Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Тугузов Аслъэнбэч, тхакIуэ Къудей Фаридэ, «Солнышко» журналым и лэжьакIуэ, усакIуэ Мазуренкэ Маринэ, Тамбовскэ къуажэм и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Мэш Ларисэ сымэ.

Пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр яритащ Шэшэным и цIыхубэ усакIуэ Тугузов Аслъэнбэч, хормейстер, макъамэмкIэ егъэджакIуэ Быхъурэ Светланэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Зеущэ Ауес, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Гузиевэ Джанет, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Бейтыгъуэн Жамболэт, Тамбовскэ къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ  Щомахуэ Дусэ, «Кавказ» макъамэ ансамблым.

- Бахъсанёнкэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм дыкъыщыкIуэм деж сыт щыгъуи дощIэ гуапагъэ зыхэлъ Iуэхугъуэ абы къызэрыщытпэплъэр. Ноби аращ. Сыту фIы усыгъэм дызэрызэхуишэсар, абы ди псэр зэригъэпIейтейр, фIыуэ тлъагъу сатырхэм дазэрытепсэлъыхьыр! – жиIащ абы.

Тугузов Аслъэнбэч жиIащ зэIущIэм и гуапэу зэрыхэтыр, литературэ пшыхьхэм цIыхухэр зэхуэгуапэ зэращIым зэрыщыгуфIыкIыр, мы Iуэхури абы щыхьэт зэрытехъуэр. ХьэщIэм къыхигъэщащ ди республикэм езым и IэдакъэщIэкIхэр зэрыщызэрадзэкIыр фIыщIэ зэрищIыр.

Шэшэн Республикэм и Парламентым и депутат Талхидов Юсуп зи лIыкIуэ IуэхущIапIэм и унафэщIым къыбгъэдэкI фIыщIэ письмо иритащ усэ пшыхьым и къызэгъэпэщакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ. Талхидов Юсуп жиIащ Кавказым ис лъэпкъхэм я хабзэ-нэмысыр, я щэнхабзэр зыкъомкIэ зэрызэщхьыр – лIыгъэр, напэр, нэмысыр псом япэ зэрырагъэщыр.

Мазуренкэ Маринэ жиIащ къуажэхэм щекIуэкI зэIущIэхэр псом хуэмыдэу и гум зэрыдыхьэр.

- Уи гур къигуфIыкIыу, дахэ гуэрым упэплъэрэ упIейтейуэ гъуэгу къызэпыбоч, къуажэхэм усэ пшыхь е щэнхабзэм теухуа нэгъуэщI Iуэхугъуэ ущрагъэблагъэм деж. Моуэ «дэр-дэру» жыхуаIэм хуэдэу йокIуэкI нобэрей пшыхьри. СфIэфIщ сызэрыхэтыр, фи псалъэхэм сызэредаIуэр, цIыху гуапэхэм сазэрыIущIар, – жиIащ абы. Маринэ къеджащ езым и усэхэм щыщ.

Къущхьэ Зауррэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэрэ зэдатха «Зэманым сIиха» романсыр игъэзэщIащ Къущхьэ Заур. Бахъсанёнкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и художественнэ унафэщI Щхьэгъум Борис жиIащ макъамэмрэ псалъэ гуапэмрэ щызэщIэжьыуэ пшыхьхэм зыщыбгъэпсэхунуи ущыгупсысэнуи Iэмал къузэратыр. Ар къеблэгъахэм уэрэдкIэ яхуэупсащ. Зеущэ Ауес къеджащ урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ икIи къыхигъэщащ Кавказым хуэусахэм ар псом нэхъыфIу зэрахилъагъукIыр. «А я доверила тебе» уэрэдыр жиIащ Къунаш Марианнэ. Гузеевэ Джанет адыгэбзэкIи къэзахъыбзэкIи уэрэд жиIащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

Поделиться:

Читать также: