Зыуэ щыта апхуэдэ къэралпсо къыхуеджэныгъэм щIэту нобэ дэнэкIи щагъэлъапIэ Урысей щIалэгъуалэм я махуэр. Зэраубзыхуам тету, щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэралым и IуэхущIапIэ пэрытхэм утыкушхуэхэм ирахьэнущ щIэблэм адэкIи заужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къыщыгъэлъэгъуа пэхуэщIэхэмрэ программэхэмрэ. Апхуэдэу дэнэкIи къыщызэрагъэпэщынущ щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, технологие, щэнхабзэ, творчествэ, хьэрычэт IэнатIэхэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэщIэхэр хэIущIыIу щащI фестивалхэр, пшыхьхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр. Къэралым и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу ягъэува мы гъэм а псори хуэунэтIащ къэкIуэнур зей зи щIалэгъуэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым, гупсысэм, дуней еплъыкIэм нэхъри зегъэужьыным, зегъэшэщIыным.
Ди къэралым и тхыдэм укIуэцIрыплъмэ, наIуэ мэхъу абы щIалэгъуалэм дапщэщи гулъытэ хэха щагъуэту къызэрыщекIуэкIыр. Нобэ дгъэлъапIэ ЩIалэгъуалэм я махуэщIыр къызэрежьам уриплъэжмэ, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр хыболъагъуэ. Совет къэралыгъуэр къыщыунэхуагъащIэ илъэсхэм къыщыщIэдзауэ Хэку зауэшхуэр иухыху, ар ягъэлъапIэу щытащ шыщхьэуIум и иужьрей тхьэмахуэ махуэм, «НыбжьыщIэхэм я дунейпсо махуэ» фIэщыгъэр иIэу. А махуэщIым ирихьэлIэу зи щIалэгъуэхэр хущIэкъурт зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьэну, гуащIэдэкI лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIыну. Абы и щапхъэ цIэрыIуэхэм ящыщщ шахтёр щIалэщIэ Стаханов Алексей 1935 гъэм НыбжьыщIэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу фIамыщI къыщIэхынымкIэ игъэувауэ щыта рекордыр. А къэхъукъащIэ хьэлэмэтым и тхыдэ нэщэнэу бзэм къыхыхьауэ щытащ «стахановец» псалъэри.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм щIалэгъуалэм я махуэр щаIэт махуэгъэпсым зэхъуэкIыныгъэхэр щигъуэтурэ къекIуэкIащ. 2023 гъэм и накъыгъэм УФ-м и Президентым къыдигъэкIа къэрал унафэм ипкъ иткIэ, махуэшхуэр гъэлъэпIэныр траухуащ мэкъуауэгъуэм и иужьрей щэбэтым. Мы гъэм илъэс ещанэ мэхъури, абы дытету догъэлъапIэ Урысей щIалэгъуалэм я махуэр.
Сыт хуэдэ зэмани ди къэралым гулъытэшхуэ яхуещI щIалэгъуалэм, ар иригъэкIуэкI политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм хилъытэу. НэгъуэщIуи хъунукъым, сыту жыпIэмэ жылагъуэм щыщу щIалэгъуалэр къаруушхуэрэ жыджэрагърэ зыхэлъ Iыхьэшхуэщи, жэрдэмыщIэхэмрэ Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ я къигъэхъуапIэщи, зыужьыныгъэм и джэлэс нэхъыщхьэхэм ящыщщи. КъызэрыгуэкI ныбжьыщIэу къытщыхъум нобэ бгъэдэтлъхьэ гъэсэныгъэмрэ едгъэгъуэт щIэныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ ди къэралым и къэкIуэнур зыхуэдэнур.
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм игъэува дунейпсо мардэхэм ятепщIыхьмэ, зи щIалэгъуэхэм хабжэ зи ныбжьыр илъэс 24-м нэмысахэр. Ди къэралым апхуэдэхэм халъытэ илъэс 14 - 35-м итхэр. Абыхэм папщIэ къэрал программэ хэхахэр, лъэпкъ проектхэр мэлажьэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэр, социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр къызэрагъэпэщ.
Зи щIалэгъуэхэм я жыджэрагъым, зэхэщIыкIым, гупсысэм нэхъри зегъэужьыным хуэгъэпса лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ди республикэми. ЩIыналъэ, щIыпIэ администрацэхэм хэхауэ щолэжь а Iуэхугъуэхэм. Илъэси 4 ипэкIэ ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ щхьэхуэ (министрыр Лу Азэмэтщ). Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щынэхъ инхэм халъытэу, Налшык ЩIалэгъуалэм я унэ къыщызэIуахащ. «Зи щIалэгъуэхэм я щIыналъэ» федеральнэ проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ къызэрагъэпэща IуэхущIапIэм нобэ щолажьэ творческэ мастерской зэмылIэужьыгъуэхэр, тхыдэ, хэкупсэ клубхэр, зэпсэлъапIэрэ зэIущIапIэуи куэд иIэщ. Ди республикэм зи щIалэгъуэу исхэм папщIэ зи бжэхэр хуиту зэIуха а жылагъуэ фондым йокIуалIэ зи еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ къэзыгъэнэIуэну хуейхэр, зи проектхэмрэ нэгъуэщI творческэ лэжьыгъэхэмрэ утыкухэм изыхьэу пхызыгъэкIыну хущIэкъухэр. Шэч хэмылъу, а псори хуэгъэпсащ гупсысэ узыншэ зиIэ щIалэгъуалэм гъуэгу етыным, ди щIыналъэм, къэралым зыужьыныгъэрэ зэпэщыныгъэрэ яIэным.
ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, Урысей щIалэгъуалэм я махуэр гъэлъэпIэным мы гъэм жыджэру хэтщ къэралым и щIыналъэ псори, ар Iэтыным дэтхэнэми и Iыхьэ хилъхьэу. Ди республикэр къапщтэмэ, «ХъуэпсапIэ. Гушхуэныгъэ. Зэкъуэтыныгъэ» урысейпсо махуэшхуэ къыхуеджэныгъэм щIэту, Налшыки щIыналъэм хиубыдэ адрей къалэшхуэхэми нобэ къыщызэрагъэпэщ а унэтIыныгъэхэм хуэкIуэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр, мастер-класс гъэщIэгъуэнхэр.
Къэралпсо къыхуеджэныгъэм хэт дэтхэнэ псалъэми хуэщIа утыку хэхахэм лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIах. Зи щIалэгъуэхэр зэхуэсхэм хэтхэм ядэгуэшэнущ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ, езыхэми щIэ куэд къащIэнущ. КъинэмыщIауэ, СВО-м и ветеранхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэхуэзэ пшыхь купщIафIэхэр къыщызэрагъэпэщынущ щIыналъэхэм, щэнхабзэ зэIущIэхэр щекIуэкIынущ.
Хьэлэмэту яубзыхуащ «Адэ-анэм яхуэгъэза фIыщIэ псалъэ» фIэщыгъэр зиIэ Iыхьэри. Абы къриубыдэу фIыщIэ хуащIынущ щIэблэфI зыгъэса адэ-анэхэм, лъэужьыфIэ хъуа унэтIакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, IэщIагъэлIхэм. ФIы куэдым я къежьапIэр нэхъыжьхэрауэ зэрыщытым зи щIалэгъуэхэр ирегъэгупсыс а Iуэхугъуэм.
ИпэжыпIэкIэ, ди къэралышхуэм къитаджэ щIэблэхэр, лъэпкъхэр, щIыналъэхэр зэкъуэзыгъэувэщ нобэ, мэкъуауэгъуэм и 27-м, ди къэралым щыдгъэлъапIэ махуэщIыр. Зи щIалэгъуэхэм ябгъэдэлъ гупсысэхэр фIым, зыужьыныгъэм, лъэпкъхэм игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным хуэгъэпсауэ щытыным адэкIи щыпащэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрми зэрыщыту Урысей Федерацэми. Къэрал унафэщIхэм, дэ, нэхъыжьхэм, ди къалэнщ къытщIэхъуэ щIэблэм, щIалэгъуалэм я гупсысэмрэ Iуэху зехьэкIэмрэ зезыгъэузэщI, фIымрэ пэжымрэ къыхуезыджэ гъуазэхэр наIуэ ящытщIыну, щапхъэу едгъэлъагъуну. Ахэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр хьэкъщ.
Нобэрей махуэшхуэр зыхуэгъэпса, къэкIуэнур зей, зи дуней тетыгъуэ щIалэгъуалэр, ныбжьыщIэхэр фыкъыхудоджэ щIэх дыдэу блэлъэтыну щIалэгъуэ илъэсхэр зэрыхъукIэ купщIафIэу, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIауэ ефхьэкIыну. Иджыпсту фызэрыт зэманыр Iэмалищэхэмрэ хэкIыпIэ куэдрэ къыфхузэIузыхщи, фи зэфIэкIым, акъылым, щIэныгъэм, къарум зэрыхэвгъэхъуэным фыхущIэкъу. Гушхуэныгъэ фхэлъу зыхуэвгъэувыж къалэнышхуэхэр, ахэр зэрывгъэзэщIэнми ерыщу яужь фит. А псомкIи нобэ зыIэрывгъэхьэ ехъулIэныгъэхэращ пщэдейрей гъащIэм шэсыпIэ щыфхуэхъунур. Ерыщагъ фхэлъу, къикIуэт фымыщIэу фыхуэкIуэ фи мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ. «Хьет!» жевгъэIэ!