СыцIыхуфIарэт жыпIэмэ

«УфIыну нэхъ тыншщ, уIеин нэхърэ», - жаIэ адыгэхэм. Американ психолог Шостром Эверетт и гупсысэри абы пэжыжьащэу пхужыIэнукъым. Ауэ ар къызэрыбгурыIуэ къудейм уи хьэлыр ихъуэжыркъым: узэлэжьыжын хуейщ, цIыхухэм уи зэран емыкIын хуэдэу. 
   «Хэт гугъу нэхъ уезыгъэхьыр?» - жаIэу иджыпсту зыгуэр къыдэупщIмэ, дэтхэнэ зыми ди цIыхугъэ, благъэ, лэжьэгъу, гъунэгъу ирехъу, дызыдэмытынш щхьэхуэфI гуэр ди нэгум къыщIэувэнущ. Къыдалъхуа фIым зригъэужьыну Iэмал зэзымытыжыф, ауэ щыхъукIэ, ар къызэхъулIэхэр «дунейм тезыхуж» цIыхухэм иджырей психологие щIэныгъэр «манипулятор»-кIэ йоджэ. Мы гъэм илъэси 105-рэ ирикъунущ дызытепсэлъыхь хьэлым и зы Iыхьэ дэтхэнэ зыми зэрытхэлъымрэ ар зэрыпхъуэжыну Iэмалхэмрэ япэу тепсэлъыхьа американ психолог Шостром Эверетт. «Человек-манипулятор» зыфIища Шостром и тхылъыр Iэрытхыу кърахьэкIыу щытащ, яхузэрымыгъэгъуэту. Уеблэмэ 2008 гъэм урысыбзэкIэ къыдэкIари зэдзэкIыгъэ нэгъэсауэ къалъытэркъым, апхуэдизкIэ цIыхубэр зыхуэныкъуэ Iуэхущ щIэныгъэлIыр япэу зытепсэлъыхьари. 
  Шостром зэрыжиIэмкIэ, мащIэ-куэдми, дэтхэнэ зыми тхэлъщ адрейхэр зэхэзехуэн дэзыгъэщI хьэлыншагъэ тIэкIу. Ауэ щхьэж зы лIэужьыгъуэ гуэрым нэхъ тыдогъащIэ. Мыхьэнэм зебгъэубгъумэ, езыр зыхуейр кIуэцIрызыгъэкI зэпытырщ манипулятору къэплъытэнур. Зыми фIэмылIыкIыу, е уеблэмэ, я гуапэ зэрымыхъунур ищIэу, езым и еплъыкIэмрэ нэхъ къищтэмрэ япэ изыгъэщ, зыхуейр адрейхэм къапызых цIыху псори апхуэдэщ. Шостром зэреплъымкIэ, апхуэдэ зэхэтыкIэр жылагъуэм хьэл хуэзыщIар цIыхур ахъшэ къызыпыкIыпхъэ хьэпшыпу зыгъэува, щэн-щэхуэныр хабзэ нэхъыщхьэу зыукъуэдия бэзэр зэхэтыкIэрщ. 
   Дауи, шэч хэмылъу, Iуэхур зыхуей хуэзэн папщIэ, абы нэхъыфIу хэзыщIыкIым и унафэр япэ игъэщыпхъэщ. Психологыр зытепсэлъыхьыр нэгъуэщIщ. Езыр-езыру зи гъуэгур зылъэхъэж, къыдалъхуа кууагъымрэ дахагъымрэ зыIэщIэкIуэдэж цIыху зэрызумыгъэхъунырщ Шостром гу зылъыуигъэтэну зыхуейр. Мы хьэл мыгъуэм щыщу пхэлъыр зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу зыгурыбгъаIуэу, абы къыпэщIэт «зызыузэщI» лIэужьыгъуэм узэрыхуэкIуэным ухущIэкъун хуейщ. УрысыбзэкIэ «актуализатор» псалъэм кърагъэзэгъа иужьрей хьэлыфIым япэу и гугъу ищIын щIэзыдзар Шостром и егъэджакIуэ, «гуманитар психологие» унэтIыныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Маслоу Абрахамщ. ЗиузэщIыным нэхъ тезыгъащIэ цIыхур, япэрауэ, адрейхэм нэхъ гушхуауэ ябгъэдэтщ, гъащIэм дзыхь зэрыхуищIым къыхэкIыу. Ар зэлIалIэр езым хуэдэхэм фIы защIэкIэ зэрадекIуэкIынырщ, ахэр хьэпшыпу къилъытэу, къапыкIыныр къаIэщIигъэкIыу аракъым. 
  Шостром зэреплъымкIэ, манипуляторкIэ узэджапхъэр къобгъэрыкIуэ зэпыту къыббгъэдэтхэм я закъуэкъым. НэгъуэщIым и пIэ имыувэф, иувэнуи хуэмей, зыми фIэмылIыкI псори хеубыдэ мы лIэужьыгъуэм, ар зи макъыр дэзышей унафэщI, е къарууншафэ зытригъауэурэ, езыр зыхуейм щхьэхуимыту уезыхулIэ «щэху бзаджэ», е «зигъэщIалэжьу» и пщIэ хэIэтыкIам ухуэзыгъэпщылI щхьэхуэфI ирехъу. «Дэ къыдгуроIуэ манипуляторым фIыуэ зэрызимылъагъужыфри, къыдалъхуа зэфIэкIыр насыпыфIэу зыкъилъытэжыным зэрыхуимыгъэлэжьэфри, - етх Шостром. - Абы псэуныгъэм хищIыхьыфыр зы закъуэщ: адрейхэм якIэлъыплъыныр. Уегупсысмэ, апхуэдэу уэри, сэри – псори дыщытщ. Иджырей цIыхум нэхъ къыбгурымыIуэ дыдэу хэлъри ар зыIэщIэмыкIыф бэлыхьри сыт жыпIэмэ, хузэфIэмыкI щымыIэу, дунейр зэрызэхэлъ щIыкIэм апхуэдиз хищIыкIрэ пэт, ар езыр и щхьэм сэбэп зэрыхуэхъужыфыну Iэмалхэм яхуэкъаплъэнэфу къонэ». 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: